Адыгэгушхуэ зыкIуэцIылъ Аслъэн

Адыгэ Республикэм къикIыу

Адыгэ Республикэм и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ
зыгъэкъулейхэм ящыщщ ди бысымхэм дызрашэлIа НЭГЪУЧ Аслъэн.

Къуэш республикэхэм деж
Аслъэн и лэжьыгъэхэмкIэ фIыуэ къыщацIыху. Адыгэ цIыхубэ Iэмэпсымэхэм гъащIэщIэ езытыжахэм, ноби а Iуэхум псэемыблэжу пэрыт хэм Нэгъучыр ящыщщ. Абы и фIыщIэкIэ щIэрыщIэу къэIужащ шыкIэпшынэм и макъыр, пшынэтIаркъу адыгэ Iэмэпсымэжьыр къызэщIэрыуэжащ, нысэишыж хьэгъуэлIыгъуэхэм пхъэцIычыр къыщащтэжащ.
Нэгъучыр хуэIэкIуэлъакIуэщ адыгэ цIыхубэ IэщIагъэ куэдым. Абы пхъэмрэ фэмрэ къыхимыщIыкI гъуэтыгъуейщ. Ахэр адыгэм къадекIуэкI хьэпшып зэхуэмыдэхэщ — адыгэ Iэнэ лъакъуищыр, пхъэцIычхэр, сабий гущэр, лъэпкъ тхыпхъэхэр зыхэлъ шэнтжьейхэр, Iэнэхэр, адыгэ фащэ зыщыгъ гуащэ дахэ дыдэхэр.
Нэгъучым дызригъэблэгъа щIыпIэр къызэрымыкIуэу дахэщ. ХытIыгу Iуфэм Iутщ къатищу зэтет унэш-
хуэр. Абы ихъуреягъым къыщокI лIыщIыгъуэ зи ныбжь жыг лъагэшхуэхэр. Мэзым и курыкупсэм щысыпIэпсэлъапIэ Iэнэшхуэ итщ. ПщIантIэм щхьэхуэу дэтщ хьэщIэхэр къыздекIуалIэ, конференц, зэIущIэ зэхуэмыдэхэм хухаха пэшышхуэ. Нэгъучым зэрыжиIэмкIэ, адыгэ Iуэхур ягъэкIуатэу зэIущIэ куэд мыбдежым щокIуэкI. Пэшыр хуитщ, икIи дахэу зэлъыIухащ. ТелъхьэпIэхэм Нэгъучым и Iэ-
рыщIхэм щыщ тетщ — зи гугъу тщIа, адыгэ фащэ зыщыгъ гуащэ дахащэхэр. Ахэр тещIыкIащ адыгэ бзылъхугъэм — я набдзэхэр къурашэщ, ябгхэр псыгъуэщ, ящыгъ фащэри къызэрымыкIуэу гуакIуэщ… АдэкIэ пхъэцIычхэр, пхъэм къыхэщIыкIа хьэпшып зэхуэмыдэхэр къыкъуокI…
Бысымым дыщIешэ а псори къыздигъэщI лъэщапIэм. Абы куэду щIэлъщ пхъэхэр, Iэмэпсымэ зэхуэ-
мыдэхэр, ныкъуэщIу Iэнэм телъщ пхъэцIыч цIыкIухэр. Лэжьыгъэшхуэ зэпымыууэ мыбдеж зэрыщекIуэкIыр нэрылъагъущ. ИкIи, купсэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэм дыщегъэгъуазэ Iэ-
щIагъэрылажьэм.

— Ди нэхъыщIэхэм янэдгъэсын папщIэ, къытхуэнар дыугъуеижын хуейщ. Зэрыадыгэм иригушхуэу
бзэр зэрагъэщIэн, лъэпкъ щэнхабзэр зэрахьэн папщIэ дэри лъэкIыныгъэ абыхэм яттын хуейщ. Илъэс бжыгъэ хъуауэ мэлажьэ мы лъэпкъ купсэр. Ар нэхъыбэу зыхуэунэтIар щIалэгъуалэр адыгэ Iуэхум къыхэшэнращ, лъэпкъыпсагъэр къахуэгъэушынращ. Хэгъуэгуищым я щIалэгъуалэр мыбы къыдошалIэ. Мыбдежым хабзэм, адыгэ уэрэдыжьхэм, къафэм, зыIыгъыкIэ екIум, цIыхубэ IэпщIалъапщIагъэм зыхуагъасэ, зэпсэлъэкIэ, зэбгъэдыхьэкIэ тэрэзым гу лъыдогъатэ. Лъэпкъыр быдэ хъу пэтми, хэгъуэгуищми я зэныбжьэгъугъэмрэ я зэдэлэжьэныгъэмрэ нэхъ быдэнущ. Апхуэдэ зэпыщIэныгъэхэм лъабжьэ хуэзыгъэтIылъыр щIалэгъуалэращ, — жеIэ Нэгъучым.
НыбжьыщIэхэр здыщIигъэтIысхьэ пэшхэм дыкъыщрешэкI бысымым. Дегъэлъагъу пщащэхэми, щIалэ
цIыкIухэми я пэш щхьэхуэхэр. Абыхэм нэхъыжь ягъусэу зэрыщыIэфынум псори тегъэпсыхьащ. Нэрыбгэ 50-м нэс зэ щыIэгъуэу мыбдеж щохьэщIэф. Нэгъучым езым и IэкIэ иухуа унэшхуэм иджыри щилэжьынумрэ хуигугъэмрэ и куэдщ. Абыхэм ар къыпхутепсэлъыхьыфынущ зэпымыууэ. Зыхэт Iуэхугъуэхэм и псэр зэрызэщIиIэтэр гу лъыптэу, и нэхэр мэлыд ахэр къыщиIуатэкIэ. Аслъэн илэжь IуэхугъуэхэмкIэ нэхъ жыжьи мэIэбэ — мы купсэм абы щызэригъэцIыху щIалэгъуалэм лъэпкъ щэнхабзэм, нэмысым, гъэсэныгъэм я гур къахуигъэуш къудейкъым, атIэ дяпэкIэ абыхэм адыгэ
унагъуэщIэ къызэрагъэщIынымкIи гъуэгу яхухеш. Апхуэдэу, ар мэгугъэ мыбдеж нэIуасэ щызэхуэхъуа,
хэгъуэгуищым щыщ зэлъэпкъэгъу пщащэхэмрэ щIалэхэмрэ зы гъащIэ гъуэгу зэдэзыухуэн къахэкIынкIэ. Нэгъучым уепсэлъэнуи, уедэIуэнуи гъэщIэгъуэныщэщ. Философие гупсысэкIэ куу зыбгъэдэлъ лъэпкъыпсэ нэхъыжьыфIыр лъэныкъуэ куэдкIэ зэчиифIэщ. Абы усэ тхынми зрепщыт.
Хайям Омар и зы усэ зэридзэкIам къытходжэ. Ар дигу зэрыдыхьам езыр ирогуфIэ.
Зигурэ зи псэрэ хэти хузэIуха, адыгэгушхуэ зыкIуэцIылъ Нэгъуч Аслъэн гукъинэ дахэ тщыхъуауэ дыкъыбгъэдокIыж. Ди лэжьыгъэ программэм ипкъ иту адэкIэ куэдым дахуэзэн хуэмеямэ, Замирэрэ сэрэ жэщ хъуху дедэIуэфынут мы цIыху къызэрымыкIуэм. ИкIи, ди фIэщ мэхъу, абы къыджиIэн куэд иджыри зэриIэр.

АСЛЪЭНЫКЪУЭ-ХЬЭТАЙ Мадинэ

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *