Апхуэдэр ящыгъупщэкъым

1941-1945 гъэхэм екIуэкIа зауэ гущIэгъуншэм зи сабиигъуэр хиубыдахэм ящыщщ Хутэ Уэсмэн. Хутэхэ я унагъуэм гугъуехь куэд яшэчащ — 1935-1937 гъэхэм екIуэкIа репрессиер, Хэку зауэшхуэр щекIуэкIа илъэс хьэлъэхэр, зауэ нэужьым щыIа гъаблэр…

— Хэку зауэшхуэм щыщIидзам си ныбжьыр илъэси 12 ирикъуати, сощIэж а зэманым екIуэкIар. Зауэм ипэкIэ щыIа репрессием си адэр хэхуащ. Ар Черкесск къалэм дэт хьэпсэм ирадзэри, илъэс бжыгъэкIэ исащ. Си нэгум щIэтыжщ си адэм и деж си анэм сызэрыздишауэ щытар. Апщыгъуэм, къуажэм дикIри, Черкесск къалэм лъэсу дыкIуауэ щытащ. А зэманым машинэ щыIэтэкъым. Ди анэм игъэхьэзыра гъуэмылэр тщтэри, гъуэгу дытехьащ. Гъуэгур зэрыщытыр арат: ЕлбыргъэнкIэ узэпрыкIти, Куэш-Хьэблэ къуажэмкIэ удэмыхьэу, тхыцIэм ущрехт, Къэрэпагуэ къуажэр сэмэгурабгъумкIэ къанэу, къуэ цIыкIухэр иIэщ къуэдмэзкIэ еджэу. Мис абыкIэ узэпрокIри, ижьымкIэ боIуантIэри, Черкесск къалэм удохьэ. Апхуэдэу, а гъуэгум дытету, сыцIыкIуу, си анэм сыздишэри, хьэпсэм здисым си адэр сигъэлъэгъуауэ щытащ. Къэдгъэзэжауэ дыкъыщыкIуэжым, къуэдмэзкIэ дыкъызэпрыкIыжри, си анэшыр Ботэщей къуажэм щыщ Къардэнхэти, абы сыкъигъанэри, си анэр езыр унэм къэкIуэжауэ щытащ. Мис ар си сабиигъуэм си нэгум къыщIэнэжащ.

А илъэсхэм цIыхур хуабжьу гугъу ехьащ. Шхынымрэ щыгъынымрэ Iэслъэст. Унагъуэм хьэпшыпыфI илъхэр си анэм къызэщIикъуэти, МэрыхъукIэ ихьти, абдеж ахэр нартыхукIэ къихъуэжт. ГъэмахуэкIэ мэзым дыкIуэурэ пхъэ къэтхьт, ахэр дгъэгъути, щIымахуэм дгъэсынхэр апхуэдэу дгъэхьэзырт. Е 1-нэ, е 5-нэ, е 6-нэ, 11-нэ шахтэхэр апщыгъуэм лажьэти, абыхэм шыгукIэ фIэмыщI кърашти, зэфIытетхыу зэбгырытхт.

Зауэм щIидзэри, къуажэдэс цIыхухъухэр дзэм ираджэу хуежьащ. Зэхэуэ гуащIэм зи адэхэр, къуэхэр, къуэшхэр, щхьэгъусэхэр зымыгъэкIуа унагъуэхэр къэгъуэтыгъуейт. Языныкъуэхэм деж адэхэр дэкIт я къуэхэр я гъусэу. Къуажэм унагъуищэхэр дэст фронтым цIыху зыбжанэ ягъэкIуауэ. Ипэхэм къытщыхъуащ зауэр дэ къытлъэмыIэсыну. АрщхьэкIэ, нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр ди къуажэми къынэсащ.

СощIэж, бжьыхьэ хуэгъазэ хъуауэ, си адэмрэ сэрэ былым дгъэхъуу, къуажэкIэмкIэ гъуэгубгъым иIэ губгъуэм дитт. Абдеж румын сэлэтхэр зэрыс машинитI къоувыIэ. Ахэр ди къуажэм къыдыхьэ къудейт. Зыбгъэхъеину Iэмал иIэтэкъым, зыгуэр ягу иримыхьу жыпIэмэ е зыгуэру зыпщIмэ, сабий, лIыжь-фызыжь яIэтэкъым, уаукIынут, зыкIи къоплъынутэкъым.

Апхуэдэу, бийр зэрыс машинэхэр тпэгъунэгъуу къэувыIащ. БжьэпэмкIэ уплъэмэ, ди къуажэгъу Темырдащ Мухьэмэд и адэм гуэдз ипхъэу хэтт. Сэ сыздэщыт лъэныкъуэмкIэ нэмыцэ сэлэтитху къикIри, Мухьэмэд и адэр здэщыIэ лъэныкъуэмкIэ ежьащ. Абы ищIэр зрагъэлъагъури, ди дежкIэ къаунэтIащ. Дгъэхъу былымхэм яхэт зы танэ къаубыдщ, машинэм ирадзэри, щIэпхъуэжахэщ. Танэр зейм ар къыщицIыхум, къэгубжьри, нэмыцэхэм зыгуэр яжриIэну зричат, арщхьэкIэ си адэм абы и Iэблэр къиубыдри, «Зомыгъэхъей, якIэрыкI, къоуэнщи уаукIынщ, якIэрыкI», — жери игъэкIуакъым, къызэтригъэувыIэжащ. Нобэ ди сабийхэр здыщеджэ еджапIэр сабий IыгъыпIэу щытащ. Мис а пщIантIэр къуажэм къыдыхьа нэмыцэхэм яубыдауэ яIыгът, хуиту уэрам утехьэ хъунутэм, дащышынэт. Абыхэм къуажэм дамыгъэхъыхьа щыIэкъым, хуабжьу Iеяхэщ. Уи бжыхьи, куэбжи Iуатхъынут зэхагъэлъэлъэнути абыкIэ пщэфIэнути шхэнурэ зэбгъырыкIыжынут. Аращ зэрыщытахэр.

Къуажэм къыдэнэжар лIыжь-фызыжьхэм, бзылъхугъэхэм, сабийхэм я закъуэт. Къэралым хабзэ ткIий щагъэуват. Абы къикIт ди сабиигъуэ насыпыфIэм кIэ игъуэтауэ. Дэ, балигъыпIэм имыувахэр, дымэжалIэу, щIыIэм дису щхьэж хузэфIэкI, и къару къихь длэжьт. Арами, псэкIэ зыхэтщIэт ТекIуэныгъэр къэдгъэблагъэу фронтым дызэрыдэIэпыкъур. Пасэу балигъ ныбжьым иува дэ абы къару къытхилъхьэт.

Зауэр щекIуэкIа илъэсхэми, зауэнэужь лъэхъэнэми, пэжщ, цIыхухэр къулайсызу псэуащ, ауэ нэмыс, укIытэ щыIащ, Iуэху блэжьым, уи лэжьыгъэм пщIэ иIащ.

Мы Iуэхугъуэри фIы дыдэу соцIыхуж. 1944 гъэр екIуэкIт. Гъатхэ базэу дывэу губгъуэм дитт. Выхэр пхъэIэщэм щIэтщIэти, губгъуэр двэт. Шэджагъуэм дышхэт, тIэкIу зыдгъэпсэхути, аргуэру ди Iуэху дыпэрыувэжт. Апхуэдэурэ дылэжьащ. Абдеж ди гъусащ ди нэхъыжьыфIхэу Уэтэрхэ Аслъэнджэрийрэ Мухьэмэдрэ, нэгъуэщI лIыжьхэри. Абыхэм хуабжьу акъыл яIэу къытпылъащ, зы махуэ цIыху псалъэ Iей зэжраIакъым, дызэдэIэпыкъут, зым-зыр хуэдгъэкIуатэу дызэдэлэжьащ. Ди ерыскъы зэхэлъу, дызэдэшхэу арат зэрыщытыр. ЛIыжьхэм къыджаIэм, къытхуащI унафэм дебакъуэтэкъым. Апхуэдэу, нэхулъэр къызэщIича къудейуэ ди нэхъыжьхэм дыкъагъэтэджащ «выхэр кIуэдащи, къэвгъуэтыж» жари. Уэсэпсым ди лъапэхэр пиутыкIыжауэ, выхэр къэдгъуэтыжри, къэтхужауэ щытащ. Ди нэхъыжьхэм пщIэшхуэ яIащ, нэхъыжьми нэхъыщIэми дяку пщIэ дэлъу дыкъызэдэгъуэгурыкIуащ.

Мис апхуэдэу дыкъэхъуащ зауэм хиубыда сабийхэр, — Уэсмэн и гукъэкIыжхэм дыхигъэдэIуащ.

Тхыгъэм и пкъым изыгъэувар ЕЗАУЭ Маринэщ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *