АДЫГЭБЗЭКIЭ къыдэкI «Черкес хэку» газетым сыщылэжьа илъэсхэр сыт щыгъуи гуапэу сигу къокIыж. Апщыгъуэм сэ сапэщIэхуащ ныбжь, Iуэху еплъыкIэ зэхуэмыдэ зиIэ цIыху хьэлэмэтхэм. Псом хуэмыдэу гукъэкIыж гуапэхэм сыхашэж ди нэхъыжьыфIхэу садэлэжьэну къысхуихуахэм. Къапщтэмэ, апхуэдэхэщ Шурдым Кушыку, Гъуэщокъуэ Хъусин, Ахъмэт Мухьэдин, Бахътыр Исмэхьил, Мамхэгъ Жыхьэбэн, Брат Хьэбас, Даур Жэхьфэр сымэ. А нэхъыжьыфIхэм яхуэфащэу, абыхэм ядэплъейуэ къытхэтащ газет Iуэхуми, адыгэ литературэми хэлъ-хьэныгъэфI хуэзыщI ныбжьыщIэ хьэлэмэтхэр. Ди жагъуэ зэрыхъущи, абыхэм ящыщ щIалэ заул игъуэ нэмысу тхэкIыжащ. Ауэ езыхэр нобэ къытхэмытыжми, жэщи махуи къытщIыгъуу долъытэ абыхэм яIа псэукIэ дахэр, гупсысэкIэр, къызыхэкIа адыгэ лъэпкъым хуаIа фIылъагъуныгъэ гъунапкъэншэр, яхэлъа адыгагъэ-цIыхугъэр, я Iэпэм къыщIэкIа тхыгъэ зэхуэмыдэхэр. Апхуэдэу ди гум къинэжахэм ящыщщ Дыгъужь Къурмэн, Пхъэш МуIэед, Нэхущ Мухьэмэд сымэ. Ахэр зэман зэхуэмыдэхэм щылэжьащ ди газетым, абыхэм садэлэжьащ сэри икIи слъэ-гъуащ псалъэ, тхыгъэ къудейкIэ мыхъуу, гукIи псэкIи ди лъэпкъым пыщIауэ, и гуфIэгъуэри, и хъуапсэри зыхащIэрэ, абы и къэкIуэнур нэхъыфI хъун папщIэ яхузэфIэкI къамыгъанэу зэрыпсэуар. Нобэ сэ абыхэм я гъащIэ, творчествэ псом сытепсэлъыхьыну мурад сщIакъым. Сызыхуейр ахэр здэлэжьа газетым и юбилейм ипкъ иткIэ, си гум къинэжа гуэр-хэм я гугъу сщIынырщ. Къапщтэмэ, щыри гукIи псэкIи лъэпкъ Iуэхум пыщIауэ я гъащIэ псор яхьащ.
ЖысIэнщи, сэ мызэ-мытIэу сытепсэлъыхьащ Дыгъужь Къурмэн и гъащIэм, абы и творчествэм. Ахэр ихуащ газет, тхылъ зэхуэмыдэхэм. Сытепсэлъыхьащ и гупсысэкIэ дахэр, творчествэ и лъэныкъуэ-кIэ зэфIэкIышхуэ зэриIэр, адыгэм и къэкIуэнур нэхъыфI хъун папщIэ и гъащIэми щымысхьу зэрыпсэур слъагъути. Езы дыди и усэхэм ящыщ зым щитхащ «Адыгэм папщIэ зыми сыщысхьакъым…» жиIэу. Абы зы фэрыщIыгъи, тецIэлыкIи хэмылъу ар псэуащ адыгэм хуэщыпкъэу. Къурмэн япыщIауэ щытащ адыгэ здыщыпсэу къэрал куэдым икIи дэни къыщацIыхуат ар хэкулI щыпкъэу дунейм зэрытетыр. Игъуэ нэмысу ар дунейм щехыжам Амман щыпсэу Къущхьэ Догъан тхакIуэ Даур Жэхьфэр къыхуитха письмом итт: «Къурмэн хуэдэхэр лIэкъым. Ар лъэпкъыр псэуху ди гъусэу псэунущ. Ауэ хэхэс адыгэу зи хэку зыфIэкIуэдауэ хьэзабыр зыгъэвхэм я хьэзабыр иухыху Къурмэн и псэр тыншыну къыщIэкIынкъым».
Тхылъ заул дунейм къытригъэхьащ ди къуэшыфIым. Апхуэдэхэщ «Псыжь толъкъунхэр», «Кърухэр», «ТехьэпщIэ», «Гъатхэ бзухэр». УрысыбзэкIэ «Советская Россия» тхылъ тедзапIэм къыщыдигъэкIащ «Журавли» зыфIища тхылъ хьэлэмэтыр. Сэ республикэ тхылъ тедзапIэм редактору сыщылажьэу къыдэзгъэкIыну си насып къихьауэ щытащ абы и «ЩIымахуэ лэгъупыкъу» романыр…
Си фIэщ мэхъу: ар нобэ къытхэтыжамэ мащIэтэкъым итхынури, лъэпкъым папщIэ ищIэнури. Ауэ зэрыпсэуа зэман мащIэми абы ищIэн хузэфIэкIащ лIыщIыгъуэм хуэфэщэн Iуэху. Сыт зэмани хэлъащ лIыгъи, цIыхугъи, адыгагъи.
Къурмэн и гъащIэм, хузэфIэкIахэм сегупсыскIэрэ, фIыщIэ ин хузощI абы и щхьэгъусэ Лерэ, Къэбэр-дейм-Балъкъэрым ипхъу щыпкъэм. Ар щхьэгъусэ нэсу щыта къудейкъым, атIэ икIи сыт зэмани и дэIэпыкъуэгъушхуэт и гуфIэгъуэри и гугъуехьри дигуэшу, игъэгушхуэу, гупсысэщIэхэр къыхуигъэушу. А тIум я псэр зы чысэм илът… И щхьэгъусэр ажалым щыщхьэщичми Лерэ игъэункIыфIакъым Къурмэн зэщIигъэнауэ щыта мафIэр… А бзылъхугъэ къызэрымыкIуэм теухуауэ «Ужьыхынукъым и жьэгур Къурмэн» очеркыр, стхыри ди газетым къытехуэуэ щытащ, ар ихуащ «Псэм и джэ макъ» си тхылъми. Абы щыхьэт техъуэ щапхъэхэр куэд, куэд дыдэ мэхъу. Лерэ къызэрымыкIуэ щхьэгъусэу зэрыщытам и щыхьэткъэ Къурмэн дунейм ехыжа нэужь абы и тхыгъэхэр зэхуэхьэсауэ дунейм къытехьа томихым и гуащIэ ин зэрыхилъхьар!
ЛъэужьыфI къытхуэзыгъэнахэм ящыщ Пхъэш МуIэеди и насып къихьакъым гъащIэ кIыхь иIэну. Ауэ а зэрыпсэуа мащIэми ар псоми ди гум къинащ цIыху гуапэу, хьилмышхуэ зиIэу, цIыхугъэр, ныбжьэгъугъэр зылъытэу. Ар щылэжьащ ди адыгэ газетым, радиом, иужьрей зэманым – Къэрэшей-Черкес телевиденэм. СоцIыхуж, ар телевиденэм щылажьэм къихьэхуат абы еплъхэр, цIыкIухэри инхэри. Ар къыщыпсэлъэным пэплъэр куэдыкIейт. Хэти хуейт абы и макъ гъэтIысар зэхихыну, зытепсэлъыхь Iуэхум и къэгъэлъэгъуэкIэр ялъагъуну. Ар сыт щыгъуи къэпсалъэт мэуэ къыббгъэдэтым хуэдэу, уи гур ихьэхуу, жиIэ зы псалъи дэбгъэхуну ухуэмейуэ. Апхуэдэу цIыхубэр къызэрихьэхуам, и къэпсэлъэныгъэхэм хэти дерс къыхихыу зэрыщытам, ди телевиденэм зиужьын Iуэхум хэлъхьэны-гъэ къызэрымыкIуэ зэрыхуищIам и щыхьэтщ Къэрэшей-Черкес телевиденэм и хэщIапIэм и IуплъапIэ дыдэм абы и сурэт зэрыкIэралъхьар. Апхуэдэ щIыхь иджырэ къэс ди зы журналистми къихьауэ щыткъым.
НыбжькIэ куэд дыдэ дяку дэмылъми, ар слъытэт си шынэхъыщIэу. Езыри, гъэщIэгъуэнкъэ, шынэхъы-жьым хуэдэу къысхущытт. Си тхыгъэ зэджахэм къысхутепсэлъыхь зэпытт. Псом хуэмыдэу и гугъу ищIт ди нэхъыщIэ цIыкIухэм яхуэзусхэм. ИкIи къызжиIауэ щытащ ди щIэблэм хуэгъэзауэ ирагъэкIуэкIыну тыгъэхэр сэ си пщэ кърилъхьэну. Апхуэдэ къабзэу ар иужь ихьат «Напэм и тазыр» фIэщыгъэцIэр иIэу къыдэзгъэкIа повестыр урысыбзэкIэ зэридзэкIыну. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, и гум илъа нэгъуэщI IуэхугъуэфI куэдым хуэдэу, сэ къысхуэгъэзауэ иIа мурадхэри игъэзэщIэну хущIыхьакъым. МуIэед цIыху хьэлэлу, псэ къабзэ иIэу зэрыщытам и щыхьэту нэгъуэщI зы щапхъи къэсхьынщ. Абы зыIэригъыхьауэ иIыгът Гамзатов Расул къыдигъэкIа «Книга любви» тхылъыр. Ар хуабжьу сигу зэрырихьар щилъагъум, «Уэрей сэ уэстынкIэ мы тхылъыр», – жиIащ. Сэ сиувыкIат сымыдэу, ауэ къикIуэтакъым.
Апщыгъуэм слъэгъуащ и гум щыщ Iыхьэ дыдэу а тхылъыр зэрыщытыр, апхуэдэми ар и гум зэрыпыкIар, шынэхъыжь дыдэу сызэрилъытэм ари и щыхьэту зэрыщытыр. Апхуэдэ щапхъэхэр гъунэжщ. Ахэр сщыгъупщэнукъым зэгуэрми.
Журналистикэм хэлъхьэныгъэфI зэрыхуищIам щIыгъуу, абы и лъэужьышхуэ къыхинащ ди литературэми. Куэд имытхами, итхыну хущIэмыхьами, а итхар и щыхьэтщ ар хьилмышхуэ зиIэ цIыхуу зэрыщытам, езым и тхэкIэрэ и гупсысэкIэ къэгъэлъэгъуэкIэрэ иIэжу и тхыгъэхэр къызэригъэщIам. Ар дыдэм щыхьэт техъуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор БакIуу Хъан-джэрий. «Зэман-зэманкIэрэ лирикэ усыгъэм зи псалъэ хэзылъхьа Пхъэш МуIэед и усэхэр гурыIуэгъуэу, гупсысэкIэ гъэнщIауэ зэрыщытымкIэ адрейхэм къащхьэщокI… Ар хущIокъу къиIуатэмрэ къызэриIуатэ щIыкIэмрэ, къанэ щымыIэу, зэрызригъэкIуным. УсакIуэм хузэфIокI дунейм и къэхъукъащIэ теплъэгъуэхэр IупщIу дигъэлъагъуну». ЩIэджыкIакIуэхэм я гум нэса тхыгъэхэщ МуIэед и IэрыкIхэр зэхуэхьэсауэ Налшык щыIэ «Эль-Фа» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIа «Гъуэгуанэ» тхылъым ихуахэр, «Ленин нур», «Черкес хэку», «Адыгэ псалъэ» газетхэм, журналхэм къытрадзахэр, еджагъэшхуэхэм абы и творчествэм теухуа тхыгъэхэр тхылъ цIэрыIуэ куэдым зэрырагъэхуар, тхакIуэхэм, усакIуэхэм, журналистхэм абы хуатхахэр… А псори ди гум илъщ икIи гуапагъэрэ IэфIыгъэрэ хэлъу ар сыт щыгъуи дигу къыдогъэкIыж.
Ди адыгэ газетыр зыгъэдахэу абы щылэжьахэм ящыщ Нэхущ Мухьэмэд и гугъу пщIын хъумэ, мащIэкъым псалъэ дахэу, гуапагъэу хужыпIэфынур. Абы и адэр Хэку зауэшхуэм хэкIуадэри, адэншагъэм и нэщIэбжьэ куэд илъэгъуащ, лъэпощхьэпо куэдми хуэзащ, ауэ ар зыми къытришыфакъым гукIи псэкIи дихьэхыу зытет гъуэгу захуэм. И гъащIэ псом ар гупцIанэу, зылъэмыкI хуэзамэ и гур хуэузу, абы зэрыдэIэпыкъунум и Iэмал къилъыхъуу псэуащ. Иджыпсту зы цIыхуи ухуэзэнукъым абы псалъэ гуапэ хужимыIэу, абы зыгуэркIэ щыхуэмыарэзы къэхъуауэ. Апхуэдэу цIыху щыпкъэу, хьэлэлу, гумащIэу, дэтхэнэ цIыхуми фIы гуэр хуищIэныр и плъапIэ нэхъыщхьэу зэрыщыта дыдэр щыболъагъур и IэрыкI тхыгъэхэми.
И узыншагъэр зэрыхуей дыдэу щымытами, абы зы махуи пщIэншэу игъэкIуакъым. Сыт щыгъуи щытащ лIыгъэ хэлъу, и мурадхэр зыIэригъэхьэным къимыкIуэту пылъу. Курыт щIэныгъэ зригъэгъуэта нэужь дзэм къулыкъу щищIащ. Щылэжьащ Хьэбэз район радиом, иужьым – «Черкес хэку» хъуа «Ленин нур» газетым… Нэхъыщхьэращи, дэнэ щымыIами, зэры-цIыкIу лъандэрэ гукIи псэкIи зыпыщIауэ щыт литературэр и гъусащ икIи зым нэхърэ адрейр нэхъыфIыжу тхыгъэ хьэлэмэтхэр къигъэщIащ. Абы и творчествэр зэфIэувэным, езым и хъэтI иIэжу тхэным щхьэпащ Горький Максим Москва и цIэр зэрихьэу дэт литературэ институтыр къызэриухар. Нэхущым и тхыгъэ нэхъыфIхэр щытрадзащ Къэбэрдейм, Адыгейм, Шапсыгъым, адыгэхэр икъухьауэ здыщыпсэу къэрал щхьэхуэхэм. Мухьэмэд и IэрыкIхэм уасэшхуэ хуищIауэ щытащ литинститутым щезыгъаджэ, усакIуэ цIэрыIуэ Озеров Лев, Урысейм и тхакIуэхэм я Союзым хигъэхьэнуи игъэхьэзырт. Нэхущым и творческэ зэфIэкIыр зэрыиным теухуауэ псалъэ гуапэ куэд ятхащ Тхьэгъэзит Зубер, Брат Хьэбас, Бештокъуэ Хьэбас сымэ, нэгъуэщIхэм.
Зыми хуэмыдэу Нэхущым и гур хуэузу щытащ къызыхэкIа адыгэ лъэпкъым. ПсэкIэ игъэвт абы и нэгу щIэкIа гуауэщхьэуэр. И Iэпэм къыщIэкIа дэтхэнэ усэри а темэм епхауэ щытщ жыпIэми гъуэщагъэ хъуну къыщIэкIынкъым. Абы щыхьэт тохъуэ и усэхэу «Лъэпкъым», «Леягъэ щIым щызэрахьэхукIэ», «Маржэ, адыгэхэ!», «Адыгэ нэпсхэр» зыфIищахэр, нэгъуэщIхэр.… «Адыгэ нэпсхэр» фIэщыгъэцIэр иIэу Нэхущ Мухьэмэд и тхылъ къыдигъэкIащ абы и ныбжьэгъуфIу щыта Уэхъутэ Александр.
…Псоми яужь жысIэну сызыхуейр аращи, зи гугъу сщIа щIалэ хьэлэмэтхэм – Дыгъужь Къурмэни, Пхъэш МуIэеди, Нэхущ Мухьэмэди я гуащIэ ин халъхьащ ди адыгэ газетыр нэхъри дахэ, нэхъри купщIафIэу щытыным. Я гуащIэ Iыхьэ халъхьащ ди адыгэ литературэми. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми хуэфащэт Урысей Федерацэм и тхакIуэхэм я Союзым хэтыну, ауэ хущIыхьакъым ахэр… Апхуэдэу щытми, ахэр долъытэр ди тхакIуэ, усакIуэ нэхъыфIхэм я сатырэм хэту. Ахэр тщыгъупщэнукъым зэгуэрми.
ШОРЭ Ахьмэд,
тхакIуэ, публицист