ГъущI ахъшэ зэхуэхьэсынымкIэ «ЩIэблэ арэзыхэм я фIыщIэ мыкIуэщIыр» зи фIэщыгъэцIэ акцэр республикэм щыпсэухэм къахузэригъэпэщащ Байчоровэ Марие и цIэр зезыхьэ, тхыдэ-щэнхабзэ, щIыуэпс музей-къуэдмэзым.
Абы хэтахэм яхузэфIэкI къамыгъанэу мы IуэхуфIым хэлъхьэныгъэ хуащIащ. Зэхуахьэса ахъшэр фэеплъым и зы Iыхьэщ, абы къегъэлъагъуэ Хэку зауэшхуэм и фэеплъыр хъумэнымкIэ псоми ди зэхуэдэ къалэныр зэрыдгъэзащIэр.
Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид мы проект гъэщIэгъуэныр игу зэрырихьар къыхигъэщу жиIащ щIалэгъуалэр хэкупсэу, къэралым и блэкIам пщIэ хуищIу къэгъэтэджынымкIэ апхуэдэ хьэрычэтыфIхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр. Езы музей-къуэдмэзым и лэжьакIуэхэри акцэм хэтати, я гуапэу хэлъхьэныгъэ хуащIащ совет сэлэтым лIыгъэу зэрихьам теухуауэ къагъэщIа фэеплъым.
ЛЫХЬ Тимур
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.