Ахъшэри тхыдэм и щыхьэтщ

Черкесск къалэм дэт Сурэт галереем «История Победы» гъэлъэгъуэныгъэр утыку кърахьащ. Сурэтгъэлъэгъуэныгъэр къызэгъэпэщыныр Урысейм и Банкым и жэрдэмщ, ТекIуэныгъэ Иныр гъэлъэпIэным хуищI хэлъхьэныгъэщ. Галереем и хьэщIэхэм мы Iуэхугъуэм ипкъ иту Iэмал яIащ Хэку зауэшхуэм и къэхъукъащIэ купщIафIэхэм, лIыхъужьхэм ятеухуауэ къыдагъэкIа фэеплъ гъущI ахъшэхэм щыгъуазэ зыхуащIыныр. Апхуэдэу, зауэм лIыхъужьыгъэ щызезыхьахэмрэ ТекIуэныгъэр къэзылъэща совет цIыхухэмрэ яшэча куэд гъущI…

Читать далее

Зэщхьэгъусэхэр — Хэку зауэшхуэм

Илъэс куэд щIауэ Хэку зауэшхуэм хэта ди хэкуэгъухэм я гъащIэм щыщ Iыхьэхэм нэIуасэ захудощI. ЛIыгъэкIэ гъэнщIауэ щытащ абыхэм я зауэ гъуэгуанэр. КIэи-пэи зимыIэт а илъэс бжыгъэхэр. Къапщтэмэ, ипэм щыщIэдзауэ Совет Союзым къытепсыха гущIэгъуншэ зауэм хэта псори лIыхъужьт. Сыту жыпIэмэ, цIыхум нэхъ лъапIэу иIэр и гъащIэрати, ари и къэралым щхьэузыхь хуищIт. Тхьэм ирещIи, ди хэгъуэгум щыщу…

Читать далее

Ди щхьэхэр яхуэдывгъэгъэщхъ

КъЧР-м цIыхухэм социальнэ хуэIухуэщIэхэр ягъэгъуэтынымкIэ республикэ Купсэм Iуэхугъуэ куэд дыдэ иригъэкIуэкIащ дызыхуэкIуэ, ТекIуэныгъэ Иным и Махуэм и щIыхькIэ. Абыхэм пищэкIэрэ, накъыгъэм и 5-м иджыри зы зэхишащ. Купсэм и нэIэм щIэтхэр хуабжьу хуэжыджэру пыкъуэкIащ мы Iуэхум икIи гъуазджэмкIэ, щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ Иванченкохэ Алексейрэ Людмилэрэ я нэIэм щIэту зыкъэгъэлъэгъуэныгъэ гъуэзэджэ ягъэхьэзырри утыку кърахьащ. Уэрэдхэр, усэхэр, къафэхэр —…

Читать далее

ГъащIэ псокIэ зыпэплъа

И адэ красноармейцыр, лейтенант ТЕМЫРДАЩ Абдулыхь  Хэку зауэшхуэм зэрыхэкIуадэрэ илъэс 82-рэ текIыжауэ, абы иужьрей увыIэпIэ хуэхъуа къуэшыкхъэм, Краснодар крайм и Крымск районым хыхьэ Киевскэ жылагъуэм щыIэм, хьэгъундыкъуейдэс Темырдащ Мухьэмэд кIуащ… ЖыпIэнурамэ, ныбжьыфIым нэса нэхъыжьыфIым и закъуэкъым а къуэшыкхъэм екIуэлIар. Мухьэмэд щIыгъуащ и щIалитIыр: Зауррэ Зурабрэ, абыхэм я ныбжьэгъухэр, ди газетым и лэжьакIуэр. Иужьрейхэр а зекIуэм…

Читать далее

Лъэужь дахэкIэ къыхэнащ

ТекIуэныгъэшхуэм и Илъэс 80-м хуэкIуэу газетым тхыгъэ гъэщIэгъуэн куэд къытохуэ. Сэ IэщIагъэкIэ сыегъэджакIуэщи, ахэр хуабжьу къысщхьопэ. Сэри фыщызгъэгъуэзэну сыхуейщ си адэ-анэм ТекIуэныгъэшхуэм я гуащIэ зэрыхалъхьам. Сэ лъэпкъкIэ Къэбэрдейм сащыщщ, 1970 гъэ лъандэрэ Черкесск къалэр псэупIэ схуэхъуащ усакIуэ Дыгъужь Къурмэн щхьэгъусэ сыхуэхъури. Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Старэ-Шэрэдж къуажэдэс нэхъыжьхэми куэдрэ жаIэж унафэщI Iумахуэу яIа Тхьэзэплъ Мысэд и цIэр….

Читать далее

Аращ ар зыхуэпсэуар

Хэку зауэшхуэм щыгъуэ ТекIуэныгъэ Иныр къэгъэгъунэгъуным хуэлэжьащ тылым псэемыблэжу Iутахэр. Апхуэдэ зы нэрыбгэщ республикэми адэжкIи къыщацIыхуу щыта, ноби-ныжэби зи цIэр цIыхубэм я бзэгупэм телъ, Хьэбэз къуажэм дэса АРЭШЫКЪУЭ Къанщауэ Мыр-зэбэч и къуэр. Езыр зауэ дыдэм Iумытами, и къуажэгъухэр, цIыхубэр ТекIуэныгъэм хуишэным, фIэщхъуныгъэ быдэр ядиIыгъыным хьэрэмыгъэншэу пылъащ ар икIи къехъулIащ. Абы и щыхьэтщ къэралым къыхуигъэфэща щIыхьыцIэхэмрэ…

Читать далее

ЗауэлI бэшэчт

Адэшхуэ ЛЭТОКЪУЭ Мустэфа теухуауэ си щIэблэ Миланэ итха сочиненэм щыщщ: «Лэтокъуэ Мустэфа Алий и къуэр 1922 гъэм Жьакуэ къуажэм къыщыхъуащ. Зауэр къызэрежьэу къулыкъум ираджэри, советыдзэм хэту, гуеигъэрэ хахуагъэрэ къигъэлъагъуэу, бийм пэщIэтащ. Ар яхэхуащ IэфIауэ дзэ пакIэм. Белоруссием щызауэу, абы и мэзхэм деж Мустэфа уIэгъэ хьэлъэ щыхъури, зауэ сымаджэщым щIэхуащ. Абдеж дохутырхэр къыщеIэзэу нэмыцэхэм гъэр ящIри,…

Читать далее

Гундэхъу зэкъуэшхэр

Хэку зауэшхуэр зэриухрэ илъэс 60 текIыжауэ, 2005 гъэм дауэдапщэ иным щIэту Куэш-Хьэблэ къуажэм и зы уэрамым фIащауэ щытащ ГУНДЭХЪУХЭ я лъэпкъым щыщу зауэм къыхэмыкIыжа зэкъуэшихым я цIэр. АтIэ, зауэр къыщежьам щыгъуэ Гундэхъу Шухьэиб и къуиплIрэ, Нухьрэ Iэюбрэ я къуэ зырызымрэ дэкIри, къагъэзэжакъым. Ахэр: Талустэн, Iэмин, Сэхьид, Адэмей, Хъалил, ЛэматIэ сымэщ. Зауэм хэкIуэда зэкъуэшхэм я щIэблэм…

Читать далее

Зауэм и тхьэгъушыр гум къыщоуэ

Хэку зауэшхуэм ТекІуэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрыщихьрэ, абы щегъэжьауэ, нобэр къыздэсым къахутэж, къатІэщІыж а зауэ лыгъейм зи гъащІэ хэзылъхьауэ, хъыбарыншэу хэкІуэдахэм я хъыбархэр. Уеблэмэ, «Хъыбарыншэу кІуэда сэлэт щыІэкъым» къыхуеджэныгъэм щІэту, лэжьыгъэшхуэ йокІуэкІ. Ди тхыгъэр зытеухуар зауэм зи щхьэ хэзылъхьа, хъыбарыншэ хъуа, я хъыбар гуэр щыІэми — кІапэлъапэ мащІэу къэна зэкъуэшитхущ. ПсэукІэ-Дахэ къуажэм лажьэрэ шхэжу, зи…

Читать далее

ЛIымахухэ я щIалитхур

Хэку зауэшхуэм и гуауэр зылъэмыIэса зы унагъуи искъым ди къэралым. Ар гуауэшхуэщ. Псом хуэмыдэу гуауэ дыдэ къызылъысар зи къуэхэр къэзмыгъэзэжа анэ-адэхэращ. Яхэтщ апхуэдэхэм зи къуэ закъуэр зыфIэкIуэдахэри, щIалитI, щы, плIы къызыхуэмыкIуэжахэри. Ауэ, дауэ анэгум хуэшэчыну къуитхум къыщамыгъэзэжакIэ? Апхуэдэ унагъуэхэр мащIэкъым. Абыхэм ящыщщ Хьэгъундыкъуей къуажэм щыщ ЛIымахухэ Исуфрэ КIуцэрэ. Лажьэу шхэжу, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу зэдэпсэу зэщхьэгъусэхэм бынибгъу…

Читать далее