Адыгэгушхуэ зыкIуэцIылъ Аслъэн

Адыгэ Республикэм къикIыу Адыгэ Республикэм и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэзыгъэкъулейхэм ящыщщ ди бысымхэм дызрашэлIа НЭГЪУЧ Аслъэн. Къуэш республикэхэм дежАслъэн и лэжьыгъэхэмкIэ фIыуэ къыщацIыху. Адыгэ цIыхубэ Iэмэпсымэхэм гъащIэщIэ езытыжахэм, ноби а Iуэхум псэемыблэжу пэрыт хэм Нэгъучыр ящыщщ. Абы и фIыщIэкIэ щIэрыщIэу къэIужащ шыкIэпшынэм и макъыр, пшынэтIаркъу адыгэ Iэмэпсымэжьыр къызэщIэрыуэжащ, нысэишыж хьэгъуэлIыгъуэхэм пхъэцIычыр къыщащтэжащ.Нэгъучыр хуэIэкIуэлъакIуэщ адыгэ цIыхубэ IэщIагъэ куэдым….

Читать далее

«ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд —университет щхьэхуэщ!»

Къэбэрдей-Балъкъэрым и дэнэ щIыпIэ умыкIуами, сыт хуэдэ цIыху уримыхьэлIами, дэтхэнэ лъэпкъ Iуэху ухэмытами, шэч хэлъкъым ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и цIэр зэрызэхэпхынум. Тхыгъэм фIэщыгъэцIэ хуэсщIари ди зы зэпсэлъэныгъэ гуэрым НэщIэпыджэ Замирэ къихьа щапхъэращ: «Мухьэмэд —университет щхьэхуэщ!» Шэч хэмылъу, а нэхъыжь Iу махуэм игъэгушхуа щIалэгъуалэ зэчиифIэращ нобэ КъБР-р зэрыгушхуэ адыгэ творческэ интеллигенцэр: усыгъэми, прозэми, публицистикэми зи лъэ щыувахэр….

Читать далее

«Война и мир» тхыгъэр зэддзэкIын тлъэкIынущ»

Къэбэрдей-Балъкъэрым къикIыу Ди проект лэжьыгъэм и зэхуэщIыж зэIущIэр щедгъэкIуэкIащ «Адыгэ псалъэ» газетым и хэщIапIэм. ИпэкIэ и гугъу зэрытщIауэ, «Адыгэ псалъэ» газетыр журналист лъэрыхь къудейхэракъым зыгъэкъулейр, атIэ мы редакцэр зэрыгушхуэну иIэщ творческэ къудамэ лъэрыхь — тхакIуэхэм, прозаикхэм, усакIуэ зэчиифIэхэм я секцэ щхьэхуэ. НэщIэпыджэ Замирэ «Пщэдджыжь литературэ зэдэшхэ» зыфIища зэIущIэр ахэрат зытеухуар. Творческэ сэнаущ зыбгъэдэлъ гупым ирогушхуэ…

Читать далее

Пекъу Алинэ: «ГъащIэ псо ирикъун къэзгъэщIащ»

Илъэсрэ ныкъуэм къриубыдэу дунейм и бгы нэхъ лъагэ дыдэ 14-м я щыгум иувэфа ди адыгэ пщащэм лъэпкъым и щхьэр ину иригъэлъагъужащ. «Корона мира» дунейпсо проектыр иригъажьэу, метр мини 8-м нэхърэ нэхъыбэ зи лъагагъ бгы къэс къызэринэкIыху, Алинэи гуфIэгъуэр ди газетымкIи дэтIэтащ. Альпинист цIэрыIуэм пыщIэныгъэр диIыгъащ и ехъулIэныгъэхэр сыт щыгъуи къэзыгъэлъэгъуа ди лэжьэгъу Дэбагъуэ Хьэтызэ. Тхыгъэхэр…

Читать далее

Утыкум зэрихьэм хуэдэщ и дуней тетыкIэри

Кавказ хэгъуэгухэм я щэнхабзэ къудамэхэр къулейщ уэрэджыIэхэмрэ артистхэмрэкIэ. Абыхэм я нэхъыбэм «ягъэбзэрабзэр» иджырей уэрэд псынщIэхэращ, нэхъыбэм урыс псалъэхэр зыщIэлъщ.А псоми Хьэкъул Оксанэ къащхьэщегъэкI гухэлъ уэрэд псэхугъуэхэр зэрыжиIэмкIэ, сыт щыгъуи адыгэ фащэ екIукIэ утыкум къызэрихьэмкIэ, и зыIыгъыкIэ дахэмкIэ. Зи гугъу тщIы уэрэджыIэ бзылъхугъэ гуакIуэр къэзымыцIыху Къэбэрдей-Балъкъэрым щыгъэтыжауэ, адыгэ зыщыпсэу нэгъуэщI хэгъуэ-гуитIми ису къыщIэкIынкъым. НэхъыфIыжыххэуи ар къалъагъу…

Читать далее

Адыгэ Республикэ — хэгъуэгум уезышалIэ лъагъуэхэр

Нэрылъагъущ иужьрей илъэсхэм Адыгэ Республикэм щIэгъэхуэбжьауэ туризмэм зэрызыщиужьыр, зыгъэпсэхуакIуэхэм я бжыгъэм гъэ къэскIи зэрыхэхъуэр. Зэры-Урысейуэ цIэрыIуэ щыхъуа «Адыгэ кхъуейм» и фестивалым мы гъэм зэхуишэсащ цIыху мин 50-м нэс. Апхуэдэ зэхьэзэхуэхэм къанэмыщIауэ, республикэм нэгузыужь щIыпIэу иIэр куэдыкIейщ, узэплъынымрэ бгъэщIэгъуэнымрэ бжыгъэншэщ. АдэкIи республикэм туризмэр нэхъри зэрыщрагъэфIэкIуэн проект щэджащэхэр яубзыхуагъэххэщ: илъэс псом зэпымыууэ лэжьэну «Лагонаки» бгылъэрыжэ экокурортыр ухуэныр,…

Читать далее

ШхыныгъуиблымкIэ лъэпкъым и щэнхабзэр зыхэпщIэу

Къэбэрдей-Балъкъэрым къикIыу — «Налшык» шхапIэ Адыгэр сытым дежи хьэщIэ егъэблэгъэкIэм, гъэхьэщIэкIэм мыхьэнэшхуэ ириту къекIуэкIащ. Ноби пхужыIэнукъым ар тIэщIэхуауэ. Уеблэмэ, нэхъ гуапэжыр а лъэныкъуэм нэхъри зезыгъэужь, хабзэ дахэхэр ди иджырей гъащIэм къыхэзыпщэжхэр диIэщ. Абыхэм ящыщщ «Налшык» шхапIэр зыгъэлажьэ Уэзрокъуэ Чэрим.АтIэ, бысым щIалэм дызригъэблэгъа шхапIэр зыхуэбгъадэ хъун щыIэкъым. Бжэр зэрызэIупхыу, узэба-къуэр адыгэ бжэщхьэIущ, узыщIыхьэр адыгэ унэщ, къыппежьэр…

Читать далее

ДЫГЪУ Айтэч: «Творчествэм епха цIыхур псэкIэщ зэрылажьэр»

Адыгэ Республикэм къикIыу Адыгэ цIыхум и теплъэм, и фащэм, и щыIэкIэ-псэукIэм, и тхыдэм зэрыдунейуэ щыгъуазэ зыщIар Адыгэ хэкум къеблагъэ зэпыту щыта зыплъыхьакIуэхэмрэ сурэтыщIхэмрэщ. Иужьрейхэм я лэжьыгъэхэр ди лъэпкъым и дыщэ пхъуантэр къулей зыщIа, ди блэкIар тхуэзыхъумахэу плъытэ хъунущ. Теплъэ къызэрымыкIуэхэр къызэригъэщIымкIэ лъэпкъ тхыдэм и иджырей и хъумакIуэщ ди псэлъэгъур. Дыгъу Айтэч — адыгэ лъэпкъым къытхэкIа,…

Читать далее

Щэнхабзэм и купсэ «Акрополь»

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къик1ыу Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэ лъэныкъуэм и Iыхьэшхуэ дыхэплъэну лъэкIыныгъэ дгъуэтащди етIуанэ лэжьэгъуэ махуэм. Апхуэдэу, ди щхьэм, ди нэм зрагъэгъэпсэхумэ яфIэфIу драгъэблэгъащНалшык къалэм и хьэщIэкIуапIэ гъэщIэгъуэнхэм ящыщ «Акрополь» купсэм.Щэнхабзэ мыхьэнэшхуэ зиIэ, сыт и лъэныкъуэкIи узыIэпызышэ купсэр Къардэнхэ Хьэсэнрэ Муратрэ илъэс 12 хъуауэ ягъэлажьэ. Къардэнхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лIакъуэ нэхъ инхэм ящыщщ. Абыхэм цIыху мин 20-м…

Читать далее

IУТIЫЖ Мэжид:«СынасыпыфIэщ,си Хэку згъуэтыжащи»

Хэкум щIэхъуэпсу зи гъащIэр езыхьэкIа ди лъэпкъэгъухэм яIуэтэж хъыбархэм зэ нэхъ нэмыIэми щIэдэIун хуейщ хэкурыс адыгэ дэтхэнэри. Дызыхэт жей Iувым дыкъыхашыжынт абыхэм я гупсысэ хьэлъэхэм. Нобэ фи пащхьэ ислъхьэ тхыгъэр, Тыркум къиIэпхъукIыжа, Налшык къалэр псэупIэ зыхуэхъужа IутIыж Мэжид дедгъэкIуэкIа зэпсэлъэныгъэщ. — Мэжид, хамэ къэралым укъыщыхъуащ. Уи сабиигъуэм щыщу сыт уигу нэхъ къинэжар? — Ди адэр…

Читать далее