Абы и чэнджэщхэр —гъэсэныгъэ уасэншэщ

«ЗЫУЭ ЩЫТ УРЫСЕЙ» партым Къэрэшей-Черкесым щиIэ къудамэм Жылагъуэ дэщтэныгъэмкIэ и Штабым щекIуэкIащ зауэ операцэ хэхам (СВО-м)- м и зауэлI Семенов Алим драгъэкIуэкIа зэIущIэр. Абы хэтащ Къэрэшей-Черкесым и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) щIыуэпс хэкIыпIэхэмкIэ, щIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымкIэ, экологиемкIэ и Комитетым и тхьэмадэ Катчиев Исмэхьил, ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и депутат, СВО-м щызэуа Мутчаев Дахир сымэ, нэгъуэщIхэри.

Мыбдеж къыщаIэтащ Урысей Федерацэм къыдекIуэкI псэ лъапIагъэхэм, зауэ операцэ хэхам хэтхэмрэ я унагъуэхэмрэ къэрал дэIэпыкъуныгъэ зэрырагъэгъуэт Iэмалхэм ятеухуа Iуэхухэр. Нобэрей лIыхъужьхэр – зауэ операцэ хэхам хэтхэр — ахэр я адэхэмрэ адэшхуэхэмрэ илъэс 80-кIэ узэIэбэкIыжмэ зэращIам хуэдэу езыхэри мамыр цIыхухэр яхъумэу, фашизмэм, залымыгъэмрэ мызахуагъэмрэ бэнэныгъэ драгъэкIуэкIыу къэува цIыху ныбжьыщIэхэщ. Хэку зауэшхуэм и лIыхъужьхэм яхуэдэу ахэри зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. ЗэIущIэм хэтахэр акъылэгъу зэрызэхуэхъуамкIэ, мы зэманым жылагъуэ утыкум и къалэн нэхъыщхьэу къонэ зауэ операцэ хэхам хэтхэм, мамыр цIыхухэмрэ зауэ къулыкъущIэхэмрэ, абыхэм я унагъуэхэм ядэIэпыкъуныр. Мы Iуэхум жыджэру къыхыхьэн хуейщ къэралымрэ жылагъуэмрэ я политикэм и пыщакIуэу щыт щIалэгъуалэр. Мы зэIущIэм и къэухьхэм иту, студентхэм лъэкIыныгъэ ягъуэтащ яфIэгъэщIэгъуэн упщIэхэр ятыну, я гупсысэкIэмрэ я Iуэху бгъэдыхьэкIэмрэ къагъэлъэгъуэну. А упщIэхэм ящыщт къулыкъум контракткIэ кIуэным теухуахэри. Мы зэпсэлъэныгъэр псом нэхърэ нэхъыщхьэу хуэунэтIауэ щытащ контракткIэ зауэ къулыкъу зэращIэм теухуа Iуэхухэр тегъэчынауэ зрагъэщIэным, къытщIэхъуэ щIэблэр хэкупсэу гъэсэным.


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *