Зытелэжьэнум
Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид лэжьыгъэ IуэхукIэ IущIащ УФ-м и Къэрал Думэм КъЧР-м къыбгъэдэкIыу хэт депутат Узденов Солтан. Депутатым и гугъу ищIащ ди хэгъуэгум щыпсэухэм зэраIущIам, абдеж къыщаIэта упщIэхэр и нэIэм зэрыщIигъэувам икIи, республикэм и Правительствэмрэ муниципальнэ къэхъугъэхэм я унафэщIхэмрэ щIыгъуу, ахэр зэфIэхыным зэрелэжьынум. ЛъэныкъуитIыр нэхъыщхьэу зытепсэлъыхьахэм ящыщщ лъэпкъ проектыщIэхэмрэ федеральнэ программэхэмрэ гъэзэщIэным, хэгъуэгум и…