Къэбэрдей-Балъкъэрым къикIыу — «Налшык» шхапIэ
Адыгэр сытым дежи хьэщIэ егъэблэгъэкIэм, гъэхьэщIэкIэм мыхьэнэшхуэ ириту къекIуэкIащ. Ноби пхужыIэнукъым ар тIэщIэхуауэ. Уеблэмэ, нэхъ гуапэжыр а лъэныкъуэм нэхъри зезыгъэужь, хабзэ дахэхэр ди иджырей гъащIэм къыхэзыпщэжхэр диIэщ. Абыхэм ящыщщ «Налшык» шхапIэр зыгъэлажьэ Уэзрокъуэ Чэрим.
АтIэ, бысым щIалэм дызригъэблэгъа шхапIэр зыхуэбгъадэ хъун щыIэкъым. Бжэр зэрызэIупхыу, узэба-
къуэр адыгэ бжэщхьэIущ, узыщIыхьэр адыгэ унэщ, къыппежьэр адыгэ фащэ зыщыгъ пщащэщ, къэIур адыгэ макъамэщ, узыпэрытIысхьэр адыгэ Iэнэщ, абы къыпхутрагъэувэр адыгэ шхыныгъуэ защIэщ… Зы шхыныгъуэкъым, тIукъым… атIэ Уэзрокъуэ Чэрим къыхуеблэгъа хьэщIэхэм адыгэ шхыныгъуибл ямышхыу щIэкIыжкъым. Чэрим и шхапIэм хилъхьэ мыхьэнэр къызэрымыкIуэщ Къэбэрдей-Балъкъэ-
рымкIи, адыгэ лъэпкъымкIи. Пэжыр зыщ, республикэм къеблагъэ дэтхэнэ туристри, зыгъэпсэхуакIуэ-
ри, лэжьакIуэ IуэхукIэ къекIуэлIа хьэщIэри, мыбы къыщIыхьа нэужь, адыгэ лъэпкъыр зыщыщым, абы и щыIэкIэ-псэукIэм, и щэнхабзэм щыгъуазэу щIокIыж…
— Къытхуеблагъэ хьэщIэхэм сыхьэтым къриубыдэу тхузэфIэкIыр ябгъэдыдолъхьэ. ЩIыпIэ дапщэ ахэр щымыIами, дауэми, псори ялъагъун, псоми зыщагъэгъуэзэн яхузэфIэкIкъым. Ар си тегъэщIапIэу проектри къызэзгъэпэщащ. Шхыныгъуи 7 зэраIурыхуэм къинэмыщIауэ, ар зэращI щIыкIэр зы-
тетха тхыгъэ цIыкIури саугъуэтуи ядот. «Налшык»-м щысшхар си унагъуэ щысщIыжынщи язгъэшхын адрейхэм, ар адыгэ шхыныгъуэщ жиIэу иупщэфIмэ, ди лъэпкъымкIи сэбэпагъ къызыпыкIщ.
КъинэмыщIауэ, зичэзу шхыныгъуэр къахьыху, адыгэ хабзэр, блэкIа тхыдэр, къыддекIуэкI гъэсэныгъэ дахэр нэтынкIэ ядогъэлъагъу. Хэгъуэгухэм я къэфакIуэ гупхэм, уэрэджыIэ лъэщхэм, адыгэ цIыхубэ Iэмэпсымэхэм я макъамэхэм щIыдогъэдэIу… А псоми хэдгъаплъэ хьэщIэм, Iэмал имыIэу, адыгэ лъэпкъым хуэгъэзауэ зыгуэр игу къинэжауэ и деж екIуэлIэжынущ, — къыддогуашэ Чэрим.
Къытхуахь япэ шхыныгъуэр: хугу хьэнтхъупс пщтырыр. Ди унагъуэхэм куэдрэ щыдмыщI шхыныгъуэр
дэркIи щIэщыгъуэщ икIи къэуатщ. Абы деIубыхукIэ, хьэнтхъупсыр къызыхахым,
Iэпкълъэпкъым сэбэпу къыхуихьым теухуауэ нэтыным ар къеIуатэ.
Шхыныгъуэ къэскIэ дакъикъи 6 я зэхуаку дэлъщ. Шхыныгъуибл зэпыту пшхынри Iэпкълъэпкъым зэремыгуэкIуэнум, къызэрытемыхьэлъэнум хуэдэу гъэпсащ.
Адыгэм и тхыдэм дыхишэурэ, щэнхабзэ дахэм дыхригъэлъасэурэ етIуанэ шхыныгъуэм и чэзури къы-
нос. Хугу пIастэ зыгуэлъ джэшлыбжьэ…. Сыту ари щIэщыгъуащэу уи Iум ехрэ… АдэкIэ кхъуейжьапхъэр, дэлэныр, лыбжьэр, хьэтыкъыр, шхур…
Шхыныгъуэу къытхуахьам и IэфIагъыр уи Iум къонэ, ауэ зыкIи къыптехьэлъэкъым. Адыгэ шхы-
ныгъуэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэри аращ — къэуат щIэлъыр куэду, ауэ хьэлъэ уимыщIу.
Адыгэпсэ щIалэр хэплъыхьауэ и лэжьыгъэм бгъэдохьэ. Шхыныгъуэхэр зыупщэфIри зэпIэзэрыт, ныбжь дахэм ит пщэфакIуэхэщ, ерыскъыр къызыхащIыкIыр къуажэхэм къыщищэху шхы-
ныгъуэ къабзэщ, макъамэ къригъауэр, фIым я нэхъыфI уэрэджыIэхэм яйщ. Езыр и щытыкIэкIи и
Iуэху бгъэдыхьэкIэкIи апхуэдэ къабзэщ. Илъэс 18 зытригъэкIуэда щэнхабзэ IэщIагъэм нэхъри и лъэр
щигъэбыдэу хуолажьэ. Щэнхабзэ утыкум пщIэ щызиIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрми, гъунэгъу хэгъуэгухэми фIыуэ къыщацIыху уэрэджыIэщ Уэзрокъуэ Чэрим. Лъэпкъ Iуэхуми, щэн-
хабзэр Iэтынми гу къабзэкIэ бгъэдэт щIалэр сыт и лъэныкъуэкIи Тхьэм иригъэфIакIуэ!