
Адыгэбзэмрэ тхыбзэмрэ я Махуэщ
📆Нобэ, гъатхэпэм и 14-м- адыгэбзэмрэ тхыбзэмрэ я Махуэр догъэлъапӏэ! Ар щӏэдзапӏэ хуохъу 1853-рэ гъэм, Тифлис къалэм Бырсей Умар и ӏэрыкӏ, япэрей «Адыгэ хьэрфылъэр» дунейм къызэрытехьар.Ди лъэпкъым мы махуэр хэӏэтыкӏауэ егъэлъапӏэ, лъэпкъыбзэр хъумэным, егъэфӏэкӏуэным, телэжьэным, зегъэужьыным хуэунэтӏа ӏуэху дахэхэр ирагъэкӏуэкӏ. 📝Нобэ, мы махуэшхуэм ипкъ иту, зэрыреспубликэу зэдыдотх «Адыгэ ӏуэрытхыр»❗Фыкъыхудоджэ абы фыкъыхыхьэну!