Къэбэрдей-Балъкъэрым и дэнэ щIыпIэ умыкIуами, сыт хуэдэ цIыху уримыхьэлIами, дэтхэнэ лъэпкъ Iуэху ухэмытами, шэч хэлъкъым ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и цIэр зэрызэхэпхынум. Тхыгъэм фIэщыгъэцIэ хуэсщIари ди зы зэпсэлъэныгъэ гуэрым НэщIэпыджэ Замирэ къихьа щапхъэращ: «Мухьэмэд —
университет щхьэхуэщ!» Шэч хэмылъу, а нэхъыжь Iу махуэм игъэгушхуа щIалэгъуалэ зэчиифIэращ нобэ КъБР-р зэрыгушхуэ адыгэ творческэ интеллигенцэр: усыгъэми, прозэми, публицистикэми зи лъэ щыувахэр.
ХэкупсэлI гъуэзэджэ
ЦIЫХУ гъащIэхэри, лъэпкъ щхьэхуэхэри, гъэ-
хэри, къэхъугъэхэри, увыIэгъуэ имыIэу, гъащIэ щхьэ-
лым зэхехьэжэ. Апхуэдэт адыгэ лъэпкъри зрагъэ-
кIа щхьэлыр… «Жернова» — Кавказ зауэжьым теухуауэ япэу сызэджа тхылът. Ар зи IэдакъэщIэкIым си гъащIэм зэ срихьэлIэну си фIэщ хъунтэкъым, срихьэлIэм къыщымынэу, сыдэпсэлъэну си насып къихьыну.
Тхыгъэхэм нэхъ убгъуауэ фыщеджэфынущ:
https://cherkes-haky.ru/wp-content/uploads/2024/11/ХьэфIыцIэМэшбащIэ.pdf