Гум имыхур мылIэжыныпсэщ
Хьэбэз районым щыщ лIыхъужь мымащIэ СВО-р къызэрежьэрэ зауэлIу дэкIащ зэхэуэхэр здекIуэкI щIыпIэхэм. Абыхэм дэтхэнэми дрогушхуэ, ахэр тфIэлIыхъужьщ, сыту жыпIэмэ, унэ хуабэр къэбгъанэу зауэм уIухьэныр Iуэху тыншкъым, псэкъару мыкIуэщI зыпылъщ. Апхуэдэу дэкIа ди лъэпкъэгъухэм я хъыбархэр куэду къытIэрохьэ: хахуагъэ зэрахьэхэр, я псэемыблэжыныгъэр, я хьэл быдэр… Арами, жагъуэ зэрыхъущи, зауэр ажалым и блыгущIэтщи, хухэгъэщIыр хегъэщI, еш имыIэу….