Гъуэгу махуэ, Адыгэ Купсэ!
ЩIэблэм я анэдэлъхубзэр фIыуэ егъэлъагъуным хуэунэтIауэ ди щIыналъэм лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI. Шэч хэмылъу, абы и къызэгъэпэщакIуэхэм фIыуэ къагуроIуэ къызыхэкIа лъэпкъым и тхыдэр цIыхухэм ямыщIэмэ, анэдэлъхубзэр яIурымылъмэ, нобэмрэ пщэдеймрэ я зэпыщIэныгъэр зэрызэпычынур, анэм къыбдилъхуа бзэм и дахагъыр хуэмурэ «зэрыткIунур». АтIэ, щIэблэр хэкупсэ-лъэпкъыпсэу, гъэсэныгъэ нэсрэ лъэпкъ хабзэ екIу-хэмрэ яхэлъу къэтэджын папщIэ, адыгэм и щэнхабзэ бейм мыхьэнэшхуэ зэриIэр хэткIи…