Усть-Жэгуэтэ районым щэнхабзэмкӀэ и Унэм «Сила будущего: Женщина в действии!» форумыр щекӀуэкӀащ. Ар Урысейм и бзылъхугъэхэм я зэгухьэныгъэм и Къэрэшей-Черкес хэгъуэгу къудамэм къызэригъэпэщащ. Абы республикэм щыпсэу бзылъхугъэ жыджэрхэр къызэхуишэсащ. ЗэӀущӀэм къеблэгъащ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, властым и къулыкъухэм, хьэрычэтым, СМИ-хэм, егъэджэныгъэм, узыншагъэр хъумэным, щэнхабзэм я лӀыкӀуэхэр.
Форумым хэтахэр тепсэлъыхьащ иджырей жылагъуэм бзылъхугъэхэм щагъэзащӀэ къалэным, хэгъуэгум, къэралым загъэужьыным, тхыдэ фэеплъыр хъумэным яхьэлӀауэ щыӀэ Ӏуэхугъуэхэм. Ахэр социальнэ лъэпощхьэпо нэхъыщхьэхэр зэфӀэхынымкӀэ ябгъэдэлъ Ӏэмал нэхъыфӀхэмрэ зэфӀэкӀхэмрэкӀэ зэхъуэжащ. Къэрэшей-Черкесым и Ӏэтащхьэ Темрезов Рэшид къыбгъэдэкӀыу пшыхьым хэтахэм фӀэхъус ярихащ республикэм и Ӏэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я Администрацэм и унафэщӀым и къуэдзэ, КъЧР-м и Ӏэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я Администрацэм и дэфтэрхэр зезыгъакӀуэ Управленэм и унафэщӀ Астэжь Франческэ.
— Мы гъэм ди къэралым егъэлъапӀэ ТекӀуэныгъэ Иным и илъэс 80-р Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм бзылъхугъэхэм ящӀа хэлъхьэныгъэм уасэ хуэпщӀыфынукъым. Ахэр япэ сатырхэм, партизан гупхэм хэту бийм пэщӀэтащ, сымаджэщхэм щылэжьащ, тылым Ӏутащ, зауэм дэкӀа цӀыхухъухэм япӀэкIэ лъэщапIэ Iэмэпсымэхэм бгъэдэуващ, губгъуэхэм илэжьыхьащ, дзэр зыхуей псори къызэрагъэпэщу. Абыхэм я быдагъыр, псэемыблэжыныгъэр, ТекӀуэныгъэр къызэралъэщынур я фӀэщ зэрыхъур ди щӀыхьым и зы лъабжьэ хъуащ.
УФ-м и Президент Путин Владимир мызэ-мытӀэу къыхигъэщащ ди къэралым щыпсэу бзылъхугъэхэм я къалэн щхьэхуэр — ӀэщӀагъэр, жылагъуэ лэжьыгъэ жыджэрыр, унагъуэм гулъытэ хуэщӀыныр зэхуэдэу зэрызэдахьыфыр. Урысейм и ЛӀыщхьэм бзылъхугъэхэм яделъагъу къэралым зегъэужьынымкӀэ, ар гъэбыдэнымкӀэ, хабзэхэр хъумэнымкӀэ щӀэгъэкъуэнышхуэ, дзыхь зыхуэпщӀ хъуну зэрыщытхэр», — къыхигъэщащ и псалъэм Астэжь Франческэ.

АдэкӀэ псалъэ гуапэхэмкӀэ къызэхуэсахэм зыхуагъэзащ «Урысейм и бзылъхугъэхэм я зэгухьэныгъэ»-м и хэгъуэгу къудамэм и унафэщӀ Борлаковэ Маринэ, Усть-Жэгуэтэ район администрацэм и унафэщӀым и къуэдзэ Лещенко Светланэ, республикэм и профзэгухьэныгъэм и пашэ Айбазовэ Раисэ, нэгъуэщӀхэми. КъЧР-м и ЦӀыхубэ ЗэӀущӀэм (Парламентым) и депутат Къардэн Фатимэ зэӀущӀэм къыщищӀа докладым къыщыхигъэщащ иджырей зэманым и Ӏуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр, жылагъуэм бзылъхугъэм хуищӀ хэлъхьэныгъэр.
Республикэм и ЦӀыхубэ ЗэIущӀэм (Парламентым) и депутат, «Архъыз 24» телеканалым и унафэщӀ Батчаевэ Мадинэ къытепсэлъыхьащ бзылъхугъэхэм тхыдэ щӀэиныр хъумэным рэ псапащӀэ Ӏуэхум зегъэужьынымрэ щагъэзащӀэ къалэнхэм. Форумым гулъытэ хаха щыхуащӀащ хэкупсагъэ лэжьыгъэмрэ СВО-м хэтхэм зэрызыщӀагъакъуэмрэ. Къызэрагъэпэщащ дзэ къулыкъущӀэхэм хурагъэхьыну «окоп уэздыгъэхэр», «сухой душ», витамин комплексхэр зэращӀымкӀэ мастер-классхэр. Пшыхьыр ягъэдэхащ творческэ гупхэмрэ уэрэджыӀэхэмрэ.
Форумым и кӀэм резолюцэр къахьащ. ЖытӀэнщи, «Сила будущего: Женщина в действии!» форумым къигъэлъэгъуащ Къэрэшей-Черкесым и бзылъхугъэхэм я зэкъуэтыныгъэр, я къарур, социальнэ жэуаплыгъэр.
ЕЗАУЭ Маринэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.