Ди гум къыбгъэдэкIыу дывохъуэхъу бзылъхугъэхэм
я Къэралыбэ МахуэмкIэ — гъатхэмрэ дахагъэмрэ я махуэщIым и щIыхькIэ!
Мы махуэм — фи гуащIэдэкIым, фи акъылыфIагъым, фи гуапагъэмрэ щыпкъагъэмрэ папщIэ фIыщIэ зэрыфхуэтщIыр къэдгъэлъэгъуэну лъэкIыныгъэфI къыдет. Фэ дыкъызэщIывоIэтэ, зыкъытщIывогъакъуэ, унагъуэхэм хуабагъэрэ къабзагъэрэ къыщызывогъэпэщ, къинэмыщIауэ, ди республикэм, зэрыкъэралу загъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хувощI. XXI лIыщIыгъуэм и бзылъхугъэхэр — ахэр анэ гуапэ, фIылъагъуныгъэ къызыбгъэдэкI щхьэгъусэрэ пхъурэ къудейкъым, атIэ лэжьыгъэ зэхуэмыдэхэм — егъэджэныгъэм, узыншагъэр хъумэным, щэнхабзэм, щIэныгъэм, хьэрэчэт Iуэхум, къэрал
къулыкъум — зи гуащIэ щызыгъэтIылъ, IэщIагъэ зэфIэкI лъагэхэр зыбгъэдэлъ зэчиифIэхэщ. Фи къарум, фи пабгъэныгъэм, дунейр нэхъри нэхъыфI щIыным гуихакIэ фызэрыхущIэкъум къыхэкIыу пщIэшхуэрэ щIыхьрэ фхуэфащэщ.
Уасэншэщ щIэблэр хэкупсэ-лъэпкъыпсэу, Хэкум пщIэ хуащIу гъэсэным хуэфщI хэлъхьэныгъэр. КуэдымкIэ,
фи лъагъуныгъэмрэ щIэгъэкъуэнымрэкIэ я фIыгъэкIэ, ди хэкуэгъухэм – къулыкъущIэхэм пщIэрэ щIыхьрэ яIэу,
лIыгъэрэ гуеигъэрэ яхэлъу къыхуагъэува къалэнхэр зауэ операцэ хэхам щагъэзащIэ.
Ди гум къыбгъэдэкIыу фIыщIэ фхудощI тыгъэ къытхуэфщI фи лъагъуныгъэм, шыIэныгъэм, мыухыж гуапагъэм къыхэкIыу. Ди бзылъхугъэ гуакIуэхэмрэ унагъуэхэмрэ папщIэ гъащIэ шынагъуэншагъэрэ зэIузэпэщрэ къахузэгъэпэщыным хуэунэтIа ди лэжьыгъэм адэкIи пытщэнущ.
Дывохъуэхъу фи нэгухэм сыт щыгъуи гуфIэгъуэ кърихыну, фигухэр лъагъуныгъэрэ гуапагъэрэкIэ щызу щытыну. Фи унагъуэхэм насыпрэ зэгурыIуэныгъэрэ илъыну! МахуэщIымкIэ, ди бзылъхугъэ лъапIэхэ!
ТЕМРЕЗОВ Рэшид,
Къэрэшей-Черкес Республикэм и Iэтащхьэ
ИВАНОВ Александр,
Къэрэшей-Черкес Республикэм и ЦIыхубэ
ЗэIущIэм (Парламентым) и тхьэмадэ
АРГУН Мурат,
Къэрэшей-Черкес Республикэм и Правительствэм
и тхьэмадэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.