Бзэр — лъэпкъым и псэщ

Мазаем и 21-р анэдэлъхубзэм и Махуэу щыткІэрэ, хабзэфІ зэрыхъуари и лъабжьэу, къыкІэлъыкІуэ, е 4-нэ Лъэпкъзэпх тотальнэ Іуэрытхыр республикэм и еджапІэхэм, щІэнгъуазэ ІуэхущІапІэхэм, библиотекэхэм щатхащ. АбыкІи къэмыувыІэу, адэкІи пащащ.

Апхуэдэу, мазаем и 25-м Черкесск къалэм дэт, зи №9 гимназием зэІущІэ щекІуэкІащ. Абы къызэхуишэсащ мы еджапІэм щеджэхэр, щезыгъаджэхэр, хьэщІэхэр: щІэныгъэрылажьэхэр, гъуазджэм хуэлажьэхэр, журналистхэр, ныбжь зэхуэмыдэм итхэр, лъэпкъ зэмыщхьхэм къахэкІахэр. А махуэм а псори зэрызэпсэлъар урысыбзэми, щхьэхуэу дэтхэнэри зыгъэпІейтейри, Іуэху зращІэкІари анэдэлъхубзэращ. «Анэдэлъхубзэр — лъэпкъым и псэщ» псалъэхэр и къыхуеджэныгъэу екІуэкІа «Іэнэ хъурей» зэІущІэм къыщаІэта псалъэмакъыр, къэпсэлъа дэтхэнэми и гупсысэр абы щІэжьууэжу щытащ. «Журавли» уэрэдыр — къэрэшеибзэкІэ, абазэбзэкІэ — усэ, адыгэбзэкІэ — хъуэхъу, урысыбзэкІэ — гимназием и унафэщІым и зыхуэгъэзэныгъэ.., дэтхэнэми къыхигъэщащ анэдэлъхубзэм и мыхьэнэмрэ щІэблэм ар ихъумэнымкІэ ихь жэуаплыгъэмрэ. «Іэнэ хъурей» нэужьым, зэІущІэм хэтахэр класс-класскІэрэ зэбгрыкІащ. Анэдэлъхубзэхэм хухэха классхэм щагъэлъэгъуащ лъэпкъ къэс и шхыныгъуэхэр, еджакІуэхэр я бзэхэмкІэ усэхэм къеджащ, уэрэдхэр жаІащ.

Адыгэбзэ дерсымкІэ егъэджакІуэу гимна зием емышыжу зи гуащІэ щызыгъэтІылъ Щэнджатэ Маргаритэ хуабжьу елІэлІащ Іуэхум. Я егъэджакІуэр къаущхьэкІуакъым еджакІуэхэм икІи икъукІэ екІурэ дахэу утыкум къихьащ ахэр. Апхуэдэти, адыгэ фащэхэмкІэ хуэпа пщащэ хэм напІэзыпІэм Іэнэр къаузэдащ адыгэ шхыныгъуэхэмкІэ. Классым къеблэгъа хьэщІэхэм, нэгъуэщІ лъэпкъхэм щыщхэм я пащхьэ щагъэІуащ адыгэбзэкІэ тха усэхэр, уэрэдхэр. А псоми къыпэкІуэу, езыхэми хуабжьу я гуапэ зэрыхъуну, къайплъахэм, къайдэІуахэм я «афэрым» угъурлыр къалъэщащ. Туаршы Іэмир, Уэз Софие, Джатэжь Арсен сымэ азбару къеджащ Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ, Бемырзэ Зураб сымэ ятха усэхэм. Црымхэ Дахэжан, Щохъужь Ясминэ, Уэз Софие сымэ еджэным зэрехъулІэм хуэдэ къабзэу, мыпхуэдэ классщІыб, олимпиадэ, зэхьэзэхуэхэми щыпашэщ.

ЕгъэджакІуэм и гуапэу къыхигъэщащ адыгэбзэ дерсхэм нэгъуэщІ лъэпкъхэм къахэкІа еджакІуэ цІыкІухэр къызэрыкІуэр: къэрэшей пщащэ цІыкІур, зи анэр урыс пщащэр. АнэдэлъхубзэмкІэ классыр къызэрымыкІуэу къызэрызэгъэпэщам, адыгэбзэкІэ тха тхылъу, лъэпкъым и пасэрей хьэпшыпу абы щахъумэм гу лъатащ хьэщІэхэм, егъэджакІуэми фІыщІэ хуащІащ. Іэнэр зэраузэда ерыскъыхэкІхэр зи ІэрыкІ бзылъхугъэхэми фІыщІэ яхуэфащэщ, я лъэпкъщ, я бынщ, я бзэщ гугъу зыщІрагъэхьар. АдэкІэ адыгэхэр яхуеблэгъащ къэрэшейхэм. Мы классри хуабжьу егугъуащ и утыку ихьэгъуэм. ЕджакІуэхэм, я егъэджакІуэр я пашэу, Іэнэм къытрагъэуващ лъэпкъ шхыныгъуэхэр, уэрэд-къафэхэри фІыуэ щІэблэм зэрицІыхур наІуэ къащІу зыкъагъэлъэгъуащ. Апхуэдэрыххэу, угъурлыгъэр, гуапагъэр, хуабагъэр я ныпу махуэм къызэщІрагъэубыда Іуэхугъуэхэр екІуэкІащ. Ар плъэгъуа нэужь, иджыри зэ хэІэтыкІауэ, псоми зэхахыу жыпІэну ухуейщ: «Псэущ адыгэбзэр, псэущ адыгэ лъэпкъыр!».

Апхуэдэ псалъэхэр яхуэфащэщ а махуэм утыкур зыгъэбжьыфІа лъэпкъ къэс, еджакІуэ къэс. Щхьэхуэу фІыщІэ яхуэфащэщ егъэджакІуэхэм. АтІэ, къалэ сабийхэр нэхъри анэдэлъхубзэм пэІэщІэ зэрыхъуам щэху хэлъыжкъым икІи апхуэдэ щытыкІэм пэщІэту, я гуащІи, я пси емыблэжу къалэ еджапІэхэм анэдэлъхубзэр щезыгъэдж егъэджакІуэхэм тІуащІэу фІыщІэ яхудощІ. Тхьэгъэпсэу псалъэхэр хуэфащэщ гимназием и унафэщІ Кубахов Вадим Викторович. Ар еджапІэм анэдэлъхубзэ дерсхэр щыІэным къарууэ иІэмкІэ щІэгъэкъуэнрэ акъылэгъурэ хуохъу икІи сыт хуэдэ жэрдэмри ядещтэ егъэджакІуэхэм. Догугъэ апхуэдиз пабгъэныгъэр, елІэлІэныгъэр щІэблэм нэд имыщІу, и анэдэлъхубзэр и гъуэгуэгъуу къыдекІуэкІыну!

ШЫБЗЫХЪУЭ Ирэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *