Хьэбэз къуажэм дэт, Арэшыкъуэ Р. и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэр накъыгъэм и 7-м бжьэ матэ къэпщIам ебгъэщхьыну, хуабжьу зэрызехьэт. «Бзэр лъэпкъым и псэмэ, хабзэр абы и щIэбзэщ» зи фIэщыгъэцIэу щыта «бжэ зэIуха» махуэр купщIафIэу щытащ, и цIэм хуэфэщэну. Анэдэлъхубзэр хъума хъунымкIэ Iэмалхэр, бзэр егъэджыныр, адыгэ лъэпкъым и тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ щIэблэм янэхьэсыныр — ахэри, нэгъуэщI упщIэхэри къаIэтащ а махуэм.
Дауэдапщэр къызэрымыкIуэу зэрыщытынум и щыхьэту, хэгъэрейхэр хьэщIэхэм япоплъэ, еджапIэ пщIантIэм щеувэкIа къэфакIуэ щауэхэмрэ пщащэхэмрэ гъэжащи, жьы ямышэ къыпщыхъунщ… Ауэрэ хьэщIэхэри къос, хъыбарыр гъуом егъэIу, пшынэр мэбзэрабзэ, пхъэцIычыр зэкIуэцIоч, Iэгуауэр мэщащэ… А псоми щIыгъужщ «фыкъеблагъэ, ди хьэщIэ лъапIэхэ» хэгъэрей псалъэ гуапэхэр. ПщIантIэм къыщызэрагъэпэща джэгупIэхэм щIалэгъуалэр щызохьэзэхуэ, зи зэфIэкI нэхъ лъагэр щагъэунэху.
ЕджапIэм и унафэщI Хъупсырокъуэ Иринэ хьэщIэхэр къришэкIыурэ, кIэщIу щегъэгъуазэ джэгукIэхэм я купщIэм, я фIэщыгъэцIэм. IэпщэзэпеIэм зезыпщытаи къахэкIащ хьэщIэхэм. Абы къыкIэлъыкIуащ «ЖармыкIэ», «ВакIуэихьэж» адыгэ хабзэжьхэр зи купщIэ хъуа теплъэгъуэхэр. Ахэр екIурэ дахэу, хъыбархэр щIыгъужу хьэщIэхэм я пащхьэ кърахьащ.
Хабзэм тету хьэщIэхэр бгъэдагъэтIысхьащ ерыскъы Iэнэхэм.Дэтхэнэми а махуэм лъэкIыныгъэ иIащ еджапIэм и гъэсэнхэм, адэ-анэхэм, егъэджакIуэхэм, псоми я къару зэхэлъкIэ къагъэщIа Iэнэ берычэтхэм тет адыгэ шхыныгъуэхэм зыщагъэгъуэзэну.



ЖыIэпхъэщи, мы еджапIэращ республикэм япэ дыдэу этно-класс къызэIузыхар, абы къыкIэлъыкIуа классхэм лъагъэхэш яхуэхъуар. Абы и лъэныкъуэкIэ фIыщIэ мащIэкъым бгъэдэлъыр адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ емышыж Шэрджэс Расьят, махуэм и Iуэхугъуэхэри аращ нэхъыбэу зи жьауэм щIэтар.
А махуэм къызэIуахащ IуэхущIафэ зэхуэмыдэхэр зезыгъэкIуэну классыщIэхэр, купсэ, плIанэпэ. Апхуэдэщ «Мэкъумэш гуащIэдэкI плIанэпэ»-р. Ар траухуащ адыгэ лъэпкъым къыхэкIа, республикэм и мэкъумэш хъызмэтым и зыужьыныгъэм зи гуащIэшхуэ хэзылъхьа, Аргун Iэбубэчыр, Арэшыкъуэ Къанщауэ, Шэрджэс Мэрят, Дзэгъэщтокъуэ Лыхуэ, «Хьэбэз» совхоз цIэрыIуэм и цIэр лъагэу зыгъэIуа еплIанэ звеном и лэжьакIуэ гупым. КъызэIуахащ «Тхыдэ» купсэр. Ар хуэгъэпсащ тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ куууэ джыным. «ЩIэныпхъэмкIэ пэш» (методический кабинет), Даур Аслъэн и цIэр зезыхьэ, адыгэхэм я гъуазджэр куууэ щадж «Гъуазджэм и купсэ».
Дэтхэнэ еджапIэ-щIыпIэщIэми кIэщIу къытепсэлъыхьащ еджапIэм и унафэщIыр. егъэджакIуэхэр, фIыщIэ псалъэхэр хуаунэтIащ а гуфIэгъуэр къадэзыIыгъа, классыщIэхэр къызэгъэпэщынымкIи, нэгъуэщI лъэныкъуэхэмкIи сыт щыгъуи щIэгъэкъуэныфI къахуэхъу Аргун Олег.
А махуэм хэплъа псори щыхьэт техъуащ этно-классхэм щеджэ еджакIуэхэм еджэныгъэм къинэмыщIа зэфIэкIхэри зэрабгъэдэлъым. Апхуэдэщ адыгэм къыдекIуэкIыу щыта IэщIагъэхэр. Пщащэхэм хьэщIэхэм ирагъэлъэгъуащ дыщэидэр, хэдыкIыр, цы гъэпцIам хьэпшып гъэщIэгъуэныщэхэр къызэрыхащIыкIыфыр. Уеблэмэ афэджанэ щIынми зрапщыт Адышэс Азэмэт и гъэсэн щIалэ цIыкIухэм. Мастеркласс жыхуиIэр къызыхуэтыншэу утыкум щагъэлъэгъуащ а махуэм. «Бжэ зэIуха» зэIущIэшхуэм къэпщытэжыныгъэ хуащIащ, ялъэгъуам, зэхахам ирипсэлъэжащ. — Илъэс зыбжанэ хъуауэ ди еджапIэхэм къыщызэIуах этно-классхэр. Ахэр ятегъэпсыхьащ Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм, адыгэм и бзэр, и хабзэр, и фIыр ихъумэным хуолажьэ лъэпкъ этно-классхэр. Апхуэдэ классхэм щеджэнрэ щезыгъэджэнрэ зэрыдиIэр нобэрей зэIущIэшхуэми къигъэлъэгъуащи, гур зэщIеIэтэ, гушхуэныгъэ къытхелъхьэ. Дэ къыдэлъытар аращи, ди къару къихьымкIэ защIыдогъакъуэ, дяпэкIи абы дытетынущ, — жиIащ КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и депутат, ДАХ-м и вице-президент, лъэпкъ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Аслъэнхэ Алий. — ЩIэблэм и тхыдэр, лъэпкъ хабзэхэр, IэщIагъэхэр, къызыхэкIар ицIыхужыным папщIэ мы еджапIэм Iуэху зэмылIэужьыгъуэ куэд къыщокIуэкI, нобэ дызыхэтар апхуэдэ куэдым ящыщ зы къудейуэ аращ, — жиIащ лъэпкъ, жылагъуэ Iуэхузехьэ, АлиБэрдыкъуэ къуажэм щэнхабзэмкIэ и Унэм и унафэщI Унэгъэс Зэмрэт.
Махуэм къаIэта Iуэхум я къызэгъэпэщакIуэу щытащ адыгэбзэр, тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ хъумэнымкIэ «Адыгэ Купсэ» ОПФ-р, адыгэбзэмрэ литературэмрэ ягъэджынымкIэ, ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ егъэджакIуэ Ассоциацэр, Хьэбэз муниципальнэ районым егъэджэныгъэмкIэ и Управленэр, Iуэхур здекIуэкIа еджапIэм и лэжьакIуэ-егъэджакIуэ гупыр, еджакIуэхэр.
Къеблэгъа хьэщIэхэр: адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэр, депутат, Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Аслъэнхэ Алий, хьэрычэтыщIэ Аргун Олег, егъэджэныгъэмкIэ район Управленэм и унафэщI Сидакъ Жаннэ, адыгэбзэр щадж еджапIэхэм я егъэджакIуэхэмрэ унафэщIхэмрэ.
ТУАРШЫ Ирэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.