Псыжь щыщ Чикатуев Руслан КъЧР-м икІыу СВО-м япэу хыхьахэм ящыщщ. Ар илъэситІым зэрынэхьэсу хэтащ «дзэм и нэ, и тхьэкІумэ» зыхужаІэ дзэ пакІэхэм.
ИджыкІэ Руслан зэхэзекІуэныр уз хьэлъэу къытогуплІэ. Ар зауэлІым игъуэта уІэгъэхэм я джэрпэджэжщ. И лъакъуэм хэлъщ биишэ къутахуэхэр. Арами, ВСУ-м и позицэхэр къихутэнымкІэ и Іуэхухэр икІэм нигъэсыным хуэхьэзырщ.
УФ-м и Президент Путин Владимир и УнафэкІэ Чикатуевым къыхуагъэфэщащ Суворов и медалыр.
Езы зауэлІым зыкъызэриумысыжщи, зауэлІ нагъыщэхэракъым ар щІэзауэр, атІэ, адэшхуэхэмрэ дадэжьхэмрэ я щапхъэм ирикІуэу, нацизмыр лъэрыщІыкІ ищІынращ и гъуазэр.