Утыкум зэрихьэм хуэдэщ и дуней тетыкIэри

Кавказ хэгъуэгухэм я щэнхабзэ къудамэхэр къулейщ уэрэджыIэхэмрэ артистхэмрэкIэ. Абыхэм я нэхъыбэм «ягъэбзэрабзэр» иджырей уэрэд псынщIэхэращ, нэхъыбэм урыс псалъэхэр зыщIэлъщ.
А псоми Хьэкъул Оксанэ къащхьэщегъэкI гухэлъ уэрэд псэхугъуэхэр зэрыжиIэмкIэ, сыт щыгъуи адыгэ фащэ екIукIэ утыкум къызэрихьэмкIэ, и зыIыгъыкIэ дахэмкIэ. Зи гугъу тщIы уэрэджыIэ бзылъхугъэ гуакIуэр къэзымыцIыху Къэбэрдей-Балъкъэрым щыгъэтыжауэ, адыгэ зыщыпсэу нэгъуэщI хэгъуэ-
гуитIми ису къыщIэкIынкъым. НэхъыфIыжыххэуи ар къалъагъу хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэми.

Къэбэрдей-Балъкъэрым дыкъеблэгъэхукIэ, Оксанэ къытхуозэ, ныбжьэгъугъэ гуапагъэкIэ сыт щыгъуи къытпыкъуокI. И творческэ лъэныкъуэхэм куууэ дыщымыгъуазэми, зэрыуэрэджыIэ къызэрымыкIуэм-
рэ и макъ шэщIыкIэ дахэмрэ дедэIуэну ди насып къихьащ зыбжанэрэ. Хьэкъул Оксанэ илъэс 22-рэ хъуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармонием и уэрэджыIэщ. Республикэм гъуазджэхэмкIэ и институтым цIыхубэ уэрэджыIэмкIэ и факультетыр къиухащ.
— СызэрыцIыкIурэ лъандэ си дадэм уэрэдыжьхэр жиIэти, абы сэри сыдежьу зэпытт. УвыпIэхэри къыщысхьу республикэм щекIуэкI уэрэджыIэ зэпеуэхэм сыхэтт. Къэфэныр сфIэфIти, илъэс 12-кIи къафэм зыхуэзгъэсащ. ГъуазджэхэмкIэ институтым здэзунэтIар а лъэныкъуэра щхьэкIэ, си насып
къихьар уэрэджыIэ факультетращ, — къытхуеIуатэ Оксанэ. Къэфэным зыхуэзыгъэхьэзыра пщащэ цIыкIур, ауэ сытми хэхуатэкъым уэрэджыIэ къудамэм. И макъ шэщIыкIэ дахэм етIуанэ кур-
сым хэсу гу къылъатагъэххэт. Институтыр къимыух щIыкIэ ар ирагъэблэгъащ республикэ къэрал филармонием. Даур Аслъэн лъабжьэ зрита «Дахэнагъуэ» уэрэджыIэ бзылъхугъэ гупым зыхашащ. Зэ-
ман текIри, и закъуэу уэрэджыIэ лъагъуэр хишыжащ.
— Сэ псэкIэ нэхъ си гъунэгъур цIыхубэ макъамэхэмрэ дзапэ уэрэдхэмрэщ. Си анэ тхьэмыщкIэм къысхилъхьауэ къыщIэкIынт ар. Хьэку цIыкIум пэрысу дзапэ уэрэд къришу зэрыщытар си нэгу щIэтыжщ. ДахэкIейуэ жьэ пшынэ игъэбзэрабзэт, икIи зэкIужу къафэт, — пасэрей макъ къэIукIэу Оксанэ дзапэ уэрэдыр ешэщI. Ди щхъуэрэцыр егъэтэдж зэхэтх «сопрано» макъ телъыджэм.
Оксанэ и макъ къызэрымыкIуэм уэрэдус цIэрыIуэ куэдым хуагъэфащэ я тхыгъэхэр. Ахэр: Лий Аслъэн, Лосэн Тимур, Чэрты Мадинэ, IутIыж Борис, Османов Нихьэд, Джэдгъэф Фатимэ, Бер Мадинэ, Сэхъу Хьэсан, Вындыжь Марие, Вэрокъуэ Валерэ сымэ. Дэтхэнэ Iуэхури, хабзэри зыгъэдахэр абы и зехьэкIуэхэращ. Апхуэдэу, Къэбэрдейм къыщызэрагъэпэщ дэтхэнэ махуэ лъапIэми зэкIужу,
пшыхьыр игъэбжьыфIэу Хьэкъулыр утыкум къохьэ. Адыгэ къафэм и дахагъэр, макъ дахэм и къэIукIэ къызэрымыкIуэр цIыхухэм я пащхьэ ирелъхьэ. Оксанэ адыгэхэр зыщыпсэу хамэ къэралхэм мызэ-мытIэу щыIащ. Иорданым и адыгэ къуажэхэм, Тыркум и къалэ куэдым я утыку итащ.
Абы и макъымкIэ хамэ щIыналъэм щыпсэу адыгэхэм я гур зэриIэт
закъуэри куэд и уасэщ. Ди лэжьэгъу НэщIэпыджэ Замирэ зэкъым зэрилъэгъуар Оксанэ
хэхэс ди лъэпкъэгъухэм уэрэд зэрахужиIэр. — Оксанэ сымэ сащIыгъуу Тыркум сыщыщыIам абы щыпсэу адыгэхэр къызэрыпежьэр, абы зэредаIуэр телъыджэ сщыхъуат. Фи нэгу къыщIэвгъыхьи, цIыху мини 4-м щегъэжьауэ мин 40-м нэсу зэхуэс адыгэхэр зэщIыгъуу къэтэджу IэгуауэшхуэкIэ пежьэу, щедаIуэкIэ я нэм нэпсыр тезу, жьы дэшеипIэ ямыIэу, жыхуаIэм хуэду зэредэIур къызэрымыкIуэу гухэхъуэщ. Ар щыплъагъукIэ уи щхъуэрэцыр егъэтэдж. Сэри журналисту апщыгъуэм сыщыIэти, а псори газетым тхыгъэу къызэрызгъэлъэгъуэжыфынум сегупсыст. Ауэ телевиденэмкIэ хуабжьу нэтын дахэхэр щыдгъэлъэгъуэжауэ щытащ абы ехьэлIауэ, — къытхуе-
Iуэтэж Замирэ.

Сэ зэрыслъытэмкIэ, адыгэ лъэпкъым и дахагъэр наIуэу игъэлъагъуэу, цIыхум и псэр итхьэкъуу утыкум дахэу зыщызыIыгъ Оксанэ и гъащIэ щытыкIэри, и дуней тетыкIэри нэгъуэщIуи щытыфынукъым. Абы ехьэлIауи езым жиIэр абы щыхьэт тохъуэ: «Утыкум сызэрихьэм хуэдэщ сызэрыпсэунуи сызыпылъыр».

АСЛЪЭНЫКЪУЭ-ХЬЭТАЙ Мадинэ

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *