IУТIЫЖ Мэжид:«СынасыпыфIэщ,си Хэку згъуэтыжащи»

oplus_32

Хэкум щIэхъуэпсу зи гъащIэр езыхьэкIа ди лъэпкъэгъухэм яIуэтэж хъыбархэм зэ нэхъ нэмыIэми щIэдэIун хуейщ хэкурыс адыгэ дэтхэнэри. Дызыхэт жей Iувым дыкъыхашыжынт абыхэм я гупсысэ хьэлъэхэм. Нобэ фи пащхьэ ислъхьэ тхыгъэр, Тыркум къиIэпхъукIыжа, Налшык къалэр псэупIэ зыхуэхъужа IутIыж Мэжид дедгъэкIуэкIа зэпсэлъэныгъэщ.

— Мэжид, хамэ къэралым укъыщыхъуащ. Уи сабиигъуэм щыщу сыт уигу нэхъ къинэжар?

— Ди адэр къуажэ тхьэмадэт икIи ефэндыт. Ауэ дин еджапIэм дыщригъэджэн зэи идакъым. НэгъуэщI еджапIэт дызыщеджэр. Си еджэнымкIэ тыркухэм сайныкъуэкъут. ТхыдэмкIэ дезыгъаджэ лIыжьым еуэ къэси нэхъ мащIэу нагъыщэр схуигъэувт. Нагъыщи «10»-р нэхъ лъагэмэ, 7-м ищхьэ абы и дерсымкIэ къысхуэхьтэкъым. ИтIанэ, жесIауэ щытащ, «зэ закъуэ си тхыгъэм ухэплъэжкъэ, угъуэща си гугъэщ» жэуэ. «Курдхэмрэ адыгэхэмрэ яхуэфащэм нэхъыбэ пхуэзгъэуващ, сыт иджыри узыхуейр?» — жэуап къызитар си щхьэм занщIэу дэжеящ. Иджыри си тхьэкIумэм ит къысщохъу абы къызжиIа псалъэхэр. Псори пэшым щIэкIыжащ, сэ сыкъыщIэнащи, согъуэг, сокIэзыз. Ар къызжиIэну апхуэдизу ди лъэпкъым сыт Iейуэ ткIэрылъыр жызори согупсыс! СыкIуэжри си гум ежэлIар си анэми хуэс-
Iуэтащ. Ар сыт щыгъуи къыткъуэтт, ди гур ихъумэт, езыр еджауэ щымытами, хуабжьу цIыху губзыгъэт. Апщыгъуэм си анэр къызбгъэдэтIысхьэри, ди лъапсэр къызыщежьари, хэкум дыкъызэрырахуари, Тыркум дыкъызэрынэсари — япэ дыдэ псори къысхуиIуэтащ. Ди лъэпкъыр зэрыкъабзэр, зэрыдахэр, тыркухэм нэхърэ дызэрынэхъ мыIейр къызжиIащ. А псалъэхэм я ужь мэуэ
сыбыбын, сылъэтэн хуэдэ сыхъуат. Апщыгъуэм илъэс 14-15-м ситт. Япэ дыдэ арат щызэхэсхар адыгэм ди къекIуэкIыкIар, ди Хэкум и хъыбарыр.
— АтIэ, уи лъэпкъыр зыхуэдэр къэпщIа иужькIэ, уи гъащIэм зыгуэркIэ зихъуэжа?
— Си анэм къысхуиIуэтам, къысхуигъэуша адыгэпсэм сыкърихуэкIт. Къайсэр Хасэр япэ дыдэ зэхэзышахэм сахэтащ. ЕджапIэм щIэс адыгэхэр зэхуэтшэсат апщыгъуэм. Дезыгъэджа адыгэ егъэджакIуитIри къыхэтшэри, зэхуэс цIыкIу хуэдэу тщIыри, гу зылъадмыгъэтэну, япэ адыгэ зэIущIэ едгъэкIуэкIат. Ди Iуэхур апхуэдэу зэрымыхъунум, дызэрыкIуэдыжым ехьэлIа псалъэмакъ абдежым
япэу къыщытIэтауэ щытащ. Зэман текIри, ар хъуащ Къайсэр Хасэ. Иужьым Анкара и университетым сыщIыхьащ, Хасэм и общежитэм сыщIэсу седжащ. Анкара дэт, «Эльбрус» къэфакIуэ ансамблым илъэси 8-кIэ сыкъыщыфащ, щIалэгъуалэ Хасэм и тхьэмадэу сылэжьащ. «Нартхэм я макъ» журналыр гъэпщкIуауэ къыдэдгъэкIт, щэхуу яхуэдгуэшт, хэт тридзами ямыщIэу. Зэманыр апщыгъуэм апхуэдэт-тIэ.

— Хэкум щыпсэу адыгэхэм сыт щыгъуэ пыщIэныгъэр щадыщIэвдзар, хэт япэу мыбы икIахэм щыщу фызыхуэзэфар?
— Япэ дыдэ Хэкужьым къикIауэ ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, Елгъэр Чэшиф, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд сымэ Тыркум къызэрыкIуар зэхэтхат. Зы бзылъхугъи ящIыгъут абыхэм. ЩIалищ дыхъуу ахэр къыздэувыIам дыкIуащ. Хэкум къикIахэр уафэм къехам хуэдэу къытщыхъут. Пластинкэмрэ алфавитымрэ къы-
дитауэ щытащ а бзылъхугъэм. Си нэгум щIэтыжщ — Лениным и пыIэр щыгъыу абы сурэт тетыр. Къыдатар гъэпщкIуауэ къыщIэтхыжри, дэр-дэру абыхэмкIэ хьэрфхэр зэдгъэщIащ. Адакъэ сурэтыр здытетым мыр «а»- уэ къыщIэкIынщ жытIэурэ тхэкIэм зедгъэсащ.
— Хэкум къэбгъэзэжыну сыт щыгъуэ щытебубыдар? Абы дауэ утегушхуа?
— Си щIалэгъуэм щыщIэдзауэ ХэкумкIэ сыкъаплъэт, сыкъэмыкIуэжами зыгуэр къысщыщIынут. Къэзмыгъэзэжамэ, къысщыхъут сылIэну. ЩIалэ дыдэу унагъуэ сщIащ. Политичес кэу щхьэгъусэ къэзышауэ дунейм зыгуэр тетмэ, ар сэращ. Хасэм хэт адыгэ бзылъхугъэти ар, тырку гуэрым дэмыкIуэн папщIэ къэсшауэ арат. Тыркубзэт зэрыпсалъэр, ауэ къыщысшэми быдэу гурызгъэIуат: адыгэбзэр зригъэщIэну, адыгэ хабзэр зэрихьэну, зэманым зихъуэжу гъуэгур зэIуахыжмэ, Хэкужьым дызэрыкIуэжынур. БынитI къы тщIэхъуащ, икIи ТыркумкIэ япэ дыдэ адыгэцIэ фIэзыщахэм сащыщщ сэ. Хъыджэбз цIыкIум – Динэмыс, щIалэм – Жамбэч. Къайсэр дэст си анэр, дэ Анкара дыщыпсэут. Къэсшам адыгэбзэ схузэригъэщIэн слъэкIакъым. Ауэ сабийр илъэсищрэ ныкъуэрэкIэ си анэм деж щызгъэIащ, адыгэбзэр зэригъэщIэхукIэ. Къыщысшэжам зы псалъи тыркубзэкIэ ищIэтэкъым. Ауэрэ лъэкIыныгъэ къытхукъуэкIри, Хэкум зыщызгъэхьэзырыжым, щхьэгъусэр къысхуэкIуэжакъым,
селъэIуащ сабиитI диIэщ, жысIэри, арщхьэкIэ сыкъызэригъэгугъар игъэпэжыжакъым. Апхуэдэу си закъуэ Хэкум сыкъихьэжащ…

— АтIэ, дапхуэдэт уи къэкIуэжыкIар? Япэу Хэкум укъыщыIуплъам сытыт уи гурыщIэхэр?
— ЛъапсэкIэ сы-хьэтыкъуейщ, IутIыжхэ сащыщщ. Си Iыхьлы IутIыж Борис КъэбэрдеймкIэ зэрыщыIэр сцIыхути, здэзунэтIар абыкIэт. Хэку фIылъагъуныгъэмрэ лъэпкъ лъагъуныгъэмрэ уиIэмэ, псори зэпыпчыфынущ. Пэжщ, гугъуи сехьащ, къайгъэ зэхуэмыдэхэми сыхэтащ. Ауэ зэи Хэкум къызэ-
рызгъэзэжам сыхущIегъуэжакъым. Зыщ сызыхущIегъуэжыр — илъэс 18 нэхъ сымыхъуу къэзгъэзэжамэ, сыту фIыт! СыкъэкIуэжыныр пщIыхьэпIэм хуэдэт. Хэкур си нэгум къызэрыщIэзгъыхьэр: гъыбзэр жаIэу адыгэ лIыжьхэр зэхэсу, шыхэм тесу фащэ зыщыгъ шууейхэр щызекIуэу… Минводы кхъухьлъатэм дыкъикIри, япэ дыдэ Хэкум дыкъыщеувэхат. ЩIымахуэт, уэст.
Соплъэри бэлъто кIыхь ящыгъыр цейуэ солъагъу, пыIэ ящхьэрыгъхэр адыгэ пыIэущ си нэгу къызэрыщIэувэр. Апхуэдэущ си нэм зэрилъагъур… ДыкъэкIуэта иужь псори асыхьэтым бзэхыжащ. Слъэгъуахэр си пащхьэ итыжтэкъым… Апхуэдэт Хэкум япэу сыкъызэрыIуплъар.

— Мэжид, атIэ, дэ зэрытщIэмкIэ, уи лъабжьэри уи къуэпсри Налшык щыбгъэбыдащ. Дауэ апхуэдэу хэку гъащIэм зыхэбгъэзэгъэжыфа? Сыт пхузэфIэкIа уи адэжь щIыналъэм?
— ЩIыр уэуеймэ хэкур уэуейщ! Гъунэгъу къуажэ, урыс къутыр цIыкIухэр куэдрэ къызэхэскIухьт. Крем-КонстантиновкэкIэ зэджэ урыс къутыр цIыкIум хуэм-хуэмурэ щIыгу къэсщэхужмэ, адыгэ унагъуэ изгъэтIысхьэжурэ, илъэс 17-м къриубыдэу адыгэ къуажэ сщIащ ар. Унэ Iэслъэс итми, щIыгуфI зэрылъу 17 къэсщэхужащ. Щамым къикIыжа унагъуэ 23-рэ, Тыркум къиIэпхъукIыжа унагъуи 3 къыдэтIысхьэжащ. Мэш ялэжьын щIадзащ, былым зэрахуэ хъуащ. НобэкIэ ар адыгэ унагъуэ 600 зыдэс къуажэу зэхэтIысхьэжащ. Я жэмыхьэти, адыгэ кхъэи яIэу. Псэуныр болъагъу — зи бжэIупэ пшахъуэ Iулъыр — ар адыгэ унагъуэщ, и гупсысэкIэри адыгэ гупсысэкIэу къызэтенащ, адыгэ хъу-
жагъэххэщ. Аращ сызэплъыр. А лъэныкъуэхэр иджыри си нэIэ щIэзгъэкIкъым, адыгэ унагъуэ нэхъыбэ здэдгъэтIысыфыным, адыгэхэр къетшэлIэжу лъабжьэ яухуэжыным сыпылъщ.
— Къэбэрдей-Балъкъэрым къекIуалIэ хьэщIэхэр уи «Адыгэ Унэм» щIэмыхьэу кIуэжкъым. Лъэпкъым и щэнхабзэ дахэмрэ адыгэм къыдекIуэкI хьэпшып къызэрымыкIуэхэмрэ зэхуэхьэсауэ абы щIэлъщ…
— Сэ куэд щIауэ сигу илът адыгэ Iуэху гуэрым иужь сихьэну. Адыгэм къыдекIуэкI цIыхубэ IэщIагъэхэр тхъумэн папщIэ, цIыхум илэжьым пщIэ къыщIихыу дгъэпсын хуейт. Псалъэм щхьэкIэ, дыщэидэр зыщIым хидыкIым уасэ иIэу ищIмэ, и унагъуэм ахъшэ къихьэмэ, гушхуэнущи ищIынущ, ауэ гухэ-
хъуэ закъуэкIэ Iуэхум пыщэныгъэ игъуэтынукъым. А гупсысэр си щхьэм илът. Лъэпкъым и цIыхубэ IэщIагъэхэри тхъумэу адыгэ цIыхури гъэпсэун хуейт. Абы къыдэкIуэу хэгъуэгум къеблагъэхэм дбгъэдэлъ щэнхабзэ, гъуазджэ дахэм абыкIэ нэIуасэ хуэтщIыфынут. Абы къыхэкIыу, унэр къэсщэхури, етIуанэ къатым дэр-бзэр цех щысщIащ, и лъащIэм адыгэм къыдекIуэкI хьэпшып зэхуэмыдэхэр
зыщIэлъ тучан къыщызэIусхащ.

— Абыхэм къанэмыщIауэ, Мэжид, адыгэм къыдекIуэкIа, ныбжь зиIэ хьэпшып куэд уиIэу дыщыгъуазэщ.
— Абыхэм я бжыгъэр 500-м нос. Ар зэ закъуэщ къызэрызгъэлъэгъуар. Сэральп Мадинэ и хэщIапIэм деж щIэхуэр щыдгъэлъэгъуауэ щытащ. А хьэпшыпхэм адыгэ уанэжьи 10 яхэтщ, абы щыщу 5-р дыжьын защIэщ. Зы адыгэ уанэр зыIэрызгъэхьэным папщIэ Тыркум и дыщэ бэзэрым илъэсищ-
кIэ сыкIэлъыкIуэжащ. Скифхэм къащIэна шабзэшэхэри сиIэщ. Ахэр си деж щызохъумэ, Iэ ядэслъэу сеIэбмэ, уафэри нэхъ къащхъуэ къысщыхъуу, махуэщIэм сыхуэгуфIэу сыпожьэ… СэркIэ а псори узэIусэ тхыдэщ, къызэрымыкIуэ лъапIагъэ зыбгъэдэлъщ.
— Мэжид, Хэкум къызэрыбгъэзэжамкIэ пIуэтэжауэ жыпIэрэ, насып абы къыуита?
— СынасыпыфIэщ, си Хэку згъуэтыжащи! Мыбдеж щызухуэжащ унагъуи, щIалэ къыс-
щIэхъуэжащ — Пщымахуэ. Абы быни къыщIэхъуэжри дадэ жьыщхьэмахуэ сыхъуащ.
Адыгэбзэ защIэкIэ мэпсалъэ си къуэрылъху пщащэжьейр. Аракъэ насыпыр сэркIэ!

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *