Жьакуэ щегъэжьауэ Берлин нэс
1921 гъэм Жьакуэ къуажэм къыщыхъуащ зауэмрэ гуащIэдэкIымрэ я ветеран МЭШЭЖЬ Мусэ Даут и къуэр. Зыщыпсэу жылагъуэм пщIэшхуэ щызиIа нэхъыжьыфIыр дунейм зэрехыжрэ илъэс 25-рэ текIыжащ. БлэкIа жыжьэм къыхэнащ зауэлIым епха гукъэкIыжхэр, езым жиIэжу щыта хъыбархэр… Ахэр хуэсакъыпэу яхъумэ Мусэ къыщIэна и бынхэм. Абыхэм ящыщ, ди псэлъэгъу хъуа, Сэхьидрэ Анзэлетэрэ (Къуршэхэ я нысэщ) я адэм къикIуа зауэ…