«Тхьэм уигъэIуэтэж» жеIэ адыгэм. Ар хуэгъэзащ псэзэпылъхьэпIэ, шынагъуэ, гужьеигъуэ щытыкIэм ихуам, а псори щхьэщыкIыу, тыншу Iуэхугъуэм щытепсэлъыхьыжыфкIэ, и псэр щысабырыжкIэ… Нобэ си гум щыхъэр, псэкIэ зыхэсщIэ щытыкIэр абы изогъэщхь. Iуащхьэмахуэ сызэрыдэкIрэ тхьэмахуитI текIыжащ, спэщIэкIам, слъэгъуам, абы сэбэпу къыхэсхам сытепсэлъыхьыжыну иджы сыхуэхьэзыру солъытэ…
ХъуэпсапIэм лъабжьэ хуэхъуар
«Псори сабиигъуэм дыкъыщожьэ» – жаIэкъэ… АтIэ, уи сабиигъуэм лъабжьэ пхуэхъуам, уи щхьэм ирагъэзэгъа гупсысэм гъащIэ псом узэщIиIэтэу уегъэпсэу. Ар ехьэлIащ гукъэкIыж хьэлъэхэм, гуфIэгъуэ дакъикъэхэм, ауэ пэжыр зыщ… ар упсэухукIэ къыбдогъуэгурыкIуэ. АтIэ, илъэс 40 ныбжьым сынэсын хуейуэ къыщIэкIынт си сабиигъуэ лъандэрэ сиIа хъуэпсапIэр зыIэрызгъэхьэн папщIэ. Ауэ, псоми езым и пIалъэ хэха иIэжщ.
Бгыхэр, щIыуэпсыр, зэрыдунейуэ псэ хьэлэлкIэ, гукъихакIэ фIыуэ зылъагъуу щыта ди адэм сыхуэфэщэным, абы зыдэзгъэхъуным, фIыуэ илъагъу псори дэзгуэшыным сыхущIэкъуащ. АбыкIэ ар арэзы сщIы къысщыхъут. МащIэфащIэт дызэщIыгъуу джабэу, бгы лъагэу, бгъуэнщIагъыу къызэхуэткIухьар, къэхутэныгъэу едгъэкIуэкIар. Ауэ, ди адэр зыхущIэмыхьа, Iуащхьэмахуэ и щыгум дытеувэныр тIуми ди плъапIэт, ди хъуэпсапIэт. Сытригъэгушхуэт: «КIуэ, еплъ плъэкIынум, ауэ уи анэм йомыгъэцIыху… гузэвэнущ», — жиIэт.
Ди адэр къызэрытщхьэщымытыжрэ мы гъэм илъэс 15 мэхъу. Ауэ тIуми зы хъуэпсапIэу диIар — Iуащхьэмахуэ и щыгум иувэныр си гупсысэм зэи хэзгъэкIакъым. СхуэгуэщIмэ, тIуми тщIауэ къэслъытэнут.
ИкIи, мы гъэм абы сыдэкIыныр таучэл щысщIами, ди адэм и псэр зэрысщIыгъуар си фIэщ мэхъу, икIи гузэвэгъуэ щытыкIэ куэдым сыщызыхъумари арауэ къызолъытэ…
Мурадымрэ абы хуэкIуэ гъуэгумрэ
Си псэм хуэсхь «Черкес хэку» газетыр япэу дунейм къызэрытехьэрэ илъэси 100 зэрырикъунур гъэлъэпIэным иужь дихьат. Редакцэм щылажьэхэм а Iуэхугъуэм хуэгъэза ди еплъыкIэр, ди гупсысэхэр зэхэтлъхьащ, тегъэчынауэ, жыджэру Iуэхум дыбгъэдыхьащ. МурадыфIу диIэр куэдщ, жыпIэнурамэ, ди пщэ дэлъщ къызэрымыкIуэ Iуэхугъуэ хьэлъэ. Лъэпкъми, хэгъуэгуми ягу къинэжыну, газетым и илъэси 100-р дгъэлъэпIэну псори дыхуопабгъэ.
Си гум щызгъэфIа хъуэпсапIэр щызгъэзэщIэну пIалъэу сызэжьар мырагъэнт. «Дауэ тщIамэ хъуну, газетым и цIэкIэ Iуащхьэмахуэ дыдэкIмэ!?» Си гупсысэмкIэ гупым садогуашэ, зэдэарэзыуэ махуэщIым и щIыхькIэ дгъэхьэзыр Iуэхугъуэхэми ар хыдогъыхьэ.
«Хэт дызышэнур?», «Сыт къызэрыщIэддзэнур?» къоув упщIэ куэд. Зэи узримыхьэлIа лэжьыгъэм ухэзэгъэныр, ар епшэжьэныр Iуэху псынщIэкъым. Си гум къокIыж Эверест бгым япэ дыдэу дэкIа адыгэ бзылъхугъэ Мэз Каринэ интернет хъымкIэ си ныбжьэгъухэм зэрахэтыр. Хузотх. Си гугъэмкIэ сыдогуашэ. Гуапэу си лъэIум къыпэджэжа ди лъэпкъэгъу бзылъхугъэ хахуэм нэхъри сытрегъэгушхуэ, гъусэ симыIэми гуп зэщIиугъуаемэ, сыхигъэхьэну сыкъегъэгугъэ.
Быдэу тыдоубыдэ мэкъуауэгъуэм (июным) Iуащхьэмахуэ и щыгум дыдэкIыныр. ЗэрызызгъэхьэзырынымкIэ, зэрызызгъэсэнымкIэ Каринэ чэнджэщ къызет. Мазих сиIэт си пщэ ислъхьа Iуэхугъуэ хьэлъэм сыпэрыувэным…
Iэпкълъэпкъыр къэгъэушыныр хьэлъэт
Псэм и хущIэкъуныгъэм и лъэщагъым гъунэ иIэкъым. Ар згъэунэхуныр псом нэхъапэт. Пщэдджыжьым жьыуэ къэтэджыныр зы Iуэху щхьэхуэт, ар хабзэ пхуэхъун хуейт. Уи Iэпкълъэпкъыр зыхуэмейм, зыхуэщхьэхым хэбгъэзыхьынри Iуэху хьэлъэ дыдэщ. Махуэ къэс уи акъылым укъигъэувыIэну хущIокъу «Сытым щхьэкIэ, зы сыхьэт ужеифынущ иджыри!»… Абыи упэщIэтыфын хуейщ.
Каринэ къызихьэлIа чэнджэщым сытету къэжыхьыным щIызодзэ. ЩIымахуэщ. Пщэджыжьым сыхьэтыр 5-м псыхъуэм сыдохьэ. Жэщыкум хуэдэу кIыфIщ, псыхъуэ мэзым къыхэкIиикI, сабий гъы макъым ещхьыркъабзэу зэщIэгуауэ хьэIуцыдзхэм сыкъагъэшынэ… СыкъызэщIоувыIыкIри, содаIуэ ахэр гъунэгъу-жыжьэми. Метр бжыгъэ сыкъэжауэ, макъхэр нэхъ гъунэгъуж къохъу, псыхъуэм сыкъыдожыж. Уэрамым срокIуэ…
Сытуи хьэлъэт япэ лъэбакъуэхэр …. Япэхуным метр 800-м нэхъ къысхуэжыхьтэкъым. Асфальтым къыщыбжыхьыныр хьэлъэу къыщIокI — лъэдийр, лъэгуажьэтесыр, лъапщхьэр… псори мэуз. Мазэ щытекIам, си лъакъуэхэр къызэдэIужтэкъым, «къызэзауэт», селъэшауэт. Мис иджы шынэ си гум къохьэ — си щхьэм теслъхьэжа Iуэхур схуэгъэкъарууну?! Си напэ текIмэ, схуэмыгуэщIмэ…. Ерыщагъыр къыстокIуэ, сызэрыцIыкIурэ ар сыт щыгъуэми си Iэпэгъу пэжщ. АдэкIэ зыгъэсэным пызодзэж.
Пщэдджыжь нэхулъэр нэхъ жьыуэ зэщIич мэхъу, хьэIуцыдзхэм я макъ зэхэсхыжтэкъым, псыхъуэм хуиту къыщызжыхьт иджы. Апхуэдэурэ, мази 4-р кIуащ. Къэжыхьыныр километри 6-10-м нэсхусащ. Семызэшу, сызэтемыувыIэу, си жьы шэкIэм зэпимыуду тыншу иджы сыкъожэ. Гу зылъызотэж абы сызэресэр, щэн зэрысхуэхъур.
Абы адэкIэ си плIэIум хьэлъэ илъу бгым дэкIыныр изогъажьэ. Жьакуэ къуажэм къыпэщыт, Хьэгъундыкъуей къуажапщэм щыщIидзэ, метр 1400-рэ зи лъагагъ Хьэтиикъуэ бгым сыдэкIыну тызоубыдэ. Пщэдджыжьым сыхьэтыр 4-м сежьэмэ и щхьэм нэс сыхьэткIэ сынос. Бгыщхьэм хуэкIуэ джабэхэри лъагэщ, икIи дэгъэзеигъуэщ. Алътмакъым илъ хьэлъагъым махуэ къэс хызогъахъуэ килограмми 5-м щыщIэдзауэ 15-м нэс.
Хьэхэр къыспэуву…
Псори тыншу екIуэкIмэ, абы IэфIагъ щIэлъыжынт?! Апхуэдэ си зы пщэдджыжьым Iуэху гъэщIэгъуэн икIи шынагъуэ сихуащ. ФIыуэ слъэгъуа, пщэдджыжь къэс сызыдэкI Хьэтиикъуэ бгыр иджы сыт щыгъуэми къыспэплъэм хуэдэт. Дунейр щымщ, Iэщыхъуэ-мэлыхъуэхэр къежьакъым. Гъатхэ удзым къыхэушыкI хьэпщхупщхэм мыхъу зыри зэхэпхкъым. СыздыдэкIым къыпызоч губгъуэджэдгын (чабрец), псы пщтыр зэрыт термосым хызодзэ, бгыщхьэм сынэсыху шей сызэрефэнум хузогъэхьэзыр. Ари хабзэ схуэхъуахэм ящыщт. Япэ мэракIуэхэри къызогъуэт. Бгы лъапэ дыдэм кърадзыхыу хатIам ещхьу щыт мывэшхуэм сытотIысхьэри си Жьакуэми, Али-Бэрдыкъуэми сакъыхоплъэ. Дыгъэ къыкъуэкIым и бзийхэм махуэщIэр къызэрагъэушым сыкIэлъоплъ.
Джабэ нэIум Iэщым хаша лъагъуэхэм сытету сыкърожэ. Сыщхьэщохьэ ипэкIэ сымылъэгъуа, къыгуэуа Iуащхьэм. ЖыжьаIуэ сызэрыкIуари къызгуроIуэ. Абы хэту макъи къыщхьэщымыIукIыу си ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ хьэ хужьышхуэ къажэу сыIуоплъээ. Псэущхьэ бзаджэм къызэтемыувыIэу си дежкIэ къеунэтI. «Р-р-ррр», — жысIэурэ согуо. Хьэр къызэщIоувыIэри бэнэн щIедзэ. Къозэуэным хуэдэу и лъакъуэхэр зэщIеувыIыкI, банэхукIэ Iупс къыжьэдэжым хьэм и теплъэр нэхъри шынагъуэ ещI.
«Си щIыб зэрызгъазэу мыбы сишхынущ», — си щхьэм щIыIэу къолъадэ. Километр бжыгъэкIэ къуажэм сыпэжыжьэу джабэм сыкIэрытщ, пщэдджыжь нэмэзщ, си макъ зыми зэхихынукъым. Си Iуэхур зэрымыщIагъуэр дакъикъэ къэс нэхъ IупщIу зыхызощIэ. Сопхъуэ мывэм, згъэшынэну сыпылъщ. Хьэр нэхъри мэбанэ, икIуэткъым. Абы хэту хьэ банэ макъыр нэхъыбэ мэхъу, адрей джабэм къытоувэ хьэм и «къуэшитху». «Мис иджыщ сыщашхыпэнур!» си гур мэкIуэдыпэ.
ДакъикъэкIэ си щхьэм гупсысэ къолъадэ. Е шынэм къыхэкIа ар, е си адэм и псэр гузавэу къызэджа а дакъикъэм…
«ЦIыхум нэхърэ нэхъ лъагэм псэущхьэу хъуар щошынэ» папэ къызжиIэу щыта псалъэхэр си щхьэм къохьэж. СIыгъ башым си пыIэр фIызолъхьэри лъагэу соIэт. «Р-р-р-р» жысIэурэ пыIэр зыфIэлъ башыр согъэкIэрахъуэ, нэхъри дызохьей… Нэхъ спэгъунэгъуу щыт хьэшхуэр йокIуэтыжри джабэм тет хьэхэм яхохьэж. Жыжьэу иджыри абыхэм я банэ макъыр зэхэсхыурэ щIыбкIэ сыкъикIуэтыжурэ джабэ нэпкъым сыкъохыж.
Апхуэдэу джабэр сагъэбгынэн ягугъат хьэбыршыбыр идзыпIэм хэс, хьэкIэкхъуэкIэ хэхъуха хьэ бзаджэхэм. Ауэ иужьрей махуэми, адреижми сыдэкIащ, сыкъикIуэтакъым…
ЗыщысIэтыну пIалъэр къынос
Апхуэдизу сызыпэплъа, зызыхуэзгъэхьэзыра пIалъэр — мэкъуауэгъуэм (июным) и 19-ри къынэсащ. ПсэкIи IэпкълъэпкъкIи сыхуэхьэзыр къысщыхъут къыспэщылъ Iуэхум. Си нэгум щIэтщ сыкъыдэзыгъэкIа унагъуэр, быныр, си анэр. Черкесск къалэм деж сезыгъэжьа, псалъэ гуапэкIэ гуэгу сытезыгъэхьа си ныбжьэгъу пэжхэр, си лэжьэгъухэр.
Къэбэрдей-Бэлъкъэр Республикэм хыхьэ, Чегет жылагъуэм сынос. Гъуэгу жыжьэри зыри къысщымыхъуам хуэдэщ, апхуэдизымкIэ си гурыщIэм щызгъафIэ хъуэпсапIэм гъунэгъу сыхуэхъуащи.
Гупым нэIуасэ зызэхудощI. Нэрыбгитху дохъу. Дыдэзышынур хъыджэбзитIщ — Мэз Каринэрэ Лонель Светэрэщ (бгыщхьэм къыщыдожьэ). Гупым хэтхэм къызэранэкIа спорт IэпщIэлъэпщIагъыр щызэхэсхкIэ, сыкъогузавэ «сакIэлъыщIыхьэну, схузэфIэкIыну пIэрэ?!» Си щхьэм илъ гупсысэхэм нэхъри зэхэзещхъуэн сащI. АтIэ, Калуга щыщ, ди гъусэ зэщхьэгъусэхэм бзылъхугъэр парашюткIэ 750-м нэс къелъащ, псы щIагъым дакъикъи 4-м нэс хьэуагъэншэу щIэтыфщ, метр 28-м нэс зи кууагъ псым зыщIегъэмбрууэф. Абы и щхьэгъусэ Юрэ военнэ къулыкъущIэщ, зауэлIым хэлъ щэн зэтеубыда бгъэдэлъщ, быдэщ. Москва къалэм щыщ Борислав продюсер цIэрыIуэщ, спортым хуабжьу пыщIауэ, бгылъэхэм къежэх зэпытщ. Ди гъусэщ адыгэ щIали — Мэржокъуэ Аслъэн. Ар Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщщ, хьэкумыщIэщ. ЗэрыцIыкIурэ спортым пыщIащ, и адэр я республикэм и спортсмен цIэрыIуэщ, езыр абы и гъэсэну къекIуэкIа щIалэ быдэщ… Сэ — сытворческэ лэжьакIуэщ, си щIыбагъ дэлъыр илъэс ныкъуэкIэ зэрызызгъэхьэзыра пIалъэщ…
Апхуэдэ гупсысэхэм сыхэту, ди пщэрылъхэр къыджаIэ: япэ махуэм метр 3200-рэ зи лъагагъ Шхельга бгым дыдэкIыныр, километр 20-м щIигъу къэткIуныр; етIуанэм зи лъагагъыр метр 3800-рэ хъу Чегет бгыр къызэднэкIыныр.
Мы махуитIым дэтхэнэми и къарум, и Iэпкълъэпкъым хузэфIэкIынур наIуэ къащIащ. Си гур къызэрыгъуэтыжащ: «Садэхъунущ, сакъыкIэрыхунукъым». Тхьэм и шыкуркIэ, зыр-зым дыхуэсакъыжу, щэныншэ-цIыхугъэншэ зыхэлъ къытхэмыту гуп угъурлыуэ дызэрихьэлIат. Япэ махуитIым абыкIэ ди гур сабырыжащ.
ДоунэтI Европэм и бгы лъагэм
МахуитIым Iуащхьэмахуэ зыкъыдигъэлъэгъуакъым. И щхьэщыгум пшэ хьэлъэхэр тегъуэлъхьауэ, темыхъеикIыным хуэдэт. Си жагъуэ хъут. Дунейр зэIыхьэу дыдэмыкIыфмэ, хуиту дыIумыплъэфмэ… АрщхьэкIэ, ди къэувыIэпIэм — метр 3840-рэ лъагапIэм дыщынэсым, къэтлъэгъуащ Iуащхьэмахуэ и дахагъымрэ и телъыджагъэмрэ зихуэдэр!
Уафэ къащхъуэм нэхъри зыхуишиим хуэдэт абы и щхьэкIэхэм. ДыIуоплъэ бгым и ипщэ лъэныкъуэм, дызыхуэкIуэну щыгур IупщIыбзу болъагъу. Къысхуэгъэсыжкъым, иджыщ сыкъыздынэсар щызыхэсщIар.
ЗэманкIэ узэIэбэкIыжмэ, Iуащхьэмахуэ удэкIыныр, дауэми, куэдкIэ нэхъ хьэлъэт. Иджы Iуэхур зыгъэпсынщIэ, тыншыгъуэ куэд щыIэщ. АтIэ, дэ дыкъыздэувыIа «бочкэ»-кIэ зэджэ гъущIым къыхэщIыкIа унэм хуабагъэри щIэтщ, ущопщэфIэф, уздэжеин щыIэщ. Дызэфэн псыр мылылъэхэм къыщыдохь. Езы Iуащхьэмахуэ къыщIэж псым нэхъ IэфI дэнэ ущефэн?! Тпэмыжыжьэу щытщ совет зэман лъандэрэ яухуа, альпинистхэм я къэувыIэпIэу сыт щыгъуи щыта «11-й приют»-р. Ар метр 4200-рэ лъагапIэм тетщ.
«Скалы Пастухова» лъагапIэм
«Скалы Пастухова» жыхуиIэ, метр 4800-рэ лъагапIэм унэсыныр мытыншу къыщIэкIащ. Каринэ къыдгурегъаIуэ Iуащхьэмахуэ и щыгуми дэгъэзеигъуэр апхуэдэу зэрыщытынур. Мыр дгуэщIмэ, адэкIи къызэрыдэмыхьэлъэкIынур къыджеIэ. Абы си гур нэхъыфI къещIыж.
Апхуэдизу гъуэугр къыстехьэлъакъым. Сыщымщ, содэIу си гъусэхэм я щытыкIэм зэрытепсэлъыхьым, къазэрехьэлъэкIым. Сэ жьы согъуэт. Си къарум сыкъегъэгугъэ. Iуащхьэмахуэ и щыгур къызэрыгъунэгъум нэхъри сегъэгушхуэ. КъызгуроIуэ мы щыгум егъэзыгъэкIэ, цIыхур хуэмейуэ зэи зэрынэмысыфынур. Уи псэр хуэпабгъэу абы ухуэкIуэмэ, бгыри къыбдэIэпыкъунущ, уи къарури пхурикъунущ. Ар хьэкъщ.
Ди гур егъэгуфIэ Светэ и хьэ цIыкIу «Балу». И лъапэхэр мыл щIыIэм писыкIми, зыкъыткIэригъэхукъым, тхуигъэзэжкъым, езэшами нэщхъейуэ псоми къытхудоплъей. Абы жэуаплыгъэ псоми худиIэ хуэдэщ. Жыжьэ IукIмэ гузавэу дэтхэнэри абы йогуо.
Иужьрей махуэм зыдгъэпсэхужу, къыкIэлъыкIуэж махуэм июным и 25-рэ жэщым щыгум дыдэкIыныр унафэт. Ауэ а махуэм дунейр къызэрызэIыхьэр къыщащIэм, таучэл дымыщIмэ, Iуащхьэмахуэ дызэрыдэмыкIыжыфынур ди гъуэгугъэлъагъуэхэм къыдгурагъаIуэ.
Псори дезэша пэтми, дызэдэарэзыуэ унафэ къыдохь а жэщым щыгум дыдэкIын хуейуэ. Калуга щыщ щIалэм адэкIэ зэрыхуэмыгуэщIынур къыхелъытэри къонэ.
Жьыуэ догъуэлъыж. Жэщым сыхьэтыр 3-м гъуэгум дытоувэ. Псори щыму щхьэж и гупсысэм хэтщ, догугъэ едгъэжьа гъуэгуанэр узыншэу ткIуну.
Хьэуа здэщымыIэ «Седловина» щIыпIэр
Мы щIыпIэм дыкъынэсыхукIэ ди къарур куэду тщIэкIащ. Ди гъусэ Катя и жеин къокIуэ. Каринэ къыдгурегъаIуэ хьэуар мыбдежым зэрыщымащIэр, уи нэгу зыгуэрхэр къыщIыхьэу (галлюцинация), жьы умыгъуэту зэрыхъур. Хущхъуэ йофэ, япэрейуэ дыкъызэтоувыIэ. Апщыгъуэм сыхьэти 6 хъуауэ дыкIуэххэт.
ДызыIуплъэ, ипэкIэ къытпэщылъ джабэ задэм цIыхухэр лэрыпс зэпыщIам хуэдэу ирокIуэ. Ахэр бгы джабэм къыкIэрощ жьгъейуэ, хэплъагъуэ къудейуэ. Джабэр апхуэдизымкIэ дэгъэзеигъуэщи, дгуэщIам и щхьэжкIэ къытпэщылъым дегъэгужьей. Мыбдежращ япэу шынэ си гум къыщихьар. Согужьей мащIэу. Гупым я гукъыдэжыфIыр нэхъ ехащ, зыри псалъэкъым, хьэуар яхурикъукъым, къарур дакъикъэ къэс нэхъ мащIэщ. Ди гур къиIэтыну пылъщ нэхъ нэжэгужэу къытхэт Борислав. Мэзхэ Карини къэткIуамкIэ къытхуэарэзыщ.
КIапсэкIэ псори дызэпащIэ, ди вакъэхэм «кошки» жыхуаIэ, дзэ папцIэхэр зыIут гъущIхэр кIэщIэтщ, уи лъакъуэр зэблэпхыху ахэр зэфIонэ. Узытет лъагъуэр зы лъакъуэ закъуэ зытехуэ къудейщ. Добакъуэ зы лъэбакъуэм етIуанэр, ещанэр…. ДыкIуэми гъуэгур зи кIыхьагъыр хэмыщI хуэдэщ. Ауэ, уеплъыхмэ, уи щхьэр мэуназэ, метр щэ бжыгъэкIэ лъащIэ здомылъагъу лъагапIэм дыщхьэщытщ. Дыщогугъ гупым къытхэт дэтхэнэми и жэуаплыгъэм. Псори дызэпыщIащ. Уи япэ итми, уи ужь итми ущогугъу, лъагъуэ шынагъуэм тыншу дрикIуэн фIэкIа дыхуейкъым. Зы IэмкIэ уэсым зыхэзыукIэ «ледоруб» Iэмэпсымэр тIыгъщ, етIуанэмкIэ баш папцIэр. Ди лъащIэм уэсыр щопсалъэ, мэскъыскъ… Къытхуэна гъуэгумкIэ сыплъэкъым, иджыри куэд, хьэмэрэ дынэсрэ…
Нэхъ и лъащIэу «Седловина» щIыпIэм къыщына, къыдэмыкIуеифа цIыхухэр зэхэтщ. Таучэл зымыщIахэм, зи Iэпкълъэпкъым, щытыкIэм игъэгузэвахэм ягъэзэж… Си гур ящIоуз абыхэми. Апхуэдиз гъуэгуанэ япэщIэкIауэ, дауэрэ? Ауэ мыбдежым хэгъэзыхь щыIэжкъым, узыншагъэм и шынагъуэншагъэм елъыта Iуэхугъуэ хьэлъэм цIыхур пэроувэ. Езы закъуэращ и щхьэ и унафэ зыщIыжыфынур…
АдэкIэ докIуэ. Гупым къытхэт Аслъэн къохьэлъэкI. И хьэлъагъым, хьэуар зэрыщымыIэр къытохьэлъэ, зыдоIэжьэ. Калуга щыщ Катеринэ зэрымыкIуэжыфым егъэтхьэусыхэ. Зыдагъэгъэпсэху. Ди гъуэгугъэлъагъуэхэр хэти и щытыкIэм къыткIэлъоплъ, дагъэгушхуэ. Сытхьэусыхэкъым, щэхуу си гупсысэхэм сахэтщ. ТIэкIу дыдэ къэнэжам псэкIэ зыхузогъэхьэзыр. Щыгум дыIуоплъэ…
Щыгум
Гупыр зэкIэрымыхуу зыр-зым дожьэ, дызэрызэпха кIапсэхэр зэпытхыжащ, щхьэж езым зэрылъэкIыу мэбакъуэ. Доплъэ… Къэнэжар метр 40-м нэсщ. Лъэбакъуэхэр нэхъри нэхъ хуэм, нэхъ хьэлъэ мэхъу. Щыгур нэхъ дэгъэзеигъуэщ. «Апхуэдизуи удэкIуеин хуэмейми аратэкъэ!» согупсыс. Ауэ тIэкIу дыдэщ къэнэжар.
Гъуэгугъэлъагъуэ Светэ Борислав щIыгъуу япэ докI. СыкъызэщIоувыIэри сожьэ ди ужь къинахэм. Ауэ щыгур къызоджэ. ФIэкIа сайжьэжыфынукъым. СыдокI.
Си нэгу къыщIоувэ теплъэхэмкIэ слъэгъуа, видеокIэ сызэплъа, си пщIыхьхэм хэмыкIа «Эльбрус 5642» зытет, щимэу щIа ухуэныгъэр. И пащхьэ сотIысхьэ. Схуэмыубыда нэпсхэр къысфIожэх. ГуфIэгъуэмрэ гухэхъуэмрэ зэщIэзыIэтэ си гур къипкIыным хуэдэщ. Хэт дэзгуэшын мы си гум щыхъэр?! «Ди Тхьэшхуэ, уи къарукIэ, схузэфIэкIащ!» кIэ зимыIэ, къызэмыдэIу нэпсхэр къожэх.
ИхъуреягъкIэ Iуащхьэмахуэ къатолыдыкI, и лъэгум щIэт, абы щхьэщэ хуэзыщIым хуэдэу къыпщохъу Кавказ тхы телъыджэр. А бгы папцIэшхуэхэр тафэм хуэдэщ Iуащхьэмахуэ еплъытмэ. Европэм, Урысейм щынэхъ лъагэ бгым и щыгум сиувэн схузэфIэкIащ, сэркIэ ар къызэрымыкIуэ насыпщ. Иджы си гъащIэмкIэ сыарэзыщ! А псор си гум щызэрызохьэ!
Гуп цIыкIур щыгум щызэхос, дэтхэнэри мэгуфIэ, IэплIэ зэхуащI. Псори щыгум дыдэкIын тхузэфIокI. Мы дакъикъэм а цIыхухэр нэхъ уи гъунэгъу дыдэхэм яхуэдэщ, и гъащIэми къызэдэхъуа-зэдэгъуэгурыкIуам дарещхьщ. АтIэ, зэи зэрымыщIа, хэгъуэгу зэхуэмыдэхэм къикIа нэрыбгэхэр игъащIэкIи иджы Iуащхьэмахуэ дызэрипхащ. Псоми ди гум щыдгъэфIа Iуэхугъуэ дахэри тхузэфIэкIащ!
Iуащхьэмахуэ къызогъанэ
Уи Iэр, уи лъэр здынэса плъапIэр къохъулIэмэ, абы нэхъыфI сыт щыIэ! Апхуэдэ гуфIэгъуэр ядэбгуэшыну ухуейщ нэхъыфI дыдэу плъагъухэм, псэкIэ уи гъунэгъу дыдэхэм. Ахэр си унагъуэр, къыздалъхуахэр, си ныбжьэгъухэращ.
Си гур къыщIитхъыу, си нэхэр хуеплъэкIыурэ Iуащхьэмахуэ къызогъанэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым сыкъокIыж. Хэт ищIэн мурадыфIхэм иджыри зэ сыкърашэлIэнкIи хъунщ мы щIыпIэ дахэхэм!
ГуфIэгъуэ нэпскIэ къыспожьэ си унагъуэр, сабийхэр, къыздалъхуахэр, си ныбжьэгъухэр. Дэтхэнэми си нэгум щIалъагъуэ хуэдэщ Iуащхьэмахуэ нэгъуэщI цIыху сызэрищIар, гъащIэм и лъапIагъэм и мыхьэнэр щыгум къызэресхьэхар…
СыкъызыхуэкIуэжа си бынищым зы жьэу къызжаIэ: «Дрогушхуэ, псом нэхърэ унэхъыфI анэщ!» Сэри си гум щызогъафIэ, нобэ схузэфIэкIа лъагапIэм дяпэкIи си сабийхэр игъэгушхуэну. АбыхэмкIэ щапхъэ яхуэхъуну согугъэ уи хъуэпсапIэм ухуэкIуэныр дапхуэдизу хьэлъэу щымытми, зэбгъэтIылъэкI зэрымыхъунур, абы узэрыхущIэкъун зэрыхуейр.
АСЛЪЭНЫКЪУЭ (ХЬЭТАЙ) Мадинэ