Ди зы лэжьэгъуэ махуэм дыкъыщыхутащ дыщэ таурыхъыр къыздагъэщI лъэщапIэм. Мы псалъэхэм егъэлеиныгъэ хэлъкъым, сыту жыпIэмэ, скифхэм я лъэхъэнэм щегъэжьауэ, псэущхьэхэм я дуней щIэращIэм щыщIэкIыжу — псори здыщызэхуэхьэса унэр телъыджащэт. Зи гугъу тщIыр дыщэм елэжь
гъукIэ Iэзэ, дуней псом щыцIэрыIуэ IэщэщI, Адыгэ Республикэм и цIыхубэ сурэтыщI ЕУТЫХ Ася и «Золотая кладовая» уардэ унэращ.
Къатищу зэтет унэр Мейкъуапэ и къалэ жыг хадэм хэтщ. Къэзыухъуреихь щIыпIэр нэхъри игъэдахэу, теплъэ телъыджэ зиIэ ухуэныгъэр, зэуэ уи нэм къыщIедзэ. Узыхыхьэну таурыхъым ухуигъэхьэзырым ещхьу, абы и лIыхъужьхэр унэ щIыхьэпIэм «къыщыппожьэ». Ахэр нарт IуэрыIуатэм къыхэбэкъукIа лIыхъужьщ, дыщэ мэзым къыхэкIа псэущхьэ дахащэхэщ… Унэ къуапэхэри, щIыхьэпIэри тхыпхъэщIыпхъэхэмкIэ гъэщIэрэщIащ, уаплъыпэмэ, Iэ защIэкIэ ахэр къызэрыхэбзыкIам гу лъыботэ…
ДызыщIыхьа пэшышхуэр дыщэрэ зэпылыдыкIыу, плъагъу псори пхуэмыIуэтэну телъыджэу
уи нэгу къыщIоувэ. ПсалъэкIэ абы и дахагъэмрэ и гуакIуагъэмрэ къэIуэтэгъуейщ, дэтхэнэми ар зригъэлъэгъуамэ сыту фIыт! Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мы уардэ унэр ди лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэмрэ зэчий къызэрымыкIуэмрэ здызэхуэхьэса, гъуазджэм и купсэ нэхъыщхьэу плъытэ хъунущ. Мы бзылъхугъэ къызэрымыкIуэм бгъэдэлъ зэчийр зыми хуэбгъадэ мыхъунщ, аращ абы и IэдакъэщIэкIхэм уасэшхуэ щIратыр, художественнэ дунейм пщIэрэ увыпIэ инрэ щызиIэхэм
щIыхабжэр. АтIэ, ди нэгум къыщIэувэр бзылъхугъэм и IэдакъэщIэкIыу фIэщ щIыгъуейщ. Ахэр къыхэхащ гъущIыкIэ лъапIэхэм — гъуаплъэм, дыщэм, дыжьыным. Мыбы щIэлъ хьэпшыпу хъуам
ювелир IэкIуэлъакIуагърэ тхыдэ гупсысэ хэхарэ ябгъэдэлъщ. Iэпхъуамбэпэ нэхъ мыхъу хьэпшып цIыкIунитIэхэм щыщIэдзауэ, нобэ Ася зэлэжь, метри 8 зи лъагагъ «Дыщэ жыгым» щыщIэкIыжу тхыдэ жыжьэр якIуэцIылъщ.
Еутых Ася иухуа таурыхъ дунейр зыми емыщхьщ. Мыбдеж «зэгурыIуэу щызэдопсэу» аслъэнхэмрэ тIыхэмрэ, бзухэмрэ щомыщхэмрэ. Иужьрейхэр куэду хэтщ бзылъхугъэ IэпщIэлъапщIэм и тхыпхъэщIыпхъэхэм. Ахэр щыболъагъу блын джабэхэм, пкъохэм, лъэгум хэщIыхьа
мозайкэхэм, хьэпшыпхэм я нэхъыбэм. Ауэ ар мэз псэущхьэу щытми, Ася иухуа таурыхъым деж
щомыщыр — хуабагъэ къызыпыкI, цIыху псом фIыгъуэ къахуэзыхь псэущхьэщ… АтIэ, ар къахэкIащ Ася и анэшхуэ Къадырхъан къыхуиIуэтэжу щыта хъыбарыжьхэм… Скифхэм я лъэхъэнэр Еутыхым и творчествэм пхыкI лъагъуэшхуэщ. Уардэ унэм и утыку нэхъыщхьэм, узэрыщIыхьэу узыIуплъэр — скиф амазонкэм и пащтыхь гуащэм и тахътэращ. Ар зэрыдунейуэ цIэрыIуагъ хуабжь къэзылъэща,
доллар мелуан бжыгъэ уасэу зыхуащIа хьэпшып къызэрымыкIуэщ. И теплъэм хуэдэщ,
абы мыхьэнэрэ гупсысэу авторым хилъхьар. ИхъуреягъкIэ къыщыт абдж телъхьэпIэхэм телъ, дэлъ хьэпшыпхэри апхуэдэ къабзэщ. Псоми тхыдэрэ мыхьэнэ куурэ якIуэцIылъщ. Апхуэдэщ ди къэралым и музей нэхъыщхьэм, Эрмитажым щIэлъ дыщэ тажым и копиер, анэшхуэ Къадырхъан
и пасэрей фащэхэр, езы Еутыхым и нысашэ фащэ дахащэр, абы хуищIа, дыжьыным къыхэщIыкIа бгырыпххэр, Иордан пащтыхьым и щхьэхъумэхэм папщIэ зэхуэдэу ищIа Iэщэ-фащэр, нэгъуэщI куэди. Мейкъуапэ Iуащхьэм къыщIахыжахэм трищIыкIа теплъэгъуэхэми увыпIэфI щаубыд. АпхуэдизымкIэ пкъырыпкъыу ахэр оригиналым тещIыкIащи, умыгъэщIэгъуэн плъэкIкъым.
Тлъэгъуа дуней телъыджэр къэзыгъэщIа Ася а псом къызэрытхутепсэлъыхьынури ди плъапIэт. ЕтIуанэ къатым къыщыдэжьэ унэгуащэр и дахагъкIэ а таурыхъым къыхэкIам ещхьт. ФIэщ щIыгъуейт ди пащхьэ ит адыгэ бзылъхугъэ IэмащIэ-лъэмащIэм а тлъэгъуа псори и IэрыкIыу. Бзылъхугъэ IэпэIэсэр лъагъуныгъэ къызэрымыкIуэ зыхуиIэ и IэщIагъэм нэхъри дыдригъэхьэхыу къытхутопсэлъыхь.
— IэщIагъэр пхэлъу укъохъу, нэхъ егъэзыгъэкIэ ар зыхэплъхьэфынукъым, зэбгъэщIэну ухуежьэми, ар зыхэлъым зэи уакIэлъысынукъым. Си IэрыщIхэмкIэ къэзгъэлъагъуэ тхыдэр, сызылъэIус лъэхъэнэхэр сцIыхуххэу сыкъэхъуауэ, сызэрысабийрэ къыздекIуэкIауэ солъытэ. Дыщэ мэзыр си лэжьыгъэхэм дэнэкIи къызэрыхэщым гу лъыфтагъэнщ, апхуэдэщ псэущхьэхэр, бзухэр, щомыщхэр. Дыкъэзыухъуреихь дунейм нэхъ егъэджакIуэфI бгъуэтынукъым. Псори къызыхэкIыр аращ, — къыддогуашэ бзылъхугъэр. Дэтхэнэ гъуэгуанэри къызэрежьэр лъагъуэ къуэпсурэщ.
Ауэ езы цIыхуращ зэлъытар ар гъуэгуанэ щхьэхуэ хъунуми, нэгъуэщI гъуэгуанэшхуэ хашагъэххэм хэгъуэщэжынуми. Ася хузэфIэкIащ япэ лъэбакъуэхэмкIэ зыми емыщхь гъуэгуанэшхуэ иунэтIын.
— Сыздеджэ институтым и къэфакIуэ ансамблым солисту сыкъыщыфэт, ди гъэсакIуэр шэшэн щIалэт. ИкIи зэгуэрым Эсамбаев Мэхьмуд ди деж къригъэблагъэри, репетицэ зыбжанэми щIэсат. Ди къэфэкIэм еплъа нэужь, «мыбыхэм уахэзэгъэжкъым, Москва къалэм щэнхабзэмкIэ и институтым щIыхьэж, къэфакIуэ бэлыхь къыпхэкIынущ», — жери зыкъысхуигъэзат къэфакIуэ цIэрыIуэм.
Илъэс 18 нэхъ сымыхъуми, абы жэуап тэрэз естыжыну апщыгъуэм акъыл къыскъуэкIат.
«Илъэс 30-м сынэсмэ, сценэм сытевгъэкIыжынущ, сурэтыщIыр дунейм ехыжыхукIэ и лъэщапIэм щIэсу и Iэмэпсымэр и Iэм IэщIэлъу лэжьэфынущ» жесIауэ щытащ, — игу къегъэкIыж Еутыхым.
А зэрыжиIами текIакъым. ИлъэсищкIэ къафэмрэ сурэтыщI IэщIагъэмрэ зэдихьри, художественнэ творчествэр къыхихащ. ИкIи зэи щIегъуэжакъым. И дэтхэнэ къыщIэдзэныгъэри къыдеIыгъ и щхьэгъусэ Руслан. ИкIи махуэ къэси гупсысэщIэхэр къызэрыхуэушым папщIэ, гушыIэу къреIуэтылIэ псэухукIэ илэжьын куэд иджыри зэриIэр.
Ася проектыщIэ бжыгъэ зэдехь. Нэхъ зытелэжьыхьыр Мейкъуапэ и щIыпIэкIуапIэхэм куэд мыщIэу къахыхьэну, уардэунэм и гупэм къыщыувыну «Дыщэ жыгращ». Метри 8 зи лъагагъ
ухуэныгъэ щэджащэр цIыху лъапIэныгъэр зыхъумэу, унагъуэщIэ къэгъэщIыным и дамыгъэу щытынущ. КъинэмыщIауэ, мастерым и лъэщапIэм хьэпшып 20-м нэс къригъэжьауэ зэделэжь, ювелир жыпхъэм иту килограмм 50 зи хьэлъагъ тахътэ къегъэщI.
Еутыхым къыхегъэщ хьэпшыпхэм я нэхъыбэм цIыху псоми я зэхуэдэ лъапIэныгъэр зэрыхилъхьэр.
— Уардэ унэркъыщедгъэжьам куэдым я фIэщ хъутэкъым зэнэдгъэсыну. Жэщи-махуи мыбдежым щыдгъакIуэт. Ар зэрытхузэфIэкIамкIэ ди щэнхабзэм хэлъхьэныгъэфI хуэтщIауэ солъытэ.
Нобэ республикэм къеблагъэ хьэщIэхэр къыдокIуалIэ, уэшхми, жьыбгъэми цIыху ди
куэдщ. ЦIыхум гъуазджэм апхуэдизу зыхуиший хъуауэ пIэрэ, жызигъыIэу згъэщIагъуэу.
Ди унэм псэ щIэтщ, цIыху кIуапIэу щытщ. Музейм ещхь мыхъуным папщIэ, тщIэ псоми
гупсысэшхуэ хыдолъхьэ. Куэд щIакъым нысэ зэрыщIедгъэшрэ, апхуэдэу къэлъаIуэхэри
нэхъыбэ мэхъу, — жеIэ Ася. Еутыхым дунейр зэрилъагъур зыми хуэбгъадэ мыхъунщ. И
творческэ лъагъуэм и кIыхьагъкIэ ирокIуэ адыгэ дунейм и щэнхабзэр, тхыдэр. Зыми емыщхьу гъуазджэм и IэмалкIэ ахэр утыку кърелъхьэжыф. А псори абы щIыхузэфIэкIыр,
лъэзыгъэкIыр бгъэдэлъ зэчиймрэ и лъэпкъым хуиIэ фIылъагъуныгъэмрэщ.
АСЛЪЭНЫКЪУЭ-ХЬЭТАЙ Мадинэ