📌 На форум в Карачаево-Черкесию соберутся старейшины со всего Северного Кавказа

📅 15–16 октября 2026 года на базе Карачаево-Черкесского государственного университета имени У.Д. Алиева состоится Межрегиональный межнациональный научно-практический форум «Единство в многообразии: от Карачаево-Черкесии ко всей России». 🤝 В Карачаево-Черкесии соберутся старейшины со всего Северного Кавказа, а также руководители министерств по делам национальностей субъектов СКФО, лидеры национально-культурных объединений, ведущие учёные и эксперты. 🎯 Форум станет площадкой…

Читать далее

Уэрыншэу щIылъэр къызокIухь…

Ныбжьэгъур лъэужьыншэу кIуэдкъым, Ар гукъэкIыжхэм хэпсыхьащ. Игъуэ нэмысу ущытхэкIми, Къэбгъэзэжыну си гугъащ – Гъуэгуанэм дызэдытеувэу, Иджыри зэ дрикIуэжынт, Ныбжьэгъухэр гуапэурэ дгъэгуфIэу, ФIэхъус сэламри ятхыжынт. АрщхьэкIэ, гъащIэм къигъэзэжкъым, Уэрыншэу щIылъэр къызокIухь. Жэщитхуи хъуауэ гугъэзэжым Къысхуехьыр уи фэеплъу пщIыхь: Аргуэру гъэхэм дыпхырокIыр, Ди бдзэжьеящи блэдмыгъэкI, Уи дыхьэшх макъри гум пхырокIри, Уи фэеплъ дахэр си гум къокIри, БжьыхьэкIэ…

Читать далее

Зи пшынэбзэр дахащэ

Пшынауэ Iэзэм нэгъуэщIу елъагъу уафэмрэ щIылъэмрэ, ар цIыхугуми, хы лъащIэми, къуршхэм я нэхъ лъагэ дыдэми носыф и псэм къиIущэщ нотэ мытхахэмкIэ. Хэт ди адыгэм апхуэдэ зэфIэкI зиIэу нобэ къытхэтыр жыпIэу угупсысэмэ, япэу уи щхьэм къэкIыр, Тхьэм ирещIи, нэрыбгэ зытIущщ. Апхуэдэ зыщ мы тхыгъэмкIэ зи гугъу фхуэтщIыну щIалэр — Адыгэ Республикэм, Къэрэшей-Черкесым, Ингушетием щӏыхь зиӏэ я…

Читать далее

Адыгэм и дыщэ макъ

Жэпуэгъуэм и 2-м ТУТ Заур Нэжыд и къуэр илъэс 75-рэ ирикъуащ. ЗэрытщIэщи, ныбжьыр зэхэлъщ блэкIамрэ нобэмрэкIэ, абы къэкIуэнури яхэтыжу. ЦIыху ныбжьыр ауэ къызэрыкIуэ бжыгъэкъым, атIэ лъэбакъуэ зырызу зэхэлъ, пщIэ пылъу зыхуэкIуа лъагапIэщ. Заурщи, и гъуэгуанэм и кIыхьагъым абы и гум Хэкушхуэми, къыщалъхуа хэку цIыкIуми лъа-гъуныгъэ дахэ хуилъу къэгъуэгурыкIуа лIы нэсщ. Адыгэм и къуэ пажэ, Урысейм…

Читать далее

Дахагъэр зэкIужщи, зэкIужыр фащэщ

Адыгэм ди тхакIуэшхуэ МэшбащIэ Исхьэкъ зэрыжиIэгъащи: «… Адыгэ фащэр сэ схуадами, Зэры-Кавказу яхуэхъуащ». Ар лъэпкъ зэхуэмыдэхэм зэрафIэфIыр, езыхэми фащэ зэрахуэхъуар куэд и уасэщ. Абы къегъэлъагъуэ, адыгэм и щыгъыныр — и теплъэкIи и тыншыгъуэкIи хамэ лъэпкъхэми зэрызыхащIэр, я псэм къызэрищтар… Адыгэ фащэр эстетикэ и лъэныкъуэкIэ лъагапIэ ин дыдэм щыIэу къыдолъытэ. Абы зыхилъхьащ лъэпкъым и губзыгъагъэри, ди…

Читать далее

«Си лъагъуныгъэм и сатырхэм сыщымысхь…»

ЩыIэщ цIыху, и щIыхьыр къалащхьэ утхэм щиIэтын папщIэ къэхъуауэ зимылъытэжу, атIэ, и гъэсэныгъэ лъагэмкIэ цIыхубэ псом гъуазэ хуэхъуфу. КХЪУЭХЪУ Хъаннэ Мухьэдин и пхъур апхуэдэхэм ящыщщ. Абы и творческэ макъыр ину Iукъым, ауэ уи гущIэ лъащIэм хохьэ, ар зэхэзыххэм я тхыр нэхъ захуэ хъу къыпщегъэхъу, уеблэмэ пасэ зэманым уэзыгъэгъэзэж, мыхьэнэ зиIэ гукъэкIыжхэр, махуэен зэрызехьэм хэту псэу…

Читать далее

Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр зыгъэбыдэ

Адыгэ лъэпкъым и Махуэм — фокIадэм и 20-м илъэс 75-рэ ирокъу Абхъаз АССР-м щIыхь зиIэ и артист, Абхъазым, Къэрэшей-Черкесым я цIыхубэ артист, Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэр хъумэным къыпхуэмылъытэн хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа, ноби а Iуэхур зыгъэкIуатэ, зи лэжьыгъэ къэухь инымкIэ лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр зыгъэбыдэ икIи зыгъэщыпкъэ ТАНИЯ Валерий Константин и къуэр. Ар къыщыхъуащ 1951 гъэм Абхъазым хыхьэ…

Читать далее

«Адыгэ зекIуэ»

ШыщхьэIу мазэр адыгэшыр, шым епха спортыр фIыуэ зылъагъу дэтхэнэмкIи гъэщIэгъуэну щытащ. Апхуэдэу, «Черкесское зекIо — Фишт 2026» зи фIэщыгъэцIэр Адыгэ Республикэм щрагъэкIуэкIащ. Гуапэ зэрыхъущи, абы щытекIуар Къэрэшей-Черкесым щыщ адыгэ щIалэщ. АтIэ, зекIуэм и къалэну щытар адыгэшымрэ абы и уанэгум ис шумрэ я бэшэчагъымрэ, псынщIагъымрэ къэхутэнрат, адыгэшыр къэгъэщIэрэщIэжын Iуэхум цIыху нэхъыбэм гу лъагъэтэнрат, щIалэгъуалэр лъэпкъым иIэ…

Читать далее

Адэжь щIэиным и хъумакIуэхэр

ШыщхьэIум и 27-м Хьэбэз къуажэм дэт, «Мой выбор» щIалэгъуалэ купсэм и жэрдэмкIэ, «Мастер национальных ремёсел» зи фIэщыгъэцIэ фестивальгъэлъэгъуэныгъэ щекIуэкIащ. Абы щызэхуэсащ Хьэбэз, Адыгэ-Хьэблэ районхэм, Черкесск къалэм щыщ IэпщIэлъапщIэхэр. Гуапэ зэрыхъущи, къуэш Адыгэ Республикэм щыщ IэпщIэлъапщIэ хьэщIи щыIащ. Ахэр я ныбжькIи, я IэщIагъэкIи зэхуэмыдэу щытащ, ауэ а цIыху къызэрымыкIуэхэр зэщхь зыщI зы щытыкIэм гу лъумытэну Iэмалыншэщ…

Читать далее

ФIыщIэ пхудощI, Лерэ!

Мы гъэм шыщхьэIум (августым) и 8-м къыдэкIа «Черкес хэку» газетым и зы напэкIуэцI теухуауэ щытащ ди къуэшыфI, адыгэ лъэпкъым и бын щыпкъэ, усакIуэ, тхакIуэ къызэрымыкIуэ Дыгъужь Къурмэн къызэралъхурэ илъэс 85-рэ зэрырикъум. Абы ихуа тхыгъэ къэс: ар усэ е гукъэкIыж ирехъу, дэтхэнэми аргуэру IупщIу уагъэлъагъуж Къурмэн къызыхэкIа адыгэ лъэпкъыр фIыщэу зылъагъу адыгэлIу, зэчиишхуэ зиIэ усакIуэу, тхакIуэу…

Читать далее