ХъуэпсапIэр — текIуэныгъэр къэтлъэщынырщ!

Зауэ операцэ хэхар къызэрежьэрэ Кавказым щыпсэу лъэпкъ куэдым къахэкIа щIалэ мымащIэ мы Iуэхугъуэм хыхьащ.Хэти мобилизацэкIэ дашащ, хэти и лэжьыгъэкIэ пэрыхьэн къыхудэхуащ. Ауэ зи гугъу тщIы щIалэхэм я нэхъыбэр езыр-езыру хэгъэзыхь хэмылъу контракткIэ дэкIащ. Дауи, дэтхэнэми дэкIын щIэхъуам щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэр иIэщ. Арами мы щIалэхэр зэщхь зыщIи щыIэщ – дэтхэнэри хэкупсэщ, лIыгъэ зыхэлъщ, зэныбжьэгъугъэмрэ щыпкъагъэмрэ пщIэ хуэзыщIщ.

Мис апхуэдэ ди зы хэкуэгъум, ди лъэпкъэгъум мы тхыгъэмкIэ нэIуасэ фыхуэтщIыну мурад тщIащ. ЛIыхъужьыгъэ зэрихьам къыпэкIуа Жуковым и медалыр зыхуагъэфэща ДыщэкI Аслъэн Едыдж (Эдик) и къуэр бадзэуэгъуэм и 21-м 1976 гъэм Хьэбэз районым хыхьэ Беслъэней къуажэм къыщыхъуащ. ЩIалэм курыт еджапIэр къиухри, ДОСААФ-м водитель IэщIагъэр щызригъэгъуэтащ. Ар зэрызэфIэкIыу дзэм къулыкъу илъэситIкIэ щищIащ икIи старшина нагъыщэри иIэу къэкIуэ­жащ. Зэрыхабзэуи лэжьэн щIидзащ: Ас-лъэн мылицэм и ППС къудамэм хыхьэри, абы илъэси 3-кIэ щылэжьащ. Ауэ езым зэрыжиIэмкIэ, мы лэжьыгъэм зэрытемыгъэпсыхьар къыгурыIуэри, къыхэкIыжауэ щытащ. ИужькIэ лэжьыгъэ зэхуэмыдэхэм пэрытащ, Iуэхуншэу зэи щысакъым.

ЖыIэпхъэщи, Аслъэн и адэ-анэр пасэу щхьэщыкIащ (я хьэдрыхэ фIы ухъу). Езым и ныбжьыр илъэс 23-м итт. Арати, апхуэдэу щIалэу Аслъэн илъэсийкIэ езым нэхърэ нэхъыщIэ и къуэш Руслан шынэхъыжьи, адэ пэлъыти хуэхъуауэ жыпIэ хъунущ.

Арагъэнщ Аслъэн езым теухуауэ тхыгъэ дгъэхьэзырыну дыщыIущIами, зэуэ и къуэш Руслан и гугъу къыщIытхуищIар. Ди псэлъэгъур къуэшым хуогузавэ, абы мазитI хъуауэ пыщIэныгъэ зэрыхуимыIэм папщIэ…

— Зэрызмыдэнур ицIыхути, сыщымыIэу контракт итхри, СВО-м кIуащ. Си къуэш закъуэщ, икIи нэхъыщIэщ… — жеIэ Аслъэн псэкIэ зэрыбампIэр зыхэпщIэу.

Езы лIыхъужьым и гугъу тщIынщи, абы 2022 гъэм фокIадэ мазэм контракт итхауэ щытащ. ИкIи абы лъандэрэ ар СВО-р здыщекIуэкI щIыпIэхэм щыIэщ. ИлъэситIым къриубыдэу Аслъэн щэ уIэгъэ хъуащ: зэм контузие хьэлъэ иIащ, етIуанэм шэр и Iэм пхыкIащ, ещанэм лагъым къэуам къигъэлъея пкъыгъуэ и лъакъуэм хэнащ…

ДыщэкIыр зауэм хыхьа зэрыхъуам те­ухуауэ, фэрыщIыгъэ хэмылъу жеIэ абы щыIэ ди щIалэхэм дэIэпыкъуэгъу яхуэхъун мурадыр зэриIар. Аслъэн и псалъэхэр уи фIэщ мыхъуну щыткъым: ар цIыху гуа­пэщ, щабэщ, гъэсащ.

ДызэрыщигъэгъуэзамкIэ, ар зыхэт гупыр лъэпкъ къызыхэкIакIэ зэщымыщщ. Ауэ дэтхэнэри зэкъуэшым хуэдэу зэхущтщ.

— Сыту жыпIэмэ, абдеж укъызыхэкIа лъэпкъракъым, уиIэ мылъкуракъым нэхъыщхьэр, атIэ лIыгъэу, цIыхугъэу пхэлъращ. Зауэм деж нэгъуэщIщ нэхъыщхьэ хъур, — жеIэ Аслъэн.

Ди псэлъэгъур зэхэуэ куэдым хэтащ, къыпхуэбжынуи къыщIэкIынкъым. Ауэ езым къызэрыхигъэщымкIэ, нэхъ гугъуу щытар япэреитIращ. Ипэхуным псэкIи IэпкълъэпкъкIи къыптохьэлъэ зэхэуэр.

— Шынэр зытебгъакIуэ хъунукъым. Аращ нэхъыщхьэр. Уи пашэу щыт коман­

 дирми куэд елъытащ. Абы лIыгъэ щыхэлъкIэ, акъыл иIэу унафэ щищIкIэ, псори абы йодаIуэ, доплъей, — жеIэ Аслъэн.

Ди зауэлIхэр абы щыпсэухэм щаIущIэкIэ зыкъызэрыхуащIми дыщIэупщIащ.

— Пэжу жысIэнщи, и нэхъыбэм дзыхь яхуэпщIыщэ хъунукъым. Сыту жыпIэмэ, я сабийхэми дэ дыхьэбыршыбыру жраIэурэ къагъэтэдж. Ауэ пэжыр къызыгурыIуэ-хэри щыIэщ, ари гуапэщ, — дыщегъэгъуазэ ди псэлъэгъум.

Мыбдеж къыхэгъэщыпхъэщи, Аслъэн зэрыадыгэ щIалэр, зэрыгъэсар зыщIыпIи пхуэмыхьын, хэмыгъуэщэн щытыкIэщ – абы консерв е нэгъуэщI шхыныгъуэ лей гуэр иIэмэ, зэхэуэхэр екIуэкIми, зыщIыпIи яхуэмыкуэш лIыжь-фызыжьхэм яхуегуэш.

— Псапэщ. Дэнэ абы шхын  къыздра­хынур. Сыт къысхужаIэми, дауэ къызэгупсысми езыхэр хуитыжщ. Сэ сщIэн хуейр сощIэ, — жеIэ Аслъэн.

Беслъэней щIалэм къапэщIэт бийми пщIэ хуэщIыпхъэр хуещI. Абы зэрыжиIэмкIэ, абыхэми унафэ яIэщи, ягъэзащIэ. Ари лIыгъэщ.

— Ауэ гъэру зызытхэри щыIэщ. Абыхэм лей ятхкъым, тыншу тIыгъхэщ. Ауэ пэжыр жыпIэмэ, хамэ зауэлIхэр, наёмникхэр куэдщ. Ахэр лъэпкъкIэ франджыщ, инджылызщ, полякщ, нэгъуэщIхэри яхэтщ. Ахэр занщIу къахыболъагъукI, — къыддогуашэ зауэлIыр.

Ди щIалэхэр СВО-м деж шхын, нэгъуэщI зыхуэныкъуэхэр ди хэгъуэгум щыщ гуп зэхуэмыдэхэм гуманитар дэIэпыкъуныгъэу хурагъашэ хабзэщ, щIэгъэкъуэн зыхуащIын мурадкIэ. Ар зауэлIхэм къазэрыщыхъум   абы зэрегупсысым Аслъэн деупщIащ.

— Пэжщ. Къыднос апхуэдэ посылкэхэр. Ар хуабжьу гуапэ тщохъу: хэку цIыкIум щыщхэм я гум дыкъызэрыкIыр, зауэм Iутхэм папщIэ хъугъуэфIыгъуэхэр зэрызэрагъэпэщар.

Ар сыту гуапэ лэкъум е хьэлывэ адыгэ шхыныгъуэ ашычхэм къыщикIкIэ! Уи къуа-жэ, уи хэку укъыщыхутэжа хуэдэу къыпщохъу…

Псом хуэмыдэу, псэр дахьэх сабийхэм къабгъэдэкI тхыгъэхэм. Абыхэм ди гуапэ дыдэу доджэ. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ апхуэдэ письмо си къуэш Руслан ипхъу цIыкIуми нитхати, ар сэ къысIэщIыхьа хъуащ.

Тхьэм игъэпсэу цIыкIуи, ини, ди республикэм и Iэтащхьэри, Хьэбэз районым и унафэщIри дазэрыщымыгъупщэм пап­щIэ, — жеIэ лIыхъужьым.

Беслъэней къуажэм Аслъэн къыщыпоплъэ и щхьэгъусэмрэ и быниплIымрэ. Ахэр адэм, щхьэгъусэм ирогушхуэ, ироин. ЗауэлIым Iэмал щиIэкIэ унагъуэм теле­фонкIэ закъыпещIэри, ядопсалъэ, ягухэр егъэфI.

ЖыIэпхъэщи, езы Аслъэни СВО-м зэ­рыкIуэр ямыщIэу дэкIауэ щытащ. Абы унагъуэм яжриIат лэжьыгъэ IуэхукIэ нэгъуэщI къалэ кIуэуэ, икIи пэжыр къа­щыжриIар Украинэм щынэсагъэххэращ.

ДыщэкI Аслъэн иджыкIэ мы мазэм и 20-м СВО-мкIэ иунэтIыжынущ. ГъэщIэгъуэныр аракъэ, ар нобэ имыгъэзэжыну хуит къащIами, унэм къэнэнутэкъым.

— Абдеж къэзгъэна щIалэхэр-щэ! Ахэр си къуэшым хуэдэ хъуащ. Куэди хэкIуэ­дащ, къытхэтыжкъым. Къэнахэр дызэрыIыгъщ, зыр зым щIэгъэкъуэн дыхуохъу, ди псэр дзыхь зэхудощI. ИлъэситIкIэ сы­щыIауэ, иджы дауэ къэзгъэнэн ахэр. Ар емыкIукъэ! Иджыпстуи щыIэщ «щхьэ укIуа» къызжезыIэхэр, ауэ сэ сыщIэкIуар IупщIу сощIэ — абдеж къэхъум хуэдэ сэ си хэ­кум къыщыхъуну сыхуейкъым, — мис апхуэдэщ и гупсысэкIэр ди лIыхъужьым.

Аслъэн жеIэ зауэм деж хьэкIэкхъуэкIагъэ мымащIэ узэрырихьэлIэр. Ауэ а щытыкIэм гуапэ щыхъур зыщ: дэ ди зауэлIхэм Iэдэб яIэщ, я цIыху напэр ягъэкIуэд­къым.

— Пэжщ, сэ сызыхэт 34-нэ бгы мото­стрелковэ гупыр щапхъэу къэсхьынщи, абы хэту хъуар икIи лIыхъужьщ, икIи цIыху­гъэшхуэ зыхэлъхэщ. НобэкIэ абы щыIэ щIалэхэм я хъуэпсапIэр зыщ — ТекIуэныгъэр къэтлъэщынращ, зауэм кIэ игъуэтын­ращ! — жеIэ Аслъэн.

ДыщэкI Аслъэни абы и къуэш Руслани Тхьэм къихъумэхэ, узыншэу тIури я унагъуэхэм яхигъэхьэж! Ижь-ижьыж лъандэ­рэ лъэпкъым къыдекIуэкIа хабзэхэр, гъэсэныгъэр, Iэдэбыр — а псори нобэ зауэм Iут ди адыгэ щIалэхэм къагъэлъагъуэ. Тхьэм дэтхэнэри къихъумэ!

ЧЫРБЫЖ Иринэ

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *