
ШхыныгъуиблымкIэ лъэпкъым и щэнхабзэр зыхэпщIэу
Къэбэрдей-Балъкъэрым къикIыу — «Налшык» шхапIэ Адыгэр сытым дежи хьэщIэ егъэблэгъэкIэм, гъэхьэщIэкIэм мыхьэнэшхуэ ириту къекIуэкIащ. Ноби пхужыIэнукъым ар тIэщIэхуауэ. Уеблэмэ, нэхъ гуапэжыр а лъэныкъуэм нэхъри зезыгъэужь, хабзэ дахэхэр ди иджырей гъащIэм къыхэзыпщэжхэр диIэщ. Абыхэм ящыщщ «Налшык» шхапIэр зыгъэлажьэ Уэзрокъуэ Чэрим.АтIэ, бысым щIалэм дызригъэблэгъа шхапIэр зыхуэбгъадэ хъун щыIэкъым. Бжэр зэрызэIупхыу, узэба-къуэр адыгэ бжэщхьэIущ, узыщIыхьэр адыгэ унэщ, къыппежьэр…