«Черкес FM» адыгэ радиостанцым «Черкес FM» — м и вагъуэхэр» зыфIища и юбилей зыкъэгъэлъэгъуэныгъэшхуэр щызэхашащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэ Налшык. Нэрыбгэ мин бжыгъэ зыхэта дауэдапщэ къызэрымыкIуэм и гугъу къытхуищIащ, «Черкес FM» радиор къызэзыгъэпэща икIи абы и унафэщI Хьэцей Тимур и дэIэпыкъуэгъуу Къэрэшей-Черкесым щылажьэ, ди хэгъуэгум икIа гупыр Налшык автобускIэ зышэу къэзышэжа ТЕМЫР Ахьмэд. — Нэхъапэ щIыкIэ псалъэ зыбжанэ къыджеIэ «Черкес FM» радиостанцым, ар къызэзыгъэпэщам теухуауэ. — Хьэцей Тимур – радиостанцым и къызэгъэпэщакIуэщ икIи и унафэщIщ.
2019 гъэм эфирым лъапэ махуэ изыча мы проектыр нэхъапэу икIи нэхъыщхьэу хуэунэтIащ адыгэ щэнхабзэмрэ бзэмрэ къызэтегъэнэным, адрей лъэпкъхэр абы нэIуасэ хуэщIыным. Радиостанцым и макъыр щоIу Урысейм, Тыркум, Иорданым, адыгэхэр здэпсэу хэгъуэгухэм. Ари къыхэдгъэщынщи, адыгэ тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ зи гур яхуэмыгъуэ, адыгэбзэр уэр-сэру зыцIыху мы щIалэ гумызагъэм и адэр осетинщ, и анэр адыгэщ. Езыр Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Ингуш Республикэмрэ щIыхь зиIэ я артистщ. Уэрэди фIы дыдэу жиIэу щытащ.








Ауэ щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмрэ я Московскэ къэрал университетыр театр зыкъэгъэлъэгъуэныгъэхэмрэ махуэщIхэмрэ я режиссер IэщIагъэмкIэ фIы дыдэу къиуха нэужь, продюсер лэжьыгъэр нэхъ къыдэхъуу къилъытэри абы зритыжащ. Москва щопсэу, щолажьэ. Урысей Федерацэм, нэгъуэщI къэралхэм я уэрэджыIэхэр, артистхэр зэхуешэс, ядолажьэ, абыхэм я зыкъэгъэлъэгъуэныгъэ пшыхьхэр къызэрегъэпэщ.
— Иджы дыдэ «Черкес FM» радиостанцым и IизныкIэ Налшык щекIуэкIа зыкъэгъэлъэгъуэныгъэм КъэрэшейЧеркесым икIа гупышхуэ зэхуэпшэсри автобускIи пшащ. Иджы абы къытхутепсэлъыхь.
— «Черкес FM» — м и вагъуэхэр» фIэщыгъэцIэр иIэу Налшык щекIуэкIа гъэлъэгъуэныгъэшхуэм щIыпIэ куэдым къикIа адыгэ уэрэджыIэхэр хэтащ. Абыхэм я цIэхэр къезбжэкIмэ, абы къыпхуиIуэтэнущ мы концертым къызэщIиубыдэ къэухьыр. Налшык зыкъыщагъэлъэгъуащ ди хэкуэгъухэу Нэхущ Чэрим, Нэхей Тамарэ, Сокъур Ольгэ, Хъыжьырокъуэ СулътIан, ЦоукIыл Азэмэт, зэщхьэгъусэхэу Бэчхэ Азэмэтрэ Ренатэрэ, КIыщхэ Ислъамрэ Каринэрэ, ТхьэкIумакIэ Аслъэн, Иуан БетIал, Хьэтэхъу Вадим, Апэнэс Астемыр, Бэрбэч Асчэр, ГъукIэхэ Ислъамрэ Анатолэрэ, Дау Аминэ, Теркъул Астемыр, Нэхущ Рустам, Щокъуий Мурат, пшынауэ Дарокъуэ Рами, Тыркур зи хэщIапIэ, адыгэ лъэпкъым и нэхъыжьыфIхэм ящыщ Къущхьэ Догъэн, Иорданым къикIа Темир Динартрэ Абазэ Баринэрэ, Абхъазым къикIа «Гундэ» вокально-Iэмэпсымэ ансамблыр, «Ашэмэз» уэрэджыIэ гупыр, «Кабардинка» къэфакIуэ гупыр, «Тэрч къэзакъхэр» уэрэджыIэхэр. Пшыхьыр ирагъэкIуэкIащ урысей телерадиожурналист, диктор цIэрыIуэ Березин Владимир, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и артисткэ Гумэ Маринэ, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист, Адыгэ Республикэм и журналистхэм я Союзым и пашэ ТIэш Светланэ сымэ. Абхъазым, Адыгэ Республикэм, Къэрэшей-Черкесым къикIыу Налшык кIуэну гукъыдэж зиIэхэм, билет къэзыщэхуахэм папщIэ Хьэцей Тимур автобусхэр къызэригъэпэщащ. Сэ си пщэ кърилъхьащ ди республикэм икIхэр автобус щхьэхуэкIэ сшэну, къэсшэжыну. Ди республикэм срилIыкIуэу концертым сыщыIащ. Нэрыбгэ 35-рэ сшащ. Ди деж ныщежьэу гъуэгу техьахэм яхэтащ къалэхэм, къуажэхэм (Черкесск, Карачаевск, Учкекен, Псыжь, АлиБэрдыкъуэ) къикIахэр, лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къахэкIахэр, уеблэмэ адыгэбзэ къызыгурыIуэ къэрэшейхэри. «Адыгэ радиом и вагъуэхэр» концертыр хэIэтыкIауэ, фIы дыдэу екIуэкIащ. Пэжщ, уэлбанэшхуэ хъури, уридэкIуеину жыхуаIэм хуэдэу уэш ин дыдэ къешхащ. Уэшхтемыгъашхэ жьауэ, плащ зыIыгъахэм захъумэжащ, зымыIыгъахэри игъэфащ. Ауэ зыри хущIегъуэжакъым зыкъэгъэлъэгъуэныгъэм зэрынэкIуамрэ абы щIата пщIэмрэ. ГъэщIэгъуэныр аракъэ, концер тыр зэрыщIидзэу, уэшхми зыкъызэщIищIащ, концертыр зэриухыу, уэшхми щигъэтыжащ. Зыгуэрхэри уэшхым хуэхъущIэу, мыарэзыуэ кIуэжащ, ауэ нэхъыбэм къызэралъытамкIэ, мы зыкъэгъэлъэгъуэныгъэм уэшх иныр зэрытехуар угъурлыгъэщ икIи махуэ нагъыщэщ…
— Ахьмэд, мы концертыр нэхъапэхуным Москва щрагъэкIуэкIыу щытаи…
— Пэжщ, илъэсиплI хуэдизкIэ Москва щекIуэкIащ. Иджы япэу мы дауэдапщэ ин дыдэр Налшык къыщепсыхащ, юбилей махуэщIыр и хэку цIыкIум щызэхишауэ аращ. Концертыр иухащ «Дэ адыгэм ди хабзэр аращ» уэрэд цIэрыIуэмкIэ, лъэпкъыр дызэкъуэзыгъэувэ лъэпкъыпсэ псалъэхэмкIэ.
— ЩIалэгъуалэу къыщIэкIынщ нэхъыбэу некIуэлIар…
— Ныбжь псом хуэди щыIащ: нэхъыжьхэри, ныбжь курытхэри, нэхъыщIэхэри, бзылъхугъэхэри, цIыхухъухэри. Хьэцей Тимур адыгэбзэ къабзэкIэ къэпсэлъащ, фIыщIэ яхуищIащ концертыр къызэзыгъэпэщахэми, абыкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуахэми, къекIуэлIахэми. Мыбдежым дигу къэдмыгъэкIыж хъункъым, Нало Заури и лъэпкъкIэ осетину щытащ, ауэ феплъ абы адыгэ лъэпкъым хуищIамрэ къигъэна лъэужь дахэмрэ. Ди лъэпкъым къыхуэунэхуа Хьэцей Тимури тхуэмахуэн Тхьэм ищI! Епсэлъар ДЭБАГЪУЭ Хьэтызэщ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.