АдыгэлIым и лIыгъэ
ПсэукІэ-Дахэ къуажэм зи фэеплъ ихъумэ и къуэ хахуэхэм языхэзщ курыт еджапІэм къызэригъэпэща «Зал боевой славы»-м и стендхэм языхэзыр зытеухуа щІалэр. Хэт, атІэ, ар, зи сурэтыр щхьэхуэу къыхагъэщар? Сыт хуэдэ лІыгъэ, щІыхь къыхуэзыхьар жылагъуэ, щІэблэ гулъытэр, фэеплъыр? Ар — ПсэукІэ-Дахэ къуажэм щыщ, 1955 гъэм къэхъуа Тхъуахъуэ Рэмэзан Мусэ и къуэращ. Ар кхъухьлъатэзехуэт. Рэмэзан зауэм хэтакъым, ар…