Адыгэпсэм емыпцIыжа усакIуэ

Адыгэ усакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ ЩоджэнцIыкIу Алий Iэсхьэд и къуэр къызэралъхурэ жэпуэгъуэм и 28-м илъэси 125-рэ ирикъуащ. Мы цIыху къызэрымыкIуэр, адыгэ усыгъэр гъэпсыкIэщIэм хуэзыгъэкIуар, тоническэ усэ гъэпсыкIэр силлабическэм хуэзышар, усэбзэм и ритмикэри и IукIэри нэхъ къулей зыщIын зылъэкIар 1900 гъэм Урыс империем хыхьэ Тэрч областым и Налшык округым щыщ Кушмэзыкъуей къуажэм къыщыхъуауэ щытащ (иджы ар Бахъсэн къалэращ).

Жагъуэ зэрыхъущи, гъащIэ мащIэ хъуащ мы адыгэлIыр. Ауэ, ЩоджэнцIыкIу Алий жьыщхьэмахуэ хъуну и натIэ итхауэ щымытами, абы къигъэна лъэужьымрэ лъэпкъым хуищIа Iуэху дахэхэмрэ игъащIэкIи ди тхыдэм хэшыпсыхьыжынукъым…

Алий бынунагъуэшхуэщ къыздэхъуар. ИкIи сабийр пасэу еджэным, щIэныгъэм хуэпабгъэ хъуащ. Апхуэдэу 1908 гъэм ар я къуажэм къыщызэIуахауэ щыта еджапIэм кIуэн щIидзащ. Абдеж урысыбзэмрэ хьэрыпыбзэмрэт зыхурагъаджэр. ЕджапIэр Алий тыншу къызэринэкIа нэужь, щIэныгъэм и дунейм адэкIи хэтыну хъуапсэ ныбжьыщIэр муслъымэн еджапIэм щIэтысхьэжащ. ЖыIэпхъэщи, Алий яхэтат узэщIакIуэ, тхакIуэ Дым Iэдэм и мыдрисэм япэ дыдэ щIэтIысхьахэм. Абы Урыс еджапIи мыдрисэри къиухат, Къаир дэт Аль-Азхар университетми щеджат.

А зэманым Къэбэрдейм нэхъ щIэныгъэшхуэ зиIэу исахэм яхуэдэт. Дымым 1912 гъэм адыгэбзэ мыдрисэ къызэIуихат. Iэдэм Къаир щыкIуэм, Алий 1914 гъэм, Гугухэ я мыдрисэ-хьэлийм кIуэжащ. Абдеж Истамбыл дэт университетыр къэзуха, адыгэбзэм, лъэпкъ тхыдэм фIыуэ щыгъуазэ ЦIагъуэ Нурий щIалэхэр адыгэбзэкIэ щригъаджэт. Ар абы кIуэ ныбжьыщIэхэм ягу дэмыхьэуи къэнакъым. АрщхьэкIэ апхуэдэ бгъэдыхьэкIэр зигу темыхуэ семинарием и унафэщIхэм ЦIагъуэр а еджапIэм къыIуагъэкIыжащ. Алии еджапIэм къыщIагъэкIыжащ, и егъэджакIуэр зэрыIуагъэкIыжым папщIэ пэкIу зэрызэхишам къыхэкIыу…

Ауэ ЦIагъуэр къикIуэтакъым, абы къыщыIуагъэкIыжым, Дыгулыбгъуей деж езым и еджапIэ къызэIуихыжауэ щытащ. ИкIи Алий абы илъэскIэ щеджащ. Нурий и фIыгъэкIи, егъэджакIуэ IэщIагъэм дихьэха Алий 1915 гъэм ТемирхъанШурэ (иджыпсту Буйнакск), абы йокIри Бахъшы-Сэрай (Кърымым) еджакIуэ макIуэ. 1917 гъэм революцэм ипкъ къикIыу еджапIэр зэрызэхуащIам къыхэкIыу, ар и щIэныгъэм хигъэхъуэну Истамбыл щыIа педагогическэ еджапIэм нос. ЖыIэпхъэщи, Тыркур щIалэм гуапэу къылъыкъуэкIакъым. Кърымым кърагъэкIа ныбжьыщIэхэм зыри къапежьакъым, ахэр здыщIэсыни хузэрагъэпэщакъым. Абы къыхэкIыу я щхьэ япIыжын хуей мэхъу: хьэлъэзехьэу кхъухь тедзапIэм мэлажьэ. ИужькIэ Алий абы щыпсэу адыгэхэм яIуощIэри, ахэр къыдоIэпыкъури, и гъащIэр нэхъ тынш мэхъуж, зыщIэхъуэпса егъэджакIуэ IэщIагъэм хуеджэнми пищэну Iэмал егъуэтыж.

Хамэ къэралым Алий илъэситIкIэ щыIати, тыркубзэр шэщIауэ ицIыхуащ, еджапIэми етауэ щеджащ. Зи нэгу куэд щIэкI ныбжьыщIэм, зи къэухьым зиубгъу зэпыту щытым, Истамбыл дежщ усэн щыщIидзар. И усэ лъэщ дыдэхэу — «Тырку хадэм», «Жынгызмэ и нып фIыцIэжьыр», «Нанэ» жыхуиIэхэр здызэ хилъхьар Истамбыл къалэращ. Апхуэдэу 1917 гъэм итха сатыриплIым Жынгызмэ и нып фIыцIэжьыр Адыгэм жьауэ хуэхъункъым, Темыр щIакъуэ къригъэпс дыгъэкIи Iуащхьэмахуэ уэсыр текIынкъым. Алий ныбжьыщIэ пэтми, адыгэм и тхыдэми, лъэпкъым и псэ щытыкIэми зэрыщыгъуазэр къагъэлъэгъуащ. Мыбдеж Чингизхъанрэ (Жынгызмэ жыхуиIэм), Темыр щIакъуэрэ Кавказыр илъэс куэдкIэ «зэраутхыпщIам», адыгэхэм лIыгъэрэ ерыщагърэ зэрахэлъам зэрыхищIыкIыр къегъэлъагъуэ. «Тырку хадэм» усэр нэгъуэщIщ. Ар зытеухуар хэхэсу псэу ди лъэпкъэгъу адыгэхэращ. Усэм IупщIу къыхощ авторым и гур зыхуз Iуэхугъуэр: адыгэм ящыщ куэдыр лъыкIэ хамэ лъэпкъым зэрыхэшыпсыхьар, бзэр зэраIумылъыжыр…

Мис абы щыщ пычыгъуэхэр: … ТыркущIым ар къыщалъхуати, Мэрхьэбэр къыщызиутым: «ЗикI жумыIэ, Жанпагуэ дахэ, Сэ уи адэжьхэм сагъэукIытэнщ. «Мэрхьэбэу» мы пэкIуэ хьэлъэр Си фIэхъусым щытебгъэкIуакIэ, АбыкIэ гурыгъу згъуэтахэр Уи дежым ныщеупсых!»… …ТхьэIухуду мы ди шыпхъу дахэхэм Хамэлъыр щащIэлъэдакIэ, ИкIэ дыдэу мы тураныжьхэм Адыгащхьэр щыхуагъэлъахъшэкIэ –… «Нанэ» усэращи – ар цIыхухэр зэхуэмыдэу мы дунейм зэрыщыпсэуми, цIыхухэм зыр зым ягу щIагъуэ зэрыхуэмыузыжми, сыт хуэдэ гугъуехьми цIыхум анэр псом япэу и гум къызэрыкIми теухуащ.

Уегупсысмэ, «Нанэ» усэр хэхэс гъуэгуанэр зи натIэ хъуа дэтхэнэ адыгэми и гум къипсэлъыкIауэ худогъэфащэ… 1919 гъэм ЩоджэнцIыкIум еджэныр къызэринэкIри, и Хэкум къигъэзэжащ. Революцэ нэужьти, дэни тхьэмыщкIагъуэр щыкуэдт. ПсэукIэщIэм зыдебгъэкIун хуейти, Налшык къыщыдэкI «Налькавстрой» газетым щы лэжьэну Iуохьэ. АрщхьэкIэ, абы гу къылъатэри, Баку еджакIуэ ягъакIуэ. Абдеж илъэсым нэблагъэкIэ щыIа нэужь, ар Дербент къалэм ВЧК-м и къулыкъухэм щылэжьэну яунэтI.

Ауэ абдеж хуабэ узыр къоуалIэри, сымаджэ хьэлъэу 1922 гъэм Налшык къашэж. И узыншагъэр зэтеувэжа нэужь, «Красная Кабарда» газетым лэжьэн щрегъажьэ. Ауэ 1923 гъэм къыщалъхуа къуажэм мэкIуэжри, абдеж егъэджакIуэу лэжьэн щIедзэ. ИкIи щIэныгъэр къэIэтыным, цIыхубэм яхыхьэным илъэс 12-кIэ псэемыблэжу хуолажьэ. А пIалъэм къриубыдэу, Алий егъэджакIуэуи, курыт, мэкъумэш еджапIэхэм я унафэщIуи лэжьащ.

1934 гъэм щегъэжьауэ ЩоджэнцIыкIур тхакIуэхэм я Союзым щолажьэ. Ар тхэным хуэпабгъэ ныбжьыщIэхэм ядолажьэ, я зэчий зрагъэужьыным трегъэгушухэ. А лэжьыгъэм къыдэкIуэу Алий Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м лъэпкъ щэнхабзэмкIэ Институтми и гуащIэ щегъэтIылъ: ар хэтщ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсынымкIэ экспедицэхэм, кърихьэлIа тхыгъэхэр зэгъэзэхуэным толажьэ. Хэку зауэшхуэр щIидза нэужь, ЩоджэнцIыкIум къыхудэхуащ Хэкур хъумэным хуэунэтIа усэхэри итхын. 1941 гъэм и бжьыхьэм зауэм кIуа Алий гъэр хъуа гупым яхэхуащ. Жагъуэ зэрыхъущи, ЩоджэнцIыкIур фашистыIуэм къикIыжакъым…

Арами, гъащIэ мащIэ хъуа Алий литературэ щIэин лъэрыхь къигъэнэн лъэкIащ. Апхуэдэщ усэбзэу тха романыр, поэмэхэр, рассказхэр, усэхэр, публицистикэр, адыгэбзэм иригъэзэгъа тхыгъэхэр. Алий и IэдакъэщIэкI нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщщ «Мадинэ», «Тембот и дыгъуасэхэр» лIыхъужь поэмэхэр, «Къамботрэ Лацэрэ» усэроманыр, «Хьэжыгъэ пут закъуэ», «Кхъужьей щIагъым» рассказхэр. КъинэмыщIауэ, урысей тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр адыгэбзэм иригъэзэгъащ, езым и тхыгъэхэри СССР-м щыпсэуа лъэпкъ зэхуэмыдэхэм я бзэкIэ зэрадзэкIауэ щытащ. ЗэрытхакIуэшхуэм къинэмыщIауэ, ЩоджэнцIыкIур цIыхушхуэу, адыгэлI нэсу зэрыщытам къыхэкIыу, ар Хэку зауэшхуэм къызэрыщыхута хъуам, абдеж ар цIыху нэсу къызэрынэжам и хъыбарри ди щIэджыкIакIуэхэм янэтхьэсмэ тфIэигъуэщ. ЖыIэпхъэщи, зауэр къыщыхъеям Алий IэнатIэшхуэ пэрытт, тхакIуэхэм я Союзым и тхьэмадэт. АрщхьэкIэ, ЩоджэнцIыкIум «бронь» жыхуаIэр кърамыту къэнащ. ЗэрыжаIэжымкIэ, (тхакIуэм и Iыхьлыхэм) ЩоджэнцIыкIур Налшык къалэм здыщыпсэу унэм ищхьэкIэ республикэм и военкомыр щыпсэут. Зэгуэрым абы Алий я деж иригъэблэгъауэ щытащ. ХьэщIапIэм къикIыжа нэужь, Алий и щхьэгъусэм жриIащ ар фронтым зэрыIуувэнур. КъызэрыщIэкIамкIэ, а пшыхьым Алийрэ военкомымрэ псалъэмакъ яку къыдэхуащ: Кавказ зауэм теухуат а зэдауэр.

Алий военкомым жриIащ а зауэр адыгэмкIэ лъэпкъгъэкIуэд Iуэхугъуэу зэрыщытар, я щIыгухэр зэрызэрапхъуар… КъинэмыщIауэ, Хэку зауэшхуэр щIидзэн ипэ ЩоджэнцIыкIум гу лъитат абы НКВД-р къызэрыкIэлъыплъым. Ар къызыхэкIар репрессием щIэхуа Дым Iэдэмрэ ЦIагъуэ Нурийрэ Алий и егъэджакIуэхэу зэрыщытаращ. Абы игущIыIужкIэ, Алий Тыркуми щеджат, щыпсэуат. Щхьэхуит-псэхуиту щыт Алий 1932 гъэм колхозхэр щаухуэм, ар зэрыфIэмытэрэзри жиIауэ щытащ… 1937-38 гъэхэм къэралым иригъэкIуэкIа Iуэхугъуэр — «аресты врагов народа» — ЩоджэнцIыкIум къызэрилъытэу щытар лъэпкъым щыщу гупсысэ узыншэ, акъыл жан зиIэхэр зэрагъэкIуэд Iэмалыущ.

УсакIуэм къыгурыIуэт и псэр зыщIэхъуэпс псори птхы, утыку ипхьэ зэрымыхъунур. Абы къыхэкIыу и гупсысэ пэжхэр къэзыIуатэ тхыгъэхэр унэм щызэрихьэт, икIи унэр къаплъыхьыну, къаущыхьыну къытеуэну къыщицIыхукIэ и Iэрытххэр игъэсыж зэпытт. Алий зауэм щыдэкIым и Iэрытх куэд иджыри къэнат унэм.

И щхьэгъусэм жриIат къимыгъэзэжмэ, ахэр зэрыхъукIэ къытрадзэну. Ауэ, жагъуэ зэрыхъущи, абыхэм ящыщ куэд кIуэдащ… НКВД-м зыщIигъэт щIэплъыкIыныгъэр усакIуэм хуэмышэчыжыххэ щыхъум, ар ВКП (б)-м Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ обкомым и секретарь Къалмыкъ БетIал деж кIуащ. Алий къулыкъущIэм ириIуэтылIащ зэш ямыIэу къызэрыкIэлъыплъхэр, икIи щIэупщIащ ар сытым къыхэкIми. Къалмыкъыр дыхьэшхри, жэуап къитыжащ Алий и творчествэр игу зэрырихьыр икIи жиIащ ар псэуху Алий зыри къызэрыщымыщIынур. Апхуэдэуи хъуащ: Къалмыкъыр псэуху ЩоджэнцIыкIум и гугъу къащIакъым. Ауэ 1940 гъэм Къалмыкъыр яукIащ, ЩоджэнцIыкIури фронтым яунэтIащ. 1941 гъэм и фокIадэ мазэм Алий ухуакIуэ батальоным хэту фронтым екIуэлIащ. Ар УкраинэмкIэ къызэрыщыхутамкIэ и щхьэгъусэм письмо къыхуитхауи щытащ. Полтавэ деж эшелоныр къыщыувыIэри, колхоз гуэрым сэлэтхэр щрагъэкIри, щIэпыр паупщIу зэхуахьэсыну пщэрылъ къыхуащIащ.

Сэлэтхэр Iэщэншэт. А пIалъэм ирихьэлIэу нэмыцэхэм фронтым и зы Iыхьэр пхатхъри, къэралым къизэрыгуащ. Апхуэдэуи красноармеецхэр гъэру яубыдащ. Куэд дэмыкIыуи ахэр Беларус ССР-м и Бобруйск къалэм щаухуа нэмыцэIуэм яшащ. Сэлэтхэр нэмыцэIуэм зэрашар Iэщым папщIэ щыIэ вагонхэрат. ЦIыхухэр ягъашхэтэкъым. Зи гукъэкIыжхэмкIэ иужьым цIыхубэм къадэгуэша Хьэфиз Лалу а вагоным, ЩоджэнцIыкIум щIыгъуу, къыщыхутауэ щытащ: «Станцхэм языхэзым ди вагоным зы щIакхъуэ кърадзащ. ЦIыхухэм щIакхъуэр зэфIытрахын щIадзащ. Абдеж псори къызэтезыгъэувыIа зы макъ лъэщ ткIий къэзэхэтхащ. Ар зи макъыр мылъагэ лIы къуэгъу нэ фIыцIэрат. Ар апщыгъуэм япэу слъагъу ЩоджэнцIыкIу Алийт. Сэ Алий зэи сигу ихужынукъым.

Абы жиIащ: «Си къуэшхэ, сэ фэр нэхърэ тIэкIу сынэхъыжьщи, фыкъедэIу вжесIэнум… Мы дунейм зы лъэпкъи тету къыщIэкIынкъым адыгэхэм ялъэгъуа зауэхэм нэхъыбэ зылъэгъуа. Фашистхэм зы къалэнщ яIэр – цIыхухэр укIыныр е я акъылыр щхьэщагъэкIыу, гъэр жыIэдаIуэ ящIынращ. Дэ иджыкIэ дызэрыт щытыкIэм ипкъ иту дигу идгъэлъыпхъэщ: ди щхьэ пщIэ хуэтщIу дыкъэнэжын папщIэ, ди напэр тхъумапхъэщ. Ди бийм дыкъабзэу дилъагъупхъэщ псыпцIэпскIэ зыттхьэщIын къытхудэхуами…

ПщIэ зэхуэтщIын хуейщ, дызэдэIэпыкъун хуейщ. Ди щIыфэ пцIанэ ядгъэлъагъу хъунукъым, ди щыгъын зэфIэтхъахэр чыкIэ зэдгъэпэщыжарами. Фаджафэ къыдаплъ хъунукъым. Дыкъэрабгъэу е сытри къыдапэсу къащыхъун хуейкъым абыхэм. Ауэ псом нэхърэ нэхъ гугъу хъунур мэжалIэм епха щытыкIэращ. Абы ди напэр игъэкIуэдынымкIэ шынагъуэ пылъщ. Дапхуэдизу шхыныр мымащIэми, псоми зэхуэдэу зэхуэдгуэшу шыIэныгъэ тхэлъу шхыпхъэщ ар… армыхъумэ адыгэ напэм къемыкIу Iуэхухэр зетхьа хъунущ».

Гъэрхэм къыткIэлъыплъхэм ягъэщIагъуэт Алий и хьэлыр, и пагагъэр, и ерыщагъыр. Сэ иужькIэщ къыщызгурыIуар абы пщIэ зэрыхуащIым къыхэкIыу, адыгэхэр, къыдэмыкIу лэжьыгъэ дыпэрагъыхьэтэкъым». Хьэфиз Лалу зэрыжиIэжамкIэ, гъэрхэм мывэжьхэр ирагъэущыкъуейт. Алий концлагерым исхэм кърат Iус зэхэпщар ишхын идэтэкъым. Абы къыхэкIыу махуэ къэс и къарухэр щIэкIт. Нэмыцэхэм ятха дэфтэрхэм къыхощ ар гъаблэм зэрилIыкIар.

Нацистхэм гъэр къэс и досье яIэти, Алий зыхуэдэр яцIыхути, дэIэпыкъуэгъу, я лъэныкъуэ ящIыну мызэ-мытIэу пылъащ. АрщхьэкIэ, усакIуэм ар зэи яхуидакъым, «хьэуэ» яжриIэху яубэрэжьурэ щытами. Алий и псэр хэкIащ 1941 гъэм щэкIуэгъуэ мазэм… Языныкъуэхэм зэрыжаIэжымкIэ, ар концлагерым пэгъунэгъуу иIа мэзым щыщIалъхьэжащ.

Зыгъэхьэзырар ГЪУКIЭКЪУЛ Иринэщ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *