Утыкум зэрихьэм хуэдэщ и дуней тетыкIэри

Кавказ хэгъуэгухэм я щэнхабзэ къудамэхэр къулейщ уэрэджыIэхэмрэ артистхэмрэкIэ. Абыхэм я нэхъыбэм «ягъэбзэрабзэр» иджырей уэрэд псынщIэхэращ, нэхъыбэм урыс псалъэхэр зыщIэлъщ.А псоми Хьэкъул Оксанэ къащхьэщегъэкI гухэлъ уэрэд псэхугъуэхэр зэрыжиIэмкIэ, сыт щыгъуи адыгэ фащэ екIукIэ утыкум къызэрихьэмкIэ, и зыIыгъыкIэ дахэмкIэ. Зи гугъу тщIы уэрэджыIэ бзылъхугъэ гуакIуэр къэзымыцIыху Къэбэрдей-Балъкъэрым щыгъэтыжауэ, адыгэ зыщыпсэу нэгъуэщI хэгъуэ-гуитIми ису къыщIэкIынкъым. НэхъыфIыжыххэуи ар къалъагъу…

Читать далее

Адыгэ Республикэ — хэгъуэгум уезышалIэ лъагъуэхэр

Нэрылъагъущ иужьрей илъэсхэм Адыгэ Республикэм щIэгъэхуэбжьауэ туризмэм зэрызыщиужьыр, зыгъэпсэхуакIуэхэм я бжыгъэм гъэ къэскIи зэрыхэхъуэр. Зэры-Урысейуэ цIэрыIуэ щыхъуа «Адыгэ кхъуейм» и фестивалым мы гъэм зэхуишэсащ цIыху мин 50-м нэс. Апхуэдэ зэхьэзэхуэхэм къанэмыщIауэ, республикэм нэгузыужь щIыпIэу иIэр куэдыкIейщ, узэплъынымрэ бгъэщIэгъуэнымрэ бжыгъэншэщ. АдэкIи республикэм туризмэр нэхъри зэрыщрагъэфIэкIуэн проект щэджащэхэр яубзыхуагъэххэщ: илъэс псом зэпымыууэ лэжьэну «Лагонаки» бгылъэрыжэ экокурортыр ухуэныр,…

Читать далее

ШхыныгъуиблымкIэ лъэпкъым и щэнхабзэр зыхэпщIэу

Къэбэрдей-Балъкъэрым къикIыу — «Налшык» шхапIэ Адыгэр сытым дежи хьэщIэ егъэблэгъэкIэм, гъэхьэщIэкIэм мыхьэнэшхуэ ириту къекIуэкIащ. Ноби пхужыIэнукъым ар тIэщIэхуауэ. Уеблэмэ, нэхъ гуапэжыр а лъэныкъуэм нэхъри зезыгъэужь, хабзэ дахэхэр ди иджырей гъащIэм къыхэзыпщэжхэр диIэщ. Абыхэм ящыщщ «Налшык» шхапIэр зыгъэлажьэ Уэзрокъуэ Чэрим.АтIэ, бысым щIалэм дызригъэблэгъа шхапIэр зыхуэбгъадэ хъун щыIэкъым. Бжэр зэрызэIупхыу, узэба-къуэр адыгэ бжэщхьэIущ, узыщIыхьэр адыгэ унэщ, къыппежьэр…

Читать далее

ДЫГЪУ Айтэч: «Творчествэм епха цIыхур псэкIэщ зэрылажьэр»

Адыгэ Республикэм къикIыу Адыгэ цIыхум и теплъэм, и фащэм, и щыIэкIэ-псэукIэм, и тхыдэм зэрыдунейуэ щыгъуазэ зыщIар Адыгэ хэкум къеблагъэ зэпыту щыта зыплъыхьакIуэхэмрэ сурэтыщIхэмрэщ. Иужьрейхэм я лэжьыгъэхэр ди лъэпкъым и дыщэ пхъуантэр къулей зыщIа, ди блэкIар тхуэзыхъумахэу плъытэ хъунущ. Теплъэ къызэрымыкIуэхэр къызэригъэщIымкIэ лъэпкъ тхыдэм и иджырей и хъумакIуэщ ди псэлъэгъур. Дыгъу Айтэч — адыгэ лъэпкъым къытхэкIа,…

Читать далее

Щэнхабзэм и купсэ «Акрополь»

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къик1ыу Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэ лъэныкъуэм и Iыхьэшхуэ дыхэплъэну лъэкIыныгъэ дгъуэтащди етIуанэ лэжьэгъуэ махуэм. Апхуэдэу, ди щхьэм, ди нэм зрагъэгъэпсэхумэ яфIэфIу драгъэблэгъащНалшык къалэм и хьэщIэкIуапIэ гъэщIэгъуэнхэм ящыщ «Акрополь» купсэм.Щэнхабзэ мыхьэнэшхуэ зиIэ, сыт и лъэныкъуэкIи узыIэпызышэ купсэр Къардэнхэ Хьэсэнрэ Муратрэ илъэс 12 хъуауэ ягъэлажьэ. Къардэнхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лIакъуэ нэхъ инхэм ящыщщ. Абыхэм цIыху мин 20-м…

Читать далее

IУТIЫЖ Мэжид:«СынасыпыфIэщ,си Хэку згъуэтыжащи»

Хэкум щIэхъуэпсу зи гъащIэр езыхьэкIа ди лъэпкъэгъухэм яIуэтэж хъыбархэм зэ нэхъ нэмыIэми щIэдэIун хуейщ хэкурыс адыгэ дэтхэнэри. Дызыхэт жей Iувым дыкъыхашыжынт абыхэм я гупсысэ хьэлъэхэм. Нобэ фи пащхьэ ислъхьэ тхыгъэр, Тыркум къиIэпхъукIыжа, Налшык къалэр псэупIэ зыхуэхъужа IутIыж Мэжид дедгъэкIуэкIа зэпсэлъэныгъэщ. — Мэжид, хамэ къэралым укъыщыхъуащ. Уи сабиигъуэм щыщу сыт уигу нэхъ къинэжар? — Ди адэр…

Читать далее

СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий:«Ди лъэпкъым къэкIуэныфI иIэщ!»

Ди журналист лэжьыгъэм тегъэщIапIэ хуэхъур лъэпкъ Iуэхуращ. Лэжьыгъэ программэр щызэхагъэувэм, шэч къытетхьэтэкъым, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий зэпсэлъэныгъэ зэрыдедгъэкIуэкIынум. Анчокъуэ Иринэрэ сэрэ а зэIущIэм дигъэпIейтейт икIи дыхуэхьэзырт. АтIэ, ДАХ-м и лэжьыгъэр, абы и Президентым и IуэхущIафэхэмрэ и лэжьыгъэ бгъэдыхьэкIэхэмрэ журналист куэдым къагъэлъэгъуащ. Дэри ди зэпсэлъэныгъэм зыздиукъуэдиин лъэныкъуэхэри къэщIэгъуейт, абы къыдэкIуэуи журналист хьэлыр къытхуигъэушу…

Читать далее

Гъуэгу махуэ, Адыгэ Купсэ!

ЩIэблэм я анэдэлъхубзэр фIыуэ егъэлъагъуным хуэунэтIауэ ди щIыналъэм лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI. Шэч хэмылъу, абы и къызэгъэпэщакIуэхэм фIыуэ къагуроIуэ къызыхэкIа лъэпкъым и тхыдэр цIыхухэм ямыщIэмэ, анэдэлъхубзэр яIурымылъмэ, нобэмрэ пщэдеймрэ я зэпыщIэныгъэр зэрызэпычынур, анэм къыбдилъхуа бзэм и дахагъыр хуэмурэ «зэрыткIунур». АтIэ, щIэблэр хэкупсэ-лъэпкъыпсэу, гъэсэныгъэ нэсрэ лъэпкъ хабзэ екIу-хэмрэ яхэлъу къэтэджын папщIэ, адыгэм и щэнхабзэ бейм мыхьэнэшхуэ зэриIэр хэткIи…

Читать далее

ПэщIэдзэ еджапIэм — гъащIэщIэ

 Куэд щIауэ районым, къуажэм щыпсэухэр зыпэплъа дауэдапщэр, Адыгэ — Хьэблэ къуажэм дэт пэщIэдзэ еджапIэм и бжэр щIэры­щIэу къызэIухыжыныр егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэ цIыкIухэмрэ я гуфIэгъуэшхуэм щIэту къызэрагъэпэщащ. ПIалъэ кIэщIым къриубыдэу абдеж щрагъэкIуэкIа зэгъэзэхуэжыныгъэ лэжьыгъэхэр яухри, здеджэ- ну щIыпIэкIэ мытыншхэр я «унэм» къекIуэлIэжащ. ГуфIэгъуэ зэхыхьэм къеблэгъащ Къэрэшей-Черкес Республикэм и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и депутат, лъэпкъ полити­кэмрэ хэгъуэгущIыб зэпыщIэныгъэхэмрэкIэ…

Читать далее

И  хъуэпсапIэр дгъэзэщIэн тлъэкIатэмэ

Къалмыкъ Юрэ дэслъэгъуар сыт жыпIэу укъызэупщIмэ, псом япэу жыIэпхъэщ ар цIыху нэхуу зэ­рыщытар. Абы хэт хуэмы­зами, иджыри зэ хуэзэжыну, Iуплъэжыну щIэхъуэпст. Ар къызыхэкIыр, сызэ­реплъымкIэ, Юрэ цIыхум и Iуэхур нэхъыфI зэрыхъу­ным хущIэкъуу зэрыщыта­ращ. Ар ауэ сытми зыгуэ­рым ирипсалъэтэкъым, атIэ зэрызэфIигъэкIыным пылът. ЦIыхухэм я зэхущы­тыкIэр — хабзэр, цIыху­гъэр — ахэр и гъуазэу Юрэ псэуащ. ИкIи дэтхэнэ­ри аращ…

Читать далее