Беслъэнейм и хьэщIэ лъапIэхэр

Хьэбэз районым хыхьэ Беслъэней къуажэм хьэщIэ цIэрыIуэхэр къеблэгъащ. Абыхэм ящыщщ: ХЬЭПАЙ Арамбий. Ар Мейкъуапэ щыщ самбист, дзюдоист цIэрыIуэщ, СССР-м, Европэм, Дуней псом я чемпионщ, спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастерщ, СССР-мрэ Урысеймрэ щIыхь зиIэ я гъэсакIуэщ рщ, СССР-мрэ Урысеймрэ щIыхь зиIэ я гъэсакIуэщ. ШАМАЕВЭ Юлэ самбомкIэ Урысейпсо проектхэм я унафэщIщ, а спорт лIэужьыгъуэр къэрал псом цIэрыIуэ щыщIыным йолэжь.

ПщIэ зыхуащI хьэщIэхэр кърагъэблэгъащ Беслъэней къуажэ администрацэм, нэхъыжьхэм я Советым хэтхэм, жэмыхьэтым, къуажэдэсхэм. ЗэIущIэр гуфIэгъуэ дауэдапщэкIэ къызэIуахащ. ХьэщIэхэр къуажэм и унафэщIхэмрэ нэхъыжьхэмрэ я гъусэу екIуэлIащ жылагъуэм дэт фэеплъ сынхэм. Адыгэ анэм и фэеплъ сын цIэрыIуэм удз гъэгъахэр тралъхьащ. СВО-м хэкIуэда, Беслъэней къуажэм щыщ щIалэхэми яхуэщыгъуащ, я фэеплъым пщIэ хуащIащ. Щэнхабзэ программэм къриубыдэу зэдеплъащ «Бесленей. Право на жизнь» фильмым, беслъэнейдэсхэм я цIыхугъэшхуэр, тхыдэ лIыгъэр, быдагъэр иджыри зэ ягу къагъэкIыжащ. Мы махуэм и кIэухыу хьэщIэхэр ирагъэблэгъащ адыгэ Iэнэм. Абыхэм папщIэ лъэпкъ шхыныгъуэхэр ягъэхьэзыращ Джэдырхэ Аслъэнрэ Разитэрэ я унагъуэм. ХьэщIэхэр къызэрыкIуар щапхъэ лъапIэ хуэхъунущ щIэблэхэр зэрызэкIэлъыкIуэм, хабзэхэм зэрыхуэпэжым, лIыхъужьхэм я фэеплъым, щIалэгъуалэм спорт и лъэныкъуэкIэ я зыужьыныгъэм мыхьэнэшхуэ зэриIэм.

Зыгъэхьэзырар САНЭШОКЪУЭ Ренатщ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *