Илъэсрэ ныкъуэм къриубыдэу дунейм и бгы нэхъ лъагэ дыдэ 14-м я щыгум иувэфа ди адыгэ пщащэм лъэпкъым и щхьэр ину иригъэлъагъужащ. «Корона мира» дунейпсо проектыр иригъажьэу, метр мини 8-м нэхърэ нэхъыбэ зи лъагагъ бгы къэс къызэринэкIыху, Алинэ
и гуфIэгъуэр ди газетымкIи дэтIэтащ. Альпинист цIэрыIуэм пыщIэныгъэр диIыгъащ и ехъулIэныгъэхэр сыт щыгъуи къэзыгъэлъэгъуа ди лэжьэгъу Дэбагъуэ Хьэтызэ. Тхыгъэхэр ди газетым тета пэтми, Алинэ дыхуэзэу, езым а псори къыжедгъэIэжыфынымкIэ лъэкIыныгъэр блэдгъэкIакъым. «Адыгэ псалъэ»-м и хэщIапIэм къытхуеблэгъа ПЕКЪУ Алинэ дедгъэкIуэкIа зэпсэлъэныгъэр фи пащхьэ изолъхьэж.
— Алинэ, апхуэдэ проект щэджащэм и ужь ущихьэм, фIэщхъуныгъэ уиIэт ар пхузэфIэкIыну?
— Проектыр къызэрымыкIуэу гугъути, ар къызэрысхущIэкIынур, дауэми, сцIыхутэкъым. Ауэ апхуэдизымкIэ абы сыщIэхъуэпсти, сигукIэ зыхэсщIэт ар къызэрызэхъулIэнур.
МылъкукIи, си къару щытыкIэкIи, Iуэхугъуэ куэдхэмкIи сыкъызэращIынур иджыри сцIыхутэкъым, итIани фIэщхъуныгъэ гуэрым сиIыгът, ар зэрыслъэкIынур псэкIэ тезубыдагъэххэт.
— Уи япэрей бгы дэкIыгъуэр къыщызэбнэкIам сыт зыхэпщIар?
— Япэ бгы щыгум тыншу сызэрыдэкIыфам сригуфIащ. Пэжу жысIэнщи, сызэрыгугъам нэхърэ нэхъ псынщIагъуэу ар къызэзнэкIыфащ. Абы сригуфIэт, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы ипэ дызыхуэкIуа «восьмитысячникым» сыдэкIыфатэкъым, дунейр къызэIыхьэри. Япэ сызыдэкIа Аннапурнэ бгыр хьэлъэт икIи шынагъуэт. ИкIи ар къызэрызэмыхьэлъэкIам нэхъри сигъэгушхуащ.
— Метр мини 8-м нэхъ лъагэ бгы 14! Абыхэм я щыгу къэс уи гум щыхъэ гурыгъу-гурыщIэхэр зэщымыщт?
— Бгы щыгу къэс ущиувэм деж щытыкIэ зэхуэмыдэхэм уитщ. Зэм гуфIэгъуэм узэщIеIэтэ, зэми апхуэдизу ешымрэ гусысымрэ къыптокIуэри, бгым укъехыжын фIэкIа ухуэмейуэ уохъу. Аргуэру зы лъагапIэм узэрыдэкIар уи щхьэм щызэримыгъэзахуэ, къыщыбгурымыIуэ щытыкIи уохуэ, узэрешыщам къыхэкIкIэ.
— Е 14-нэ бгым и щыгум уиува нэужь, Iуэхур зэфIэпхат, проектыр бухат… Уи гум
сытыт щыхъэр?
— СпэщIэкIари схузэфIэкIари къызгурыIуэу си гум псэхугъуэ илът. Си мурадыр къызэрызэхъулIар псэкIи акъылкIи зыхэсщIэт, ар зэрызгъэзэщIэфам, зэрынэзгъэсам псэхупIэ къызитащ. Апщыгъуэм зыхэсщIар гуфIэгъуэ щытыкIэ защIэщ. Ауэ псэкIэ гугъу нэхъ сыщехьар е 11-нэ бгым дыщыдэкIаращ. Абдежым къыстригуплIат гусысри, псэ гузэвэгъуэри, «депрессия» жэуэ нобэ зэджэ щытыкIэм сызэщIиIулIат. Абы си къарур сщIиха къысщыхъуу сыкъехыжауэ щытащ.
— Алинэ, бгым хууиIэ фIылъагъуныгъэм сыт и къыщIэдзапIэр?
— Дызыщыпсэу щIыпIэхэм лъэныкъуэ псомкIи бгыхэм дыкъаухъуреихь. Абыхэм я дахагъым гу щылъыдмытэжи мэхъу. ЗыхэдмыщIэми, ди гъащIэм абыхэм увыпIэ щаубыд. СыцIыкIуху абыхэм гу ялъызмытами, балигъ сыхъуу бгыхэр зэIухауэ щыслъагъум, я дахагъэр зэрызгъэщIэгъуэнур сщIэтэкъым: «Мы бгыхэр махуэ къэс тлъагъуу допсэу!». Сыт щыгъуи си жагъуэ хъури аращ.
Ди хэгъуэгухэращ нэхъ бгы лъагэхэмрэ дахэхэмрэ здэщыIэр. Ауэ бгы дэкIыным, аль пинизмэм зиужькъым. Абы срихьэлIащ мурадыр щызыхуэзгъэувыжам. СызэкIуэлIэни къызэрыщIэздзэни згъуэттэкъым. А щытыкIэр уигу хэмыхьэу хъукъым.
— Сыт хуэдэ япэ узыдэкIа бгыр?
— Япэ дыдэ Iуащхьэмахуэ сыдэкIащ. Бгы дэкIыныр псэкIэ зэрызигъунэгъур щызэхэсщIар апщыгъуэращ. Абы иужькIэ хэзгъахъуэу щIэздзащ бгым я лъагагъми, я гугъуагъми. Апхуэдэурэ сахуэкIуащ метр мини 8-м нэхърэ нэхъ лъагэхэм. Апхуэдэурэ зи гугъу тщIы проектми сытегушхуэри сыхыхьащ.
— Илъэсрэ ныкъуэр уи дежкIэ сыт хуэдэт?
— Си мурадым сызэрыхуэкIуэ пIалъэ гъэщIэгъуэнт, Iуэхугъуэ куэдхэмкIэ гъэнщIат.тЗыгуэрхэми жаIэнкIэ мэхъу «бгым дэкIа — сыт къыхуихьар» жэуэ. Пэжщ, псори бгыщ, куэду мывэхэр здызэтелъ бгылъэхэщ… Ауэ сэ къызгуроIуэ а илъэсрэ ныкъуэм спэщIэкIар. ГъащIэ псо ирикъун къэзгъэщIащ а пIалъэм.
— Куэдым яфIэгъэщIэгъуэнщ апхуэдэ проектым текIуадэ мылъкур…
— Пэжщ, мылъку мымащIэ тохуэ апхуэдэ экспедицэхэм. Иужьрей бги 3-р псом нэхърэ
нэхъ лъапIэт. КъыщыщIэздза къудейм ди унагъуэ мылъкукIэ дежьами, иужьым спонсор къыхэмыхьэу хъуакъым. Куэдым зыкъысщIагъэкъуащ, куэдым фIыщIэ якIэрылъщ проектыр зэрызэфIэзгъэкIыфам. Зи цIэ къыхэзгъэщыну хуэмейхэри яхэтщ абыхэм. Ауэ фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейт псоми. Къыздэ-
Iэпыкъуахэм ящыщщ: Юмшанов Андрей, ТIымыжь Хьэсанэ, Беккаев Хьисэ, Тапаев Рустам, Къумыкъу Анзор, Быф Анатолэ, Къуэдзокъуэ Альберт сымэ.
— Бгыхэм зыуагъэхъуэжа?
— Си фIэщ мэхъу бгыхэм уи псэ щытыкIэр зэрахъуэжыр. Ахэр егъэджакIуэ къызэрымыкIуэщ. Куэдым ухурагъаджэ, лъэныкъуэ куэд къыпхузэIуах. Тегъэчынауэ схужыIэнукъым мыр яхъуэжащ жэуэ, ауэ си псэ щытыкIэ гуэр зэрызэрахъуэкIар хьэкъщ. Си къарум нэхъ сыкъигъэгугъэ хъуащ. Бгыщхьэ сыдэкIыху къэс лъэныкъуэ гуэркIэ сызэплъыжащ, сызыпэщIэхуэ хьэлъагъхэм емылъытауэ, абы зазэрыдэзгъэхъуфым нэхъри сигъэгушхуащ сщIэмрэ сызыхуэкIуэмрэ си щхьэкIи си псэкIи къызэрызгурыIуэр зыхэсщIэу.
— Проектым и ужь ущихьэм, рекорд гуэр бгъэувыну, Урысейм щыпсэухэм япэрейуэ сыдэкIынщ жэуэ мурад уиIа?
— ЩыщIэздза къудейм, сэ зэрызэхэсхамкIэ, къэралым щыщ цIыхубз зэрыдэмыкIар сщIэт, ауэ апхуэдэ мурад сиIакъым къэралым деж япэ сыхъунщ, хьэмэрэ си цIэр ину згъэIунщ жэуэ. А псоми сегупсысакъым апщыгъуэм. Ар щIэсщIар схузэфIэкIым сеплъыну, зыхуэзгъэувыжа мурадым сыхуэкIуэну сыхуейт. ПщIэ къэслъэщыну и ужь ситакъым.
— АтIэ, Алинэ, а бгы къомым удэкIа нэужь, Iуащхьэмахуэ зыуи къыпщымыхъуну къыщIэкIынщ…
— Iуащхьэмахуэ сфIэфIщ сыдэкIыну, щэрэ сыщыIащ абы. Ауэ сыдэкIын ипэкIэ, абыи зыхуэзгъэхьэзырынущ икIи сегупсысынущ нэхъ тэмэму зэрысщIынум. Къызэрыстемыхьэлъэнур соцIыху, ауэ бгыхэм Iэджэ щытыкIэми урагъахуэ, дунейм асыхьэтым зехъуэж, угъуэщэнкIэ мэхъу, проценти 100-кIэ зэи абы ухуэхьэзырыфынукъым.
— Алинэ, мылылъэ бгыщхьэ узыдэкIахэм пщIыгъуа шерпхэм я гугъу къытхуэпщIкъэ. Сыт абы я мыхьэнэр, дауэ фызэдэхъуа?
— Проектыр щыщIэздзэм шерп къысхухахар щIалэIуэу къысщыхъури, абыкIэ сызэрымыарэзыр къагурызгъэIуащ. Ауэ нэгъуэщI къызамыту, абы сеувалIэри, япэ бгым дызэдыдэкIащ. ТIэкIуи дызэтемыхуэу, езыр щIалэIуэ къысщыхъуу дзыхь хуэзмыщIыщэу, сэри бгы куэд сызэрыдэмыкIам щхьэкIэ жысIэм къемыдэIущэу зищIт. Куэдрэ дызэфIэнами, бгы куэдым дызэщIыгъуу дыдэкIащ,
езыри къыздэIэпыкъуащ, сэри апхуэдэ къабзэу сэбэп сыхуэхъуащ. Шерпхэр профессионалщ, ахэр лъэщщ, икIи Iуэхугъуэ куэди зэфIах, кIапсэхэр пащIэнуми, кислород баллоныр дахынуми. АбыкIэ къызэрымыкIуэу сэбэп къысхуэхъуащ. Езы си гъусэри бгы щыгу 14-м дэкIыныр зыхуигъэувыжати, абыкIэ сэри сыщхьэпащ, нобэкIэ 10-м ари дэкIагъэххэщ.
— Бгы дэкIыным гъащIэкIи, узыншагъэкIи къызэрымыкIуэ шынагъуэ пыщIащ. ГъащIэм и кIэух а бгыдэкIыр зэрыхъуфынум уеувэлIэфрэ?
— Мылылъэ бгы лъагэхэм дэкI дэтхэнэри фIыращ зыщыгугъыр. ЗызгъэлIэнщ жэуэ зыри абы дэкIкъым, и псэр а бгыхэм къыщинэну зыри хуейкъым. Пэжщ, хэти къыгуроIуэ абы шынагъуэ зэрыпыщIар, арами, бгым дэкIыр абы щхьэкIэ нэхъ мащIэ хъукъым. Бгыхэм хуаIэ лъагъуныгъэращ а гъуэгур щIагуэщIыр псоми.
— Алинэ, кавказ щIыналъэхэм япэрейуэ альпинизмэм хэбэкъуар альпинист цIэрыIуэ Мэз Каринэщ. Адыгэ пщащэхэм гъуэгу тхухишауэ плъытэ хъунущ абыкIэ. Дауэ уеплърэ, бзылъхугъэ «теплъэ» иIэфыну зэгуэрым альпинизмэм?
— Каринэ Эверест дэкIа япэ адыгэ бзылъхугъэщ, Урысейм щыпсэухэм щыщу е 5-нэщ. Апщыгъуэм куэдкIэ нэхъ хьэлъэт альпинизмэм ухыхьэну. Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм ар къыддекIуэкI хабзэу жыпIэ хъунущ — дэ ди цIыхухъур сыт щыгъуи ипэ итщ, цIыхухъур нэхъ лъэщщ. Абы зыри пыслъхьэкъым, аращ зэрыщытын хуейри, дунейм ахэр нэхъ къарууфIэуи, нэхъ лъэрыхьуи къигъэщIащ. Ауэ альпинизмэр, бгы дэкIыныр цIыхухъу IэщIагъэщ жыпIэу зомыпщытынри мытэрэзу къызолъытэ. Бгым куэдрэ срихьэлIащ цIыхухъухэм кърагъэзыхыжу, бзылъхугъэхэр щыдэкI. Псори зэлъытар цIыхум и псэ къаруращ.
— Уи е 14-нэ бгы щыгум укъызэрехыжрэ мазэ къудейщ текIар. ГъащIэм дауэ ухыхьэжа, сыт блэжьыну уи гугъэр, мурадыщIэхэр уиIэ?
— Иджыри пIалъэ мащIэщ текIар-тIэ. ИджыпстукIэ зызогъэпсэхуж си псэкIи, си IэпкълъэпкъкIи. Сегупсысынуи къыспэщылъщ ипэкIэ сызэлэжьыну Iуэхухэм. Бгы дэкIыныр IэщIыб сщIынукъым, ар хьэкъщ. Метр мини 8 зи лъагагъхэм сымыкIуэми, Iуащхьэмахуэ сыкIуэнкIэ хъунщ…
— ПхузэфIэкIа проектым сыт гушхуэныгъэу къыуитар? Сыт абы и къэпщытэжыныгъэу уи щхьэкIэ бгъэбелджылар?
— Сэ спэщIэкIар, си нэгу щIэкIамрэ абы къарууэ есхьэлIамрэ соцIыхуж. ПцIы сыупсынущ си лъэкIыныгъэм сригушхуэкъым, е сриинкъым жысIэмэ… А ехъулIэныгъэр сэ зыIэрызгъыхьэжащ. Ауэ сэ нобэ сыальпинист бэлыхьщ, сэр мыхъу апхуэдэ зыми ищIэфакъым жэуи жысIэкъым…
— Алинэ, пхузэфIэкIа хахуагъэ къызэрымыкIуэм ирогушхуэ адыгэ лъэпкъри, Урысей къэралри. Тхьэм иджыри лъагапIэ куэдым уи лъэр нихьэс!
Епсэлъар АСЛЪЭНЫКЪУЭ-ХЬЭТАЙ Мадинэщ
—