Адыгэм и дыщэ макъ

Жэпуэгъуэм и 2-м ТУТ Заур Нэжыд и къуэр илъэс 75-рэ ирикъуащ. ЗэрытщIэщи, ныбжьыр зэхэлъщ блэкIамрэ нобэмрэкIэ, абы къэкIуэнури яхэтыжу. ЦIыху ныбжьыр ауэ къызэрыкIуэ бжыгъэкъым, атIэ лъэбакъуэ зырызу зэхэлъ, пщIэ пылъу зыхуэкIуа лъагапIэщ. Заурщи, и гъуэгуанэм и кIыхьагъым абы и гум Хэкушхуэми, къыщалъхуа хэку цIыкIуми лъа-гъуныгъэ дахэ хуилъу къэгъуэгурыкIуа лIы нэсщ. Адыгэм и къуэ пажэ, Урысейм и цIыхубэ артист Тут Заур — ди лъэпкъ щэнхабзэм и напэщ!

Заур къыщыхъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Бахъсэн къалэм. Тхьэшхуэм кърита макъ лъэщыр, дахэр нэхъри егъэфIэкIуэн, абы зегъэужьын папщIэ, Заур щIыхьауэ щытащ Налшык дэт макъамэ училищэм икIи ар ехъулIэныгъэ иIэу къиухащ. Советыдзэм къулыкъу щрихьэкIа нэужь, уэрэджыIэр Къэбэрдей-Балъкъэр филармонием солисту пIалъэкIэ щылэжьащ. Заур и цIэр хэIущIыIу щыхъуар 1973 гъэращ.

Апщыгъуэм щIалэгъуалэм яхуэгъэза Союзпсо зэхьэзэхуэм ди лъэпкъэгъу щIалэм етIуанэ увыпIэр къыщилъэщауэ щытащ. А гъэ дыдэм ар и лауреат хъуащ Берлин щекIуэкIа щIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я Дунейпсо фестивалым. Заур и макъыр хуабжьу лъэщт, куут, и уэрэд жыIэкIэри псэм, гум къыбгъэдэкIыу гъэпсат. А псори, дауи, гулъытэншэу къэнакъым. Апхуэдэу 1976 гъэм ар Москва къалэм лэжьэну ирагъэблэгъащ — Москонцертымрэ Росконцертымрэ я солисту. Лэжьыгъэм къыдэкIуэу, Заур Москва къалэм и щIэныгъэм хигъэхъуэным щыпищащ.

ИкIи Гнесинхэ я цIэкIэ институтыр къиухщ, илъэситI текIри, ГИТИС-м вокалымкIэ и егъэджакIуэ езыр хъуауи щытащ. УэрэджыIэм и концертхэр СССР-м и къалэ зэхуэмыдэхэми, Германиеми, Бельгиеми, Италиеми, Израилми, Индиеми, Польшэми, Тыркуми, США-ми куэдрэ щекIуэкI хабзэт. Ар ди Хьэбэз къуажэми мызэ-мытIэу щыхьэщIауэ щытащ. Абдеж ар сыт щыгъуи Iэтауэ, хуабэу кърагъэблагъэт. СощIэж, Хьэбэз районым и Iэтащхьэу тета Аргун Олег жиIауэ щытащ администрацэм Тут Заур «Почетный житель Хабезского района» фIэщыгъэцIэр хуэгъэфэщэнымкIэ унафэ къызэрихьар. Нэхъыщхьэр — залым щIэсахэр къэтэджри, щыту Iэгуауэ макъ инкIэ а унафэр зэраIэтаращ!

Къыхэзгъэщыну сыхуейщ, ди къэралым лъэпкъыбэу зэхэт и щэнхабзэм и зыужьыныгъэм Тут Заур хэлъхьэныгъэ ин зэрыхуищIар. Иужьрей зэманым ар Москва дэт, щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмрэкIэ къэрал институтым эстрадэ вокалымкIэ и кафедрэм и унафэщIу лэжьащ. 2000 гъэхэм я пэщIэдзэм Тутыр жыджэру хэтащ къэрал, жылагъуэ-бэдаущ Iуэхухэми. СощIэж, ар, псори дызэдэарэзыуэ, адыгэ щэнхабзэмкIэ Москва къалэм щыIэ «Адыгэ Хасэ» жылагъуэм и тхьэмадэу зэрыхэтхауэ щытари. Апщыгъуэм абы и лъэкI къигъэнакъым Адыгэ, Къэрэшей-Черкес, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм щыщу Москва, Подмосковье щыпсэу адыгэхэр зэригъэубыдыным, зэпищIэным хуэгъэзауэ. 2005 гъэм Тут Заур къыхуагъэфэщауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмрэ хъыбарегъащIэ-технологиехэмрэкIэ министрым и IэнатIэр. Абы къыхэкIыу, си жагъуэу, Москва деж жылагъуэ Iуэхухэр зэригъэтIылъэкIын къыхудэхуащ. Министрым и IэнатIэм щыпэрыта илъэсхэр тыншу пхужыIэнукъым.

АтIэ, Министерствэм и нэIэм щIэтт щэнхабзэмрэ СМИ-мрэ къанэмыщIауэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэри — а псори уи нэIэ зытебгъэтыпхъэкъэ! 2008 гъэм Тутым Москва къалэм къигъэзэжащ: КъБР-м и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъу, къалащхьэм деж постпред IэнатIэр къыхуагъэфэщати, а къалэнхэр Заур 2010 гъэ пщIондэ пылъхьэншэу игъэзэщIащ. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ, Тут Заур ди лъэпкъым и псэ лъапIэныгъэхэм къыгуэпх мыхъун и Iыхьэу зэрыщытыр. Ар сыт щыгъуи хэт зэпытщ ди къалащхьэми, адыгэхэр здэпсэу хэгъуэгухэми щекIуэкI щэнхабзэ, жылагъуэ дауэдапщэхэм. Абы и Iуэху бгъэдыхьэкIэр, Iуэху зехьэкIэр лъэмыж хуэхъуащ ди лъэпкъым, къэралым я блэкIамрэ я къэкIуэнумрэ. Абы бгъэдэлъ зэчийм нэгъуэщI къаруи иIэщ: лъэпкъ зэхуэмыдэхэм щыщ цIыхухэм я гур абы зэпещIэ.

Заур зэрыинтернационалистым къыхэкIыу, гъунапкъэ иритхъэкъым цIыхур зыщыщ лъэпкъым, зэрихьэ диным елъытауэ. Абы къызэрилъытэмкIэ, щэнхабзэр — цIыху псоми я хъугъуэфIыгъуэщ. Гъуазджэм и бзэращи, ар гурыIуэгъуэщ зэхэзыхыну, зылъагъуну хуей дэтхэнэмкIи. Заур зэхуэдэу дахэу жеIэ езым и адыгэбзэкIэ тха уэрэдхэри, урыс лирическэ уэрэдхэри, ипщэ-итальян макъамэхэри. АтIэ, Заур дэтхэнэми къыхегъуатэ зэдзэкIакIуэ хуэ мыныкъуэ пэжыр, купщIэр, дахагъэр. ЖыIэпхъэщи, уэ къыбдалъхуа адыгэ щэнхабзэр умыгъэкIуэду, хамэм ейр нэгъэсауэ зыхэпщIэныр зэчий щхьэхуэщ. Аращ Заур и макъыр адыгэ къуажэхэми, Урысейм и щIыпIэ зэхуэмыдэхэми, хамэ къэралхэми лъэщу, я фIэщ хъууэ щIэIур. ЖыIэпхъэщи, къигъэщI гъуазджэмкIэ, и гу хуабагъымкIэ Заур лъэкIащ Урысейми, хамэ къэралхэми ди лъэпкъым и пщIэр къыщыIэтыныр. Абы и фIыщIэщ цIыху мелуан бжыгъэм адыгэщIыр напэм, цIыхугъэм, хьэщIэгъафIагъэм, губзыгъагъэм я щIыналъэу къызэралъытэр.

Заур къызыхэкIа лъэпкъыр фIыщэу зэрилъагъум къинэмыщIауэ, сэ сфIэгъэщIэгъуэнщ абы ди тхыдэри, щэнхабзэри куууэ зэрищIэр. Сэ сыдехьэх абы ди адэжьхэм къащIэна щIэиныр ди нобэм псэщIэ хэту къызэрыхишэм. «Бэдынокъуэ», «Iэдииху», «Истамбыл» уэрэдыжьхэр щыжиIэкIэ, лъэпкъым и гум къиIукI макъыу зыхыбощIэ. Мы уэрэдхэр щыжиIэкIэ, псэм носри, тщыгъупщэжа гуэр къагъэушым хуэдэщ. Гуапэщ уедэIуну абы и иджырей уэрэдхэми. Апхуэдэщ «Адыги на земле моей живут», «У адыгов обычай такой» жыхуиIэхэр. Мы уэрэдхэр адыгэщIым и гимн хъуауэ жытIэмэ, дыщыуэну къыщIэкIынкъым. Къыхэгъэщыпхъэщи, ЗауркIэ мыхьэнэ зиIэщ уэрэдым и псалъэхэр купщIафIэу щытыным, цIыхумкIэ нэхъыщхьэхэр щытепщэным…

Тут Заур илъэс 30-м щIигъуауэ соцIыхури, жысIэну сыхуейщ ар зи гур зэIухауэ, губзыгъагъэр къызэбэкIыу, цIыхугъэрэ гъэсэныгъэрэ зыбгъэдэлъ ныбжьэгъуу зэрыщытыр. ДыщызэрыцIыхуа япэ махуэм щегъэжьауэ нобэр къыздэсым зэкъуэшым хуэдэу дызэхущытщ. Си гуфIэгъуэри, си гукъеуэри сыт щыгъуи къыздигуэшащ. Абы папщIэ фIыщIэ ин хузощI. И псалъэ гуапэхэм, сыт щыгъуи къыбдэIэпыкъуну зэрыхущIэкъум — дамэ къыптрагъакIэ, уагъэгушхуэ. Абырэ сэрэ мызэ-мытIэу дауэдапщэ, щIыпIэ зэхуэмыдэхэм дыщызэрихьэлIащ икIи, къыхэгъэщыпхъэщи, ар дэнэ дежи псори зыщыгуфIыкI, пщIэ зыхуащI хьэщIэщ. Ди унагъуэм къыщеблагъэкIэ, пщIэ зэрыхуэсщIым къыхэкIыу, ар нэхъыжь, ди тхьэмадэ мэхъу, атIэ ар сыт и IуэхукIи щапхъэ зытехыпхъэ адыгэлIщ.

Езым и унагъуэращи, Зауррэ и щхьэгъусэ Мадинэрэ къуитIрэ зы пщащэрэ зэдапIащ, гъэсэныгъэ дахэ ирагъэгъуэтащ. Абыхэм дэтхэнэми езым и гъащIэ лъагъуэ игъуэтыжащ, адэ-анэм ирипагэу, ахэр я щапхъэу мэпсэу. Тут Заур Нэжыд и къуэр артист къудейкъым, атIэ ар адыгэм и псэм и хъумакIуэхэм языхэзщ. Заур щэнхабзэм и лэжьакIуэ нэсым и щапхъэ къудейкъым, атIэ лъэпкъым хуэлэжьэныр псалъэ дахэ закъуэу зэрыщымытыр, ар махуэ къэс къарурэ гулъытэрэ зытебгъэкIуадэ гуащIэдэкIыу къэзылъытэ адыгэлIщ. Абы и зэчийр хуэгъэпсащ адыгэ щэнхабзэр лъагапIэ нэхъ ин дыдэхэм щыIэу къэгъэлъэгъуэным. Заур и лъэкIыныгъэхэр гулъытэншэу къанэкъым. АтIэ, мы лIы лъэпкъыпсэр Урысейм, Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, КъэрэшейЧеркес, Дагъыстан республикэхэм я цIыхубэ артистщ, «Слава Адыгеи» медалри абы къыхуагъэфэщащ. ПщIэ зыхуэсщIу, Нэжыд и къуэ Заур!

Псэм къыбгъэдэкIыу сынохъуэхъу узыншагъэ быдэ, творческэ гукъэкI дахэхэр уиIэну! ГуфIэгъуэ пщызу, бгуэщIыр къагурыIуэу, гулъытэ бгъуэту илъэс куэдкIэ упсэуну Тхьэм жиIэ! Махуэ къэс гукъыдэж къыздрехь, уи хъуреягъкIэ фIыуэ укъэзылъагъухэр щреIэ!

ПщIэ къыпхуэзыщIу, профессор ДАУР Борис


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *