«Унагъуэр —жылагъуэм и купщIэщ»

Республикэм и Жылагъуэ палатэм «Унагъуэ быдэр — урысей жылагъуэм и уасэншэ хабзэщ, къэрал политикэм и щытыкIэщ» щхьэщIэдзапIэм щIэту пленар зэIущIэ иригъэкIуэкIащ.
Абы хэтащ КъЧР-м и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Хубиев Марат, лъэпкъ политикэмкIэ, хэгъуэгущIыб зэпыщIэныгъэхэмкIэ, мысату организацэмрэ СМИ-мрэкIэ республикэм и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и комитетым и тхьэмадэ Темрезов Науруз, СВО-м и ветеранхэм я ассоциацэм и унафэщI Мутчаев Дахир, министрхэм я къуэдзэхэр, жылагъуэ организацэхэм я лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри.
КъЧР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид къыбгъэдэкIыу щIэсахэм фIэхъускIэ захуигъэзащ Хубиев Марат.
— Нобэрей ди зэхуэсыр зытеухуа Iуэхугъуэм и мыхьэнэр ин дыдэщ. Ауэ сытми УФ-м и Президент Пу-тин Владимир и къыхэлъхьэныгъэкIэ мы гъэр унагъуэм траухуакъым. Унагъуэр — жылагъуэм и купщIэщ. Ауэ, дыщыпсэу зэманым дыхуозэ унагъуэм и мыхьэнэр зыгъэкIуэдынкIэ шынагъуэ зыхэлъ Iуэхугъуэ куэдым. Мис абыхэм дапэщIэтын, унагъуэм и пщIэр дымыгъэкIуэдын папщIэ, а унэтIыныгъэм дрилэжьэн хуейщ, — жиIащ Хубиев Марат.

Унагъуэм и Илъэсым ипкъ иту ирагъэкIуэкIа, усэ тхынымкIэ «Моя большая семья» Урысейпсо зэпеуэм къыхэжаныкIахэм УФ-м, КъЧР-м я Жылагъуэ палатэхэм къабгъэдэкIа ФIыщIэ тхылъхэр иратыжащ. Апхуэдэу зэпеуэм и хэ-гъуэгу Iыхьэм щытекIуахэм ящыщщ ди лъэпкъэгъу ныбжьыщIэ, ПсэукIэ-Дахэ къуажэм дэт курыт еджапIэм и е 5-нэ классым щеджэ Абдокъуэ Алий.
ЩIалэ цIыкIум тхылъ еджэныр фIыуэ елъагъу, литературэмкIэ кружокым макIуэ. Абдеж еджакIуэхэм хагъахъуэ, усэ, рассказ тхыным драгъэхьэх, адыгэбзэкIи урысыбзэкIи гъэхуауэ еджэным хуагъасэ. Алий и унагъуэм теухуа усэ цIыкIур тхынымкIэ, ар зэпеуэм хэгъыхьэнымкIэ абы къыдэIэпыкъуащ кружокыр езыгъэкIуэкI егъэджакIуэ Аб-докъуэ Фатимэ.
Ди республикэм унагъуэхэм щрагъэгъуэт дэIэпыкъуныгъэхэм къытепсэлъыхьащ КъЧР-м социальнэ зыу-жьыныгъэмрэ гуащIэдэкIымрэкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Щай Мадинэ.
— Зэщхьэгъусэхэри абыхэм я сабийхэри зэгурыIуэу, фIыуэ зэрылъагъуу зыщыпсэу унагъуэр къэралым и ефIэкIуэныгъэмрэ и зыужьыныгъэмрэ я шэсыпIэщ. Унагъуэм и Илъэсым Къэрэшей-Черкесым социальнэ Iуэхугъуэшхуэхэр щекIуэкIащ унагъуэшхуэхэмрэ СВО-м щыIэхэм я унагъуэ-хэмрэ ядэIэпыкъуным хуэгъэзауэ.

НобэкIэ сабий зиIэ унагъуэхэм мылъку дэIэпыкъуныгъэ зэмылIэужьыгъуэу 12-м щIигъу ягъуэт. Абы щыщу 8-р республикэ ахъшэкIэ къызэгъэпэщащ.
Къыхэгъэщыпхъэщ 2025 гъэм «Унагъуэ» лъэпкъ проектым лэжьэн зэрыщIидзэр. Ар Унагъуэм и Илъэсым пызыщэ Iуэхугъуэу жыпIэ хъунущ, унагъуэхэм яхуэгъэза дэIэпыкъуныгъэр зэпагъэунукъым. Проектым хохьэ бын зиIэ унагъуэхэм, анэхэм, сабийхэм, зи ныбжь хэкIуэтахэм гулъытэ яхуэщIыныр, унагъуэ лъапIэныгъэхэр хъумэныр, — къыхигъэщащ Щай Мадинэ.
Ди республикэм унагъуэ узыншэ, зэхуэщIа нэхъыбэу иIэ хъун папщIэ зэлэжьын хуей лъэныкъуэ куэдым щрипсэлъащ зэIущIэм. Унагъуэхэр гъэгушхуэным, зэрыIыгъыным, быныфIэ хъунымкIэ гулъытэ зыхуэщIыпхъэхэри къыхагъэщащ. Иригузавэу ирипсэлъащ, ди республикэм и мызакъуэу, зэры-Кавказу иужьрей зэманым нэIурыт хуэхъуа Iуэхугъуэм — зэщхьэгъусэ зэбгъэдэкIыжхэм я бжыгъэр нэхъыбэ зэрыхъуам. Абы и щхьэусыгъуэхэм ящыщ зыуэ къыхагъэщащ зи закъуэу псэу анэхэм къэралым ярит дэIэпыкъуныгъэр зэрынэхъыбэр. Сабийхэм яхуэгъэза зыуэ щыт пособиер къызэрежьэрэ зи нэчыхь зыкъутэж адэ-анэхэм я бжыгъэм нэрылъагъуу хэхъуащ. А Iуэхум зэрызрагъэхъуэжынум мы зэманым федеральнэ утыкуми щропсалъэ. ДяпэкIэ къэралым къыб-гъэдэкI дэIэпыкъуныгъэхэр унагъуэ ирикъухэм нэхъ тегъэщIауэ щытынымкIэ къыхэлъхьэныгъэхэр ящIагъэххэщ. Зэпсэлъэныгъэм хэтахэми къыхагъэщащ а Iуэхум фIыкIэ зихъуэжыну зэрыщыгугъыр.
Унагъуэм и пщIэр къэIэтынымкIэ, гущхьэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэхэр егъэкIуэкIынымкIэ къулыкъухэр зытелэжьэну лъэныкъуэхэри яубзыхуащ.
Унагъуэ зэгурыIуэр къэрал быдэм и лъабжьэу зэрыщытыр зыхищIэу, КъЧР-м и Жылагъуэ палатэм сыт щыгъуи гулъытэ хуещI унагъуэхэр хъумэным.
— КъыдгуроIуэ иджыри дызэлэжьын зэрыдиIэр. Сабий къэхъухэр здэнэхъ мащIэ хэгъуэгухэм дащыщщ. «Унагъуэ» лъэпкъ проектыр зыщрагъажьэхэм ди хэгъуэгур 41-нэу хыхьащ. Унагъуэ институтыр гъэбыдэным зэгъусэу делэжьынущ, —жиIащ Ляшовэ Еленэ.
БОРЭНЫКЪУЭ Мадинэ

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *