Дызэкъуэтмэ, ди къэкIуэнур быдэщ

Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и Махуэм Къэрэшей-Черкес Республикэм гуфIэгъуэ дауэдапщэ куэд щекIуэкIащ. Черкесск къалэм, Первомайскэ уэрамым и утыкушхуэм «Лъэпкъзэпх зэкъуэтыныгъэ» фестиваль гъэщIэгъуэн щызэхэтащ. А Iуэхугъуэм къызэщIиубыдащ лъэныкъуэ куэд. УщрихьэлIэт абы лъэпкъ къэс и пщIантIэ къызэгъэпэщахэм, творческэ утыкухэм, мастер-классхэм, акъылгъэлажьэ джэгукIэхэм. Щхьэхуэу зыщрагъэубгъуащ зауэ IэкIуэлъакIуагъэм зыхуегъэсэным, СВО-м хэтхэм гулъытэ яхуэщIыным хуэунэтIа утыкуми. МахуэщIым зыщагъэпсэхуну унагъуэкIэ къекIуэлIащ. Дэтхэнэми…

Читать далее

«Большой этнографический диктант»

«Большой этнографический диктант» Урысейпсо узэщӏыныгъэ акцэр здыщекlуэкӏа утыкухэм ящыщ зы хъуащ Арэшыкъуэ Рафаел и цӏэр зезыхьэ Хьэбэз курыт еджапӏэр. Мы илъэсым епщӏанэрейуэ екӏуэкӏ ӏуэрытхым хэтащ республикэ «Адыгэ Хасэм», «Черкес хэку»-м, «Черкесский культурный центр»-м къабгъэдэкӏа лӏыкӏуэхэр, районым и егъэджакӏуэхэр, еджакӏуэхэр. Республикэм щекӏуэкӏ Ӏуэрытхыр зи жэрдэмыр КъЧР-м лъэпкъ ӏуэхухэмкӏэ, цӏыхубэ коммуникацэхэмрэ печатымрэкӏэ Министерствэращ, гъэзэщӏакӏуэр «Смысловой центр» ӏуэхущӏапӏэращ….

Читать далее

ШыфI зиIэм дамэ тетщ

КъЧР-м и Адыгэ Хасэмрэ и Шууей Хасэмрэ я жэрдэмкIэ, я къызэгъэпэщыныгъэкIэ ВакIуэ-Жылэ къуажэм жэпуэгъуэм (октябрым) и 12-м лъэпкъ махуэщI дахэ щекIуэкIащ — Къэрэшей-Черкесым, Адыгэ Республикэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Краснодар крайм щыщ шууейхэм къагъэлъэгъуащ хэт и адыгэшыр нэхъ бэшэчми, нэхъ Iущми, нэхъ жэрми. «Шуджэгу — 2025» зыфIаща лъэпкъ IуэхумкIэ къызэщIрагъэубыдащ шы-спорт джэгу зэмылIэужьыгъуэхэр, балигъхэми сабийхэми ятегъэпсыхьа зэпеуэ гъэщIэгъуэнхэр….

Читать далее

НэхъыфIхэр къыхах

Творческэ зэпеуэхэр НэхъыфIхэр къыхах НэхъапэкIэ хъыбар зэрывэдгъэщIащи, шыщхьэIум (августым) и 1-м щегъэжьауэ жэпуэгъуэм (октябрым) и 1-м пщIондэ екIуэкIащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, кинорежиссёр, сценарист, продюсер, композитор, уэрэдус цIэрыIуэу щыта Къандур Мухьэдин и фэеплъ «Тхылъ къызэIуха» дунейпсо литературэ зэпеуэ. Ар къызэригъэпэщащ икIи литератор цIэрыIуэхэр къэпщытакIуэу къыхишэри иригъэкIуэкIащ тхакIуэ, усакIуэ Бэлагъы Любэ. Абы зыхуигъэувыжа мурадыр къехъулIащ. Литературэм…

Читать далее

Адыгэ фащэм и гъэфIэжыр

ФокIадэм (сентябрым) и 28-р — адыгэ фащэм и Махуэр — Черкесск къалэм щыIэ «ХытӀыгу ЩхъуантIэ» зыгъэпсэхупIэ паркым къызэрымыкIуэу дахащэу, хуэфащэу, Iэтауэ, Ищхъэрэ Кавказ, Ипщэ хэгъуэгухэм къикIа хьэщIэхэри куэду хэту, Хэгъуэгупсо фестиваль щхьэщIэдзапIэм щIэту, щагъэлъэпIащ. Лъэпкъ Iуэхум ехьэлIа зэхыхьэ дахэр къызэрагъэпэщащ КъЧР-м и Адыгэ Хасэмрэ «Черкес хэку» газетым и лэжьакIуэхэмрэ. Сыт и лъэныкъуэкIи дэIэпыкъуэгъу хъуащ КъЧР-м…

Читать далее

«… Адыгэ фащэр сэ схуадами, зэры-Кавказу яхуэхъуащ!»

Адыгэ фащэр (черкескэр) лъэпкъым и щыгъын къудейкъым. Ар зыми ебгъапщэ мыхъун мылъкущ, лъэпкъ псом и щэнхабзэ тхыдэщ, лIыщIыгъуэ куэдым я къыпэкIуэныгъэщ. Абы къегъэлъагъуэ лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэхэм яхуэгъэза щыпкъагъэмрэ ар дуней псом зэрыхузэIухамрэ. Апхуэдэу, адыгэ фащэм ихъумащ и пщIэмрэ и мыхьэнэмрэ. Ар Кавказым ис лъэпкъ куэдым зыщатIэгъа къудейкъым. Ар къэрал фащэ яхуэхъуащ Урысейм и зауэ дзэ…

Читать далее

Яндексым адыгэбзэкIи зэредзэкI

 «Яндекс. Переводчик» жыхуиIэм иджы урысыбзэкIэ тхар къэбэрдей-черкесыбзэкIи къэрэшей — балъкъэры-бзэкIи зэредзэкI. БзитIыр тыншу хэти къигъэщхьэпэф икIи къигъэIэрыхуэф хъун папщIэ, мы IэмалыфIыр, хэхауэ жытIэнщи — адыгэм Интернетым зэ-дзэкIыпIэ къыщыхуэгъэщIыным илъэс псокIэ гуащIэ ин ирахьэлIащ Къэрэ-шей-Черкесымрэ Къэбэрдей-Балъкъэ-рымрэ я унафэщIхэми, егъэджакIуэхэ-ми, жылагъуэ Iуэхузехьэхэми. Мы проектыр ирагъэжьауэ щытащ Урысейм и лъэпкъхэм я Унэмрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ Федеральнэ агентствэмрэ я дэIэпыкъуныгъэкIэ….

Читать далее

ДызэпызыщIэ лъэмыжыр быдэщ

Санкт-Петербург къалэм къикIри республикэм къеблэгъащ хьэщIэ лъапIэхэр.Нэхъыщхьэу ахэр ди хэгъуэгум къезышэлIа Iуэхур — Ленинград блокадэм хиубыда сабийхэр беслъэнейдэсхэм зэрахъумауэ щыта тхыдэ къэхъугъэращ. Гупым я пашэу щытащ а блокадэм хэта, егъэджакIуэ, фотохудожник, «Вечно живые» хэгъуэгубэ жылагъуэ хэкупсэ зэщIехъееныгъэм и къызэгъэпэщакIуэ ЗИМНЕВЭ Иринэ Алексеевнэ. Беслъэней къуажэдэсхэм ленинград сабийхэм яхуэгъэзауэ зэрахьа гуеигъэр зыфIэтелъыджэ хъуа бзылъхугъэр ещанэрейуэ ди хэгъуэгум…

Читать далее

ЗэдеIэр лъэщщ

Ди лъэпкъым, адыгэ зыщыпсэу республикэхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ, лъэпкъ журналистикэм и тхыдэм къыхэнэжыну Iуэхугъуэ дахэ щекIуэкIащ Къэрэшей-Черкес Республикэм. КъБР-м, КъЧР-м, АР-м къыщыдэкI «Адыгэ псалъэ», «Черкес хэку», «Адыгэ макъ» газетхэм я редакцэхэр щызэхуэзащ Черкесск къалэм пэмыжыжьэ Бэвыкъуэ жылагъуэм дэт зыгъэпсэхупIэ щIыпIэ дахэм. Лъэпкъ журналистикэм зи гъащIэр тезухуауэ республикищым щылажьэ цIыху зэчиифIэхэр зэрыцIыхунумэ, зэдэлэжьэнумэ, зэпсэлъылIэнумэ, къызыхуэт…

Читать далее

Ижь-ижьыж къадогъуэгурыкIуэ…

Сэтэней нартхэр зэреджэр гуащэщ: Сэтэней гуащэ. Сэтэней гуащэ, гуащэхэм я лей — куэдрэ къыхохуэ нарт хъыбархэм. Сэтэней и пщIэр зэрылъагэм, абы пащI зэрыщымыIэм и щыхьэтщ ар. «Сэ нарт шу сыпащI», – жеIэ езы Сэтэней, нартхэм я пащхьэ щиIэ пщIэмрэ лъытэныгъэмрэ и напщIэм телъщ, абы ирогушхуэри. Нартхэм я лъэхъэнэми, иужькIи «гуащэ» псалъэм «пашэ» мыхьэнэ иIащ. ИужькIэ…

Читать далее