СВО-р щIидзэным щхьэусыгъуэ хуэхъуам куэдрэ щыщIэупщIэ къохъу цIыхухэр. Абы и жэуапыр зэрытлъэкIкIэ, кIэщIу зэпкърытхыу гурыIуэгъуэ тхуэщIмэ, ди гуапэщ. Иджырей политикэ щытыкIэм уеплъмэ, СВО-р ар КъухьэпIэ зэкъуэувар Урысейм и лъэр щIэудыныр, къэралыр «нэхъ даIуэ» Президентым IэщIэлъхьэныр зи лъабжьэ зауэщ.
Украинэмрэ Урысеймрэ зэщыхъуэныр дыгъуасэ къежьакъым. АтIэ, илъэс бжыгъэкIэ украинцхэр нацизмэмрэ русофобиемрэ пропагандэ IэмалкIэ зэщIацIэлащ. Абы и гущIыIужым IэщэкIэ къызэрагъэпэщащ, зауэ, диверсие зэрегъэкIуэкIыпхъэ Iэмалхэм хурагъэсащ. КъинэмыщIауэ, Донбасс щыпсэу цIыхухэр ягъэпсэутэкъым, Украинэм и Президент хъуа Зеленский къэралыр НАТО-м хигъэхьэну жиIэ зэпытт, США-м Украинэм и Iэхэлъахэм биолабораторэ бжыгъэ щиIэт, нэгъуэщI щхьэусыгъуэ, щытыкIэ куэди щыIэт.
ЖыIэпхъэщи, СВО-р егъэкIуэкIын щыщIадза япэ мазэхэм къриубыдэу ди зауэлIхэм къаIэщIыхьа дэфтэрхэм итт 2022 гъэм «Азов» полкым Мариуполь лъэныкъуэмкIэ кIуатэурэ УФ-м и гъунапкъэхэм къекIуэлIэн зэрыхуейр. ЗэрыхъумкIэ, СВО-м щIадзэри, украинцхэмрэ абыхэм я унафэщIхэмрэ я мурадхэр зэхэкъута хъуащ. СВО-р ди къэралым иримыгъэжьамэ, зауэр абы щхьэкIэ щIимыдзэу къэнэнутэкъым, ауэ Урысейр апщыгъуэм щытыкIэ нэхъ Iей иувэнут.
А псом игущIыIужым лIыгъэрэ хахуагъэрэ здызэрахьа зауэм къинэмыщIауэ, ди къэралым информационнэ зауи къращIылIэ.
НобэкIэ, зауэр иджыри екIуэкI пэтми, дунейм США-мрэ Великобританиемрэ я закъуэу зэрыщымытепщэжыр гурыIуэгъуэ хъуащ. КъинэмыщIауэ, США-мрэ Европэмрэ Урысейр, Китайр, нэгъуэщI къэралхэр (Африкэм щыщ куэд, абыхэм Хьэрып къэралхэри яхэту) жэуэ пэщIэуващ.
А псори къызыгурыIуэ, зи нэкIэ къэхъур зылъагъу ди лъэпкъэгъу, ди хэкъуэгъу щIалэ мымащIэ щыIэщ. Ахэр я хэкупсагъэм, яхэлъ лIыгъэм, яхэт лъы пщтырым я Iыхьлыхэр, я хэкур яхъумэжыну ирахужьэ. Дауэ щIыи, сыт хуэдэ Iуэхушухэри, политикэри, зауэри, зыгъэкIуатэри, текIуэныгъэр къэзылъэщри, зэхэуэм хэт лIы хахуэхэращ. Абы я псэемыблэжыныгъэращ фэрэ дэрэ ди жейр зыхъумэр, дыкъэхэмыщтыкIыу нэху дыкъекIын зи къаруи, зи пси хэзылъхьэхэр.
Апхуэдэ зы лIыхъужь хахуэм, зи псэм щымысхьам мы тхыгъэмкIэ щыгъуазэ фыхуэтщIыну мурад тщIащ. 2022 гъэм накъыгъэм (майм) и 24-м Украинэм щекIуэкI зауэ операцэ хэхам ипкъ иту ЛНР-м деж и дунейр ихъуэжащ ВакIуэ-Жылэ къуажэм и къуэ пажэ, хэкупсагъэр къызэбэкIыу щыта, лIыгъэ зэрихьэу зауэм хэта Быдж Казбек Исуф и къуэм. А хъыбар гуауэм щIалэр къызыхэкIа унагъуэм, лъэпкъым я мызакъуэу, зэрыкъуажу игъэщыгъуащ…