Анэ-адэхэми зрапщытащ

Мазаем (февралым) и 7-м Амирокъуэ Ибрэхьим и цIэр зезыхьэу Куэш-Хьэблэ къуажэм дэт гимназием егъэджэныгъэ-узэщIыныгъэ акцэ, «Итоговое собеседование по русскому языку для родителей» щхьэщIэдзапIэм щIэту екIуэкIащ. И мыхьэнэ нэхъыщхьэу щытар урысыбзэмкIэ къэзыпщытэж зэпсэлъэныгъэр щрагъэкIуэкIкIэ къэув упщIэхэм яхуэгъэза хъыбарегъащIэ – зэхэгъэкIыныгъэ лэжьыгъэр къызэгъэпэщыныр, психологическэу щытыкIэр къазэрытехьэлъэр гъэмэщIэныр, зэIухауэ а Iуэхугъуэр къызэгъэпэщынымрэ егъэкIуэкIынымрэщ.

Ауэ, иджыкIэ мы ак цэр зыхуэгъэпсауэ щытар е 9-нэ, е 11-нэ классхэм щеджэ, мы гъэм къэзыпщытэж экзаменхэр къызыпэщылъхэм я анэ-адэхэращ. Апхуэдэти, акцэмкIэ къызэщIрагъэубыдащ Хьэбэз районым и еджапIэхэм щеджэ ныбжьыщIэхэм я анэ-адэ 19. Iуэхугъуэр зэрекIуэкIыр я нэIэм щIэтащ Хьэбэз муниципальнэ районым и Iэтащхьэм и къуэдзэ Унэж Рэмэзан, Хьэбэз район администрацэм егъэджэныгъэмкIэ и Управленэм и гуащэ Сидакъ Жаннэ, абы и къуэдзэ Аслъэныкъуэ Светланэ, егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм я чэнджэщакIуэхэм я муниципальнэ координатор Жу Салимэ, «Черкес хэку» га зетым и редактор нэхъыщхьэ Абидокъуэ Люсанэ, къуажэм и Iэтащхьэ Къантемыр Алибек сымэ.

— Мыпхуэдэ узэщIыныгъэ лэжьыгъэр къыщIызэдгъэпэщым и къалэн нэхъыщхьэр анэ-адэхэм янэтхьэсынращ е 9-нэ классыр къэзыуххэр зыхэтыну къэпщытэжыныгъэм шынагъуэ зэрыхэмылъыр. Абы дэтхэнэри нобэ фыщыгъуэзэфынущ, фи щхьэкIэ зыхэфщIэфынущ. АтIэ, нобэ дэтхэнэми зефпщытыфынущ бгъэдыхьэкIиплIкIэ екIуэкIыну «къэзыпщытэж» экзаменым. Район акцэр къызэгъэпэщыным хуабжьу жыджэру бгъэдыхьа, Куэш-Хьэблэ гимназием и лэжьакIуэхэр, и щхьэкIэ — унафэщI Сэкий Уэзир, абы къыдэлажьэ гуп зэгъэпэщам фIыщIэ ин хузощI сыт щыгъуи хуэдэу икъукIэ лэжьыгъэр фIагъ хэлъу къызэрызэрагъэпэщамкIэ.

АдреймкIэ, нобэ акцэм хэтыну хъуар къыфхуэув къалэнхэм фызэрыпэлъэщынур си фIэщ мэхъу. ЕхъулIэныгъэ хэлъу фи щхьэкIэ, пIалъэ кIэщI текIмэ, фи сабийхэри къэпщытэжыныгъэм пхыкIыну сывохъуэхъу! — акцэм хэт анэадэхэм захуигъазэкIэрэ жиIащ Сидакъ Жаннэ. Иужьым, анэ-адэхэр пэш щхьэхуэхэм щIагуэшащ, абыхэм къэпщытэжыныгъэ къадезыгъэкIуэкIыну егъэджа кIуэхэри ягъэбелджылащ. Апхуэдэ пщэрылъхэр ягъэзэщIащ Iуэху зэхэщIыкI лъагэ зыбгъэдэлъ, гимназием илъэс пщIы бжыгъэ хъуауэ щылажьэ егъэджакIуэхэм. Акцэм и къызэгъэпэщакIуэу щытар, абыкIэ жэуаплыгъэ нэхъыщхьэр зыхьар гимназием и унафэщIым и къуэдзэ Быж Мадинэщ.

Экзамен-зэпсэлъэныгъэр ирагъэкIуэкIащ Жантемыр Беслъэнрэ Мамыжь Фатимэрэ; экзаменатор – щIэплъыкIакIуэу щытащ Борэныкъуэ Маридэрэ Булжат Люсэрэ. ЖыIэпхъэщи, акцэр езыгъэкIуэкIахэр хущIэкъуащ еджакIуэхэр къэзыпщытэж жьэрыIуатэ экзаменыр щатыну махуэм зэрыщытын хуей къабзэм хуэдэу псори къызэрагъэпэщыну. ИкIи, анэ-адэхэм ахэр зэралъэгъуам къыдэкIуэу, икIи езыхэми зыхащIащ экзаменым ипкъ иту екIуэкIыну хъуар, щIэныгъэ ябгъэдэлъмэ, еджакIуэхэм зыкIи къазэремыхьэлъэкIынур.

Акцэм хэта анэ-адэхэр къызэрыддэгуэшамкIэ, апхуэдиз илъэс бжыгъэ хъуауэ еджапIэм щемыджэжми, къэзыпщытэж лэжьыгъэм гусыси пIейтеиныгъи хэмыту бгъэдыхьащ, икIи, икъукIэ хъарзынэу къадэхъуащ.

АБИДОКЪУЭ Люсанэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *