Иныжьхэмрэ нартхэмрэ я «тхьэIухуднэзакъуэр»
Ар гъэщIэгъуэну икIи темэм емыпхауэ къызыщыхъунухэри щыIэщ, ауэ адыгэ лIыхъужь эпосым теухуа тхыгъэр къыщIэздзэнущ 2009 гъэм сызыпэщIэхуа цIыхум сызыхигъэдэIуахэмкIэ. Зи гугъу сщIыр химие щIэныгъэхэм я кандидат Евдокимовэ Еленэщ. Абырэ сэрэ виртуальнэу дызэнэIуасэххэт илъэс бжыгъэ хъуауэ. А бзылъхугъэр фIы дыдэу щыгъуазэщ химие пкъыгъуэхэми, дунейм и зэхэлъыкIэми, хъыбарыжьхэми, Библиеми. Абы къызэрилъытэмкIэ, хъыбарыжьхэри, Библиери, иджы согупсысри, КъурIэнри –…