Адыгэ – Хьэблэр зэрыгушхуэхэр

АДЫГЭ – ХЬЭБЛЭ къуажэм и курыт еджапIэр къэзыухахэм ягъэпэжащ ерыщу зэрылэжьар, адэ – анэр къазэрыщыгугъар, егъэджакIуэхэм къыбгъэдалъхьа щIэныгъэр. «Ди гуапэу хъыбар фыдогъащIэ ди ныбжьыщIэхэм ЕГЭ-мкIэ балл лъагэхэр къызэрахьар. Апхуэдэу, Хъупсырокъуэ Белэ химиемкIэ балл 82-рэ, Дэхъу Заур урысыбзэмкIэ — 97-рэ, химиемкIэ – 93-рэ, Крымов Аслъэн химиемкIэ – 90, Джемакулов Руслан химиемкIэ – 82-рэ къахьын яхузэфIэкIащ. Фи ехъулIэныгъэхэр – аттестатым и гъэлъэгъуэныгъэ къудейкъым. АтIэ, ар ехъулIэныгъэкIэ гъэнщIа къэкIуэнышхуэм и щIэдзапIэщ. Ди псэм къыбгъэдэкIыу еджапIэр къэзыухахэм къэралым и еджапIэ нэхъыфIхэм фыщIэтIысхьэну дывохъуэхъу! Фи студент гъащIэр нэхуу икIи гъэщIэгъуэну щрет. Ди фIэщ мэхъу ди щIыналъэм и къэкIуэнур зыухуэнури, хэку цIыкIур зыгъэлъэпIэнури фэрауэ зэрыщытыр. Къуажэдэсхэр фэркIэ мэгушхуэ! Фи ехъулIэныгъэр — псоми ди зэхуэдэ текIуэныгъэщ!», — щатхащ социальнэ зэпыщIэныгъэхэм районым егъэджэныгъэмкIэ и Управленэм къыбгъэдэкIыу.

Ерыщагъым къыпэкIуэ щIыхьыр

ЕхъулIэныгъэм хуэкIуэр зыхуигъэувыжа мурадым ерыщу пылъращ, къимыкIуэтращ. Апхуэдэхэм ящыщу зи цIэ къиIуапхъэу къытщохъу Адыгэ-Хьэблэ къуажэм дэт курыт еджапIэр иджы дыдэ къэзыуха ДЭХЪУ Заур. Мы ныбжьыщIэм хэлъ ерыщагъымрэ и тегушхуэныгъэмрэ я фIыгъэкIэ, хузэфIэкIащ къэзыпщытэж экзаменхэм — ЕГЭ-мкIэ нагъыщэфIхэр къигъэлъэгъуэн. Апхуэдэуи, урысыбзэмкIэ —балл 97-рэ, химиемкIэ — 93-рэ къихьащ.

Мы бжыгъэхэм къагъэлъагъуэ Заур бгъэдэлъ щIэныгъэ куур. ЕгъэджакIуэхэмрэ къыдеджахэмрэ къыхагъэщ Заур еджапIэм щеджэху хэлъа жэуаплыгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ. Абы и ехъулIэныгъэр, шэч хэмылъу, еджапIэм щIэс псоми щапхъэ уасэншэ яхуэхъунущ. ЕГЭ-м и ехъулIэныгъэфIхэр — Заур и IэщIагъэ гъуэгум и щIэдзапIэ къудейщ. ЩIалэм къыпэщылъщ еджапIэ нэхъыщхьэм щIэхьэжыныр, и гум ириубыда мурадхэм хуэкIуэныр… Дрогушхуэ, адыгэ щIэблэм къыхэжаныкI мыпхуэдэ ныбжьыщIэхэм. Дэхъу Заури, нэгъуэщIу, щIэныгъэфI экзаменхэм къыщызыгъэлъэгъуа ныбжьыщIэхэми я еджэнымкIэ, я гъащIэ гъуэгуанэмкIэ ехъулIэныгъэ яIэну дахуохъуахъуэ!

Зыгъэхьэзырар САНЭШОКЪУЭ Ренатщ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *