Хэкур пылъхьэншэу зыхъумэн къуэ щыпкъэхэр диIэщ

Жылагъуэ, псапащIэ, къэрал зэгухьэныгъэ зэхуэмыдэхэр хущIэкъу зэпытщ зауэ операцэ хэхар къызэрежьэрэ лъэпощхьэпохэм пэщIэхуа псоми щIэгъэкъуэн яхуэхъуным. СВО-м хэтхэмрэ я Iыхьлыхэмрэ зыпэщIэхуэ социальнэ, медицинэ, гуманитарнэ, юридическэ, нэгъуэщI лъэпощхьэпохэр IугъэкIуэтын папщIэ къэрлми, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэми я мылъкуи, къаруи куэду халъхьэ.

СВО-м хэтхэм я гъащIэр махуэ къэси псэзэпылъхьэпIэ щитI пIалъэм, абыхэмкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ я Iыхьлыхэм, ныбжьэгъухэм, лэжьэгъухэм, къэралым я дэIэпыкъуныгъэр зыхащIэным. Волонтер щэ мин бжыгъэхэр зэкъуэувауэ Украинэм щыIэ ди щIалэхэм щIэгъэкъуэн, блыгущIэт  зыхуащI. Къэралми яхуигъэкIуапхъэр игъакIуэ пэтми, зауэлIхэм я хэкуэгъухэм абыхэм хурагъэхь щыгъынхэр, зызэрагъэкъабзэ пкъыгъуэхэр, псалъэ гуапэхэр. Иужьрейхэм хьэпшып ирагъэхьхэм нэхърэ я мыхьэнэр ауи нэхъ мащIэкъым.

Дэ, Урысейм щыпсэухэр, Хэкур пылъхьэншэу зыхъумэн къуэ щыкъэхэр зэрагъэсам, Урысейм и зауэлI цIэ лъапIэр пщIэ пылъу зэрызэрахьам папщIэ адэ-анэхэм фIыщIэ псом япэу яхудощI.

Кончев Умар,

 «Абаза» Жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *