Къэралым и лъабжьэ быдэщ
ЩэкIуэгъуэм и 28-м Черкесск къалэм дэт щэнхабзэмкIэ Унэм щагъэлъэпIащ УФ-м и ФНС-м и Къэрэшей-Черкес республикэ УФНС-р къызэрагъэщIрэ илъэс 35-рэ зэрырикъуар, хьэкълыкъ къулыкъум и IэщIагъэ махуэщIыр. Пшыхьым хэтащ Къэрэшей-Черкес Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид, КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и тхьэмадэ Иванов Александр, республикэм и Правительствэм и тхьэмадэ Аргун Мурат, УФ-м и Федеральнэ ЗэIущIэм ФедерацэмкIэ и…