Нэрылъагъущ иужьрей илъэсхэм Адыгэ Республикэм щIэгъэхуэбжьауэ туризмэм зэрызыщиужьыр, зыгъэпсэхуакIуэхэм я бжыгъэм гъэ къэскIи зэрыхэхъуэр. Зэры-Урысейуэ цIэрыIуэ щыхъуа «Адыгэ кхъуейм» и фестивалым мы гъэм зэхуишэсащ цIыху мин 50-м нэс. Апхуэдэ зэхьэзэхуэхэм къанэмыщIауэ, республикэм нэгузыужь щIыпIэу иIэр куэдыкIейщ, узэплъынымрэ бгъэщIэгъуэнымрэ бжыгъэншэщ. АдэкIи республикэм туризмэр нэхъри зэрыщрагъэфIэкIуэн проект щэджащэхэр яубзыхуагъэххэщ: илъэс псом зэпымыууэ лэжьэну «Лагонаки» бгылъэрыжэ экокурортыр ухуэныр, лъэпкъ утыкухэмрэ лъэщапIэхэмрэ здыдэт этнопаркыр къызэгъэпэщыныр…
Турист лъагъуэм дытету
ЗекIуэ, бгырыкIуэ гъуэгур зэрысфIэфIым къыхэкIкIэ, Адыгейм и щIыуэпсыр зэзгъэлъытын, зэзгъэпщэн сиIэщ. Арами, мы щIыналъэм сыкъызэрихьэу къызгурыIуащ, адыгэ
хэгъуэгум езым и къызэрымыкIуэ дахагъ зэрихъумэр, зыми ямыщхь теплъэхэр бгыхэм зэраIэр, зыми яхуомыгъэдэфын адыгэмэ мыбдежым къызэрыщыур…
АтIэ, мы хэгъуэгум дыкъезыгъэблэгъа ди лэжьэгъухэм турист-бгырыкIуэ лъагъуэм дытрашащ. Ди лэжьыгъэ программэм тегъэчынауэ зэрыбгъэдыхьар наIуэ тщыхъуащ япэу дызрашэлIа щIыпIэр зэрытлъагъуу. БгырыкIуэхэмрэ экстремальнэ зыгъэпсэхукIэм дихьэх туристхэмрэ куэду къызэкIуалIэщ ар — «Мыщэкъуэ» зи фIэщыгъэцIэ, бгыщхьэм къыщызэра гъэпэща экстрим-паркыр.
«Мыщэкъуэ»-м ди хахуагъэр егъэунэху
Мы махуэхэм гъусэ пэжу къытщIыгъу, «Адыгэ макъ»-м и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ Тэу Замирэрэ газетым и журналист Анчокъуэ Иринэрэ нэIуасэ дыхуащI мы ухуэныгъэхэр къызэзыгъэпэща зэкъуэш Бэрзэджхэм я нэхъыжь Артур. Спортым хуэIэижь щIалэ Iэчлъэ-
чым дыщигъэгъуэзащ паркым хэт, туристхэр къызэрахьэху зыгъэпсэхукIэ Iэмалхэм. Илъэс 13 хъуауэ Муратрэ Артуррэ ягъэлажьэ экстрим-паркым Урысейм и дэнэ Iэхэлъахи къикIхэр къокIуалIэ, дэнэ щIыпIи къыщацIыху. ЖытIэнщи, иджырей туристыр щIэщыгъуэ гуэркIэ къэпхьэхуныр тыншкъым. ЩIалэхэм адрей хэгъуэгухэми зрапщытащ, фIы здыщалъэгъуами щапхъэ къыхахащ, щIэщы-
гъуэ куэди я лэжьыгъэм къыхалъхьащ. АтIэ, япэу дызыбгъэдаша, гъущIкIэ щIа, къуршыщхьэм тет «уафэгу хъыринэр» Дагъыстаным деж щалъэгъуа нэужь, езыхэми яухуащ, икIи щIегъуэжакъым, ар туристхэм занщIэу фIыуэ ялъэгъуащ. «Iуащхьэмахуэ дэкIа пщащэри къытщIыгъущ, дыкъеплъынщ ди лъагапIэхэр къызэрыщыхъур!» — къытпэщылъ гъуэгур зэрышынагъуэр къыдгуригъаIуэу, Замирэ си дежкIэ зыкъегъазэри, Артур нэIуасэ сыхуещI. ЩIыпIэм щытлъагъур гъэщIэгъуэн тщохъу: ипэкIэ зи гугъу тщIа, бгыщхьэм щхьэщыт «уафэгу хъыринэр»; къуршитIым я зэхуакум цIыхур пыщIауэ зэрыраш кIапсэр; «бгырысым и лъагъуэ» жыхуиIэр. Къытпэщылъ Iуэхугъуэхэм куууэ зэрыхэзмыщIыкIым си псэр егъэгузавэ. Зэпсэлъэныгъэ-зыплъыхьакIуэ къытщыхъуа гъуэгур нэгъуэщIу къытхущIокI. АтIэ, хэгъэрейхэм я мурадыр нэгъуэщIт — туристым зыхищIэ щытыкIэу хъуар журналиститIми ди IэпкълъэпкъкIэ зыхэтщIэн хуейт. «Адыгэ макъ»-м и социальнэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ хэгъуэгуищым щыпсэухэр къыткIэлъоплъ, дызытеува турист лъагъуэр зэрыткIунур яфIэгъэщIэгъуэнщ псоми. АтIэ, журналистхэм уахэтыныр Iуэхушхуэщ — асыхьэтым псори нэIурыт ящI! Метри 100-м нэс зи лъагагъ къуршым щхьэщыт «уафэгу хъыринэм» и инагъми, зытет лъагапIэми уи псэр егъэкIэзыз. Гъуэгуэгъу схуэхъуа НэщIэпыджэ Замирэ, узэреплъымкIэ, бзылъхугъэ гу щабэщ, «уэркъ пщащэ» ауэ сытми фIэтщакъым. Ауэ, дызыпэрыува Iуэху мыпсынщIэм къигъэлъэ гъуащ абы псэ къару лъэщ зэрыхэлъыр, зэрыпхуимыгъэкIуэтынур. Замирэ япэу хъыринэм йотIысхьэ. КIапсэхэмкIэ фIащIэ, тетIысхьэпIэм ирапхыхь. КIэщIэрыIэурэ хъыринэ хьэлъэр ирагъажьэ. Нэпкъым епкIэ, уафэгум
ихьэ ди лэжьэгъум уеплъмэ, уи псэр зэщIеIэтэ — къуршыщхьэм щыхуарзэ бзум хуэдэу уафэгум нэс дреIэтей… Ауэ езыр мэгуфIэ, къыдопсалъэ. Сэри срегъэхъуапсэ. Си чэзури къосри, сэри си лъапэкIэ адыгей уафэгум силъатэ къысщыхъуу, дакъикъитIыр блолъэт. Сигу къокIыж парашютымкIэ сыкъыщелъам си гум щыхъа щытыкIэр. АтIэ, абдеж уи гур зэриIэтым, уи псэр зэрыпIэпихым зыкIи
къыкIэрыхукъым Адыгейм и «уафэгу хъыринэри». — Ди лэжьыгъэм деж нэхъыщхьэр цIыхум и шынагъуэншагъэр тэмэму къызэдгъэпэщынращ. Абы ехьэлIауэ мы иужьрей илъэсхэм куэд зэфIэд-
гъэкIащ. Щапхъэ къатетхащ а лъэныкъуэмкIэ зыужьыныгъэ зыгъуэта, туризм лъагъуэхэр зыухуахэм я бгъэдыхьэкIэхэм, — къыддогуашэ Артур. Артуррэ Муратрэ я псэр етауэ зыхуэлажьэ Iуэхум республикэм кърешалIэ зыгъэпсэхуакIуэ куэд. Апхуэдэу, «Мыщэкъуэ»-м лэжьэн зэрыригъажьэрэ турист мини 8-м щIигъу щыIагъэххэщ, абыхэм я бжыгъэри илъэс къэскIи нэхъыбэ мэхъу, къы-
тезыгъэзэжхэри куэдщ. Туристым и пабгъэныгъэр нэхъыбэ щыхъукIэ, абы Iэмал имыIэу экстрим-паркым и къэухьми нэхъри зрегъэубгъу. АтIэ, дызытета лъагапIэм къыпэщыт къуршыбгым нэс кIапсэ ишащ. Ар узыфIэмыкIыжыну шынагъуэу зэрыщытым игъэхъуапсэу куэд къокIуалIэ. Туристхэм нэхъ яфIэфI хъуахэми ящыщщ «бгырыс лъагъуэ» екIуэкIыпIэри. Иужьрейм дэри дытету дрикIуэныр
пщэрылъ тхуащIахэм ящыщт. Иринэ ди пашэу а лъагъуэм зыр-зым и ужьым диту, къуршыбгым дыкIэрыту дрокIуэ. Блын джабэм бгъурыту иша гъущI кIапсэм дыпыщIащ. Ди лъащIэкIэ уеп-
лъыхмэ, уи псэр пIэпех, къуэм и лъэныкъуитIри мэзылъэ задэщ, метр 70 лъагапIэм дыщхьэщытщ, метр 250-рэ зи кIыхьагъ гъуэгур къытпэщылъщ. ЩIыпIэм и дахагъымрэ дыкъэзыухъуреихь мэзылъэ бгыхэмрэ я теплъэм уи гур зэщIаIэтэ. А псоми ущыхэплъэкIэ, шынэм уеутIыпщыж. «Бгырысым
и лъагъуэ»-р тлъагъун закъуэу щымыту, Замирэрэ сэрэ ди насып къихьащ абы дрикIуэну!
«Хьэджэхъу зэвыпIэ»
АдэкIэ, ди гъуэгур зыхуэунэтIа «Хьэджэхъу зэвыпIэ»-м (Хаджохская теснина) дашэ. Ди гупыр тIэкIу ешами, тлъагъур ди щIэщыгъуэщи, зыхуэдгъэдэн дымыщIэу дызэдогуашэ. Мы Iэгъуэблагъэм гум къинэж теплъэгъуэ дахэхэр щыкуэдщ. Къуршыбгхэм я теплъэкIэ зыми ящхькъым. Илъэс мел-
уан бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжмэ мы къуэм тенджызышхуэ зэрыдэтар уи нэгу къыщIагъыхьэу, мыващхьэхэр гъэщIэгъуэну гъэджэфауэ щытщ. Абыхэм уащыIуплъэкIэ псы щIагъым ущIэт
къыпщагъэхъу. Мывэшхуэхэм я зэхуакум Щхьэгуащэ (Белая) псыр километркIэ щожэх, зиудэу, зигъэбзаджэу, къурш мывэхэр игъэпсалъэу. Къуэм къыдэжа нэужьи, Мейкъуапэ къалэм
зэрыхуэкIуэжынум хуэдэу щым зещIыж, мэбэяужри хуэму йожэх.
Иринэ мы щIыпIэхэм куэдрэ къокIуэ, дэнэ деж нэхъ дахэми къыбжиIэфынущ. Абы дешэ Хьэджэхъу зэвыпIэм нэхъ дэдзеяуэ иIэ дыхьэпIэм. Iу зэв цIыкIум дыдыхьа иужь ди нэгум къыщIэувэ теплъэгъуэр дахащэщ — псы Iуфэм зыщызыукъуэдия тафэр къэухъуреихьащ къуршыбгхэмкIэ. ИпэкIэ уплъэмэ, къуршитIым я щхьэр зэрахьэлIауэ, щыму щIэж Щхьэгуащэ псым хэплъэм хуэдэщ, гъуэгу тригъыхьэм ещхьу кIэлъоплъ. ЩIыпIэр къызэрымыкIуэу щымщ, зы щэху гуэр ихъумэ хуэдэщ.
Рыфыбг псыкъелъэхэр
АдэкIэ, ди махуэр зэрагъэпса турист лъагъуэм дрокIуэ. «Рыфыбг» псыкъелъэхэм дыкIуэну зыдогъэхьэзыр. ДыкъыздэувыIэ щIыпIэм, зыгъэпсэхупIэ шхапIэ комплексым и гугъу къы-
тхуащI. Республикэм и этническэ туризмэм лъабжьэ хуэзыгъэтIылъа, лъэпкъым псэемыблэжу хуэлэжьа Быбэ Мурат (Тхьэм жэнэт кърит) иухуа щIыпIэщ мыр. Илъэс зыбжанэ хъуауэ къуэш хэгъуэгуищым я щIалэгъуалэр жыджэру зыхэт этнолагерыр мыбдеж къыщызэрагъэпэщ.
Къыхэгъэщыпхъэщ, мы цIыхушхуэм Рыфыбг псыкъелъэхэм мыхьэнэ иратыным, турист лъагъуэхэр гъэтэрэзыным къинэмыщIауэ, адыгэ лъэпкъым къыдекIуэкI фIыгъуэхэр хъумэным, къэIэтыжыным, хабзэм цIыхур дегъэхьэхыным хуэунэтIа проект куэд къызэрызэригъэпэщар. Абы иухуащ,
икIи яхухихащ лIакъуэхэм я жыгхэр здыхасэну щIыпIэхэр, «адыгэ кхъужьым», «хьэлывэм», «кхъуейм» я Махуэхэр гъэлъэпIэныр къригъэжьащ. Гъуэгуанэ етшэжьам дрикIуэхукIэ, зэкъым а цIыхушхуэм иджыри и цIэр фIыкIэ зэрызэхэтхар. Рыфыбг бгым къежьапIэ хуэхъу, Щхьэгуащэ и зы къуэпсу къежьэ Рыфыбг псым къегъэщI псыкъелъэ дахащэхэр. ЗэрыжаIэмкIэ, гъатхэ пIалъэм, псыр щыуэрым, абыхэм я теплъэр нэхъ телъыджэж мэхъу. Сигу къокIыж, иджыри сыстуденту мыбы сызэрыщыIар. АтIэ, илъэс 20-кIэ узэIэбэкIыжмэ, сызыщIэкIа мэзыр, сызрикIуа лъагъуэхэр, уеблэмэ дызытеувэу дыкъызэпкIэжа мывэшхуэхэр си нэгу къыщIэувэжащ. Си гур мэгуфIэ апхуэдиз пIалъэ текIами, мы щIыпIэхэм иджыри цIыхур зэмыIуса теплъэр иIэу зэрахъумэфар… Тэу Замирэ еша пэтми, псыкъелъэхэм дыкърешэкI: «Мыр — «Шум» жыхуиIэращ, етIуанэр «Каскадный», «Сердце Руфабго»…
Къэдгъэзэжыни хуейщ, жэщ къыттехъуэнкIи шынагъуэщ. Арами, хъыджэбзищым здэдыунэтIа «Девичья коса» псыкъелъэм дынэмысу къэдгъэзэжкъым. Абыхэм дыхуэкIуэхукIэ, дарихьэлIащ турист куэдым — Таганрог къикIа студент гупышхуэм, Москва, Ростов щыщ, унагъуэкIэ зыплъыхьакIуэ къэкIуахэм.
Мы махуэм ди нэгу щIэкIам, зэхэтхам, дауэми, гуимыкIыж тщигъэхъуащ, ди псэм фIыуэ илъэгъуа,
Адыгеймрэ абы и щIыпIэ дахэхэмрэ. Зы гупсысэми сызэщIеIэтэ — мы адыгэжь къуршхэм яхъумэфа тхыдэм дыкъыщIотэджыкI зэманыщIэм къигъэхъу, иджырей адыгэхэр. Дэ абыхэм дащыщщ!
Ди псэр яхэтщ мы бгыхэм, псыхъуэхэм, мэзхэм, къуршхэм. Аращ ахэр апхуэдизу щIызыхэтщIэр!
Аслъэныкъуэ-Хьэтай Мадинэ