Черкесск къалэм и мэр Баскаев Алексей илъэс кIуам илэжьар къипщытэжащ.
Черкесск къалэ Думэм иджыблагъэ зэхуэс яIащ. Абдеж къалэм и мэр Баскаев Алексей 2023 гъэм яхузэфIэкIамрэ ди япэкIэ зэлэжьыну Iуэхугъуэхэмрэ теухуауэ доклад къыщищIащ.
ЗэIущIэм хэтащ КъЧР-м и Правительствэм и тхьэмадэ Аргун Мурат, хабзэхъумэ къулыкъухэм я лIыкIуэхэр, федеральнэ власть къулыкъухэм я щIыпIэ къудамэхэм я унафэщIхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр, нэгъуэщIхэри.
Республикэм и къалащхьэм лъэныкъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ къэрал программэхэр, лъэпкъ проектхэр зэрыщагъэзащIэм къытепсэлъыхьащ мэрыр.
Баскаевым и къэпсэлъэныгъэр къыщIидзащ, мы зэманым нэхъыщхьэу гулъытэ зыхуащI IуэхугъуэмкIэ. Ар, псом япэрауэ, зауэ операцэ хэхам щыIэ зауэлIхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ ядэIэпыкъунращ. Къалэм и мэрием, хьэрычэтыщIэхэм, къалэдэсхэм лъэкI къамыгъанэу ди зауэлIхэм зыхуэныкъуэ куэдымкIэ зэрызыщIагъэкъуэфар къыхигъэщащ, дяпэкIи а лэжьыгъэм гулъытэ зэриIэнур жиIащ.
Къалэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэм щынэсым мэрым къыхигъэщащ социальнэ дэIэпыкъуныгъэ зэхуэмыдэхэмкIэ къалэдэс мин 30-м щIигъу къызэрызэщIаубыдар, къинэмыщIауэ, социальнэ зэгурыIуэныгъэ 243-рэ цIыхухэм зэрыдащIар.
Курыт еджапIэхэмрэ сабий IыгъыпIэхэмрэ социальнэ гъащIэм и зы Iыхьэ нэхъыщхьэщ. Илъэс кIуам къалэм и ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ сабии 150-рэ зыщIэхуэ сабий IыгъыпIэщIэ къыщызэIуахащ.
—Къалэм деж нэхъ цIыкIу дыдэхэм папщIэ сабий ясли 8 щолажьэ. Абыхэм зи ныбжьыр илъэс 1,5-3 -м ит сабий 690-рэ йокIуалIэ. ЦIыкIу 5527-рэ зыщIэхуэн сабий IыгъыпIэу 22-рэ мэлажьэ. Нэхъыщхьэр аращи, сабий IыгъыпIэмкIэ чэзу щыIэжкъым. Ауэ, къыхэгъэщыпхъэщ апхуэдэ IуэхущIапIэ куэдыр зэгъэзэхуэжыныгъэ лэжьыгъэ зэрыхуэныкъуэр. Абы и IуэхукIэ, лэжьэну федеральнэ программэхэм дыхэтынущ, — жиIащ Баскаевым.
УнагъуэщIэхэм псэупIэ ягъэгъуэтынымкIэ, унэщIэхэр щIынымкIэ, нэгъуэщI куэдымкIи зыхуагъэувыжауэ щыта къалэнхэр зэрагъэзэщIэфар къыхэщащ мэрым и докладым. Абы къыдэкIуэу, абы игъэбелджылащ дяпэкIэ зэлэжьыну Iуэхугъуэхэри. Апхуэдэу, къалэм и уэрам километр 12 зэрагъэзэхуэжынущ, зэманым декIуу ахэр къызэрагъэпэщынущ, уэздыгъэхэр, светофорхэр яхъуэжынущ.
2025 гъэм Черкесск къалэмкIэ мыхьэнэ зиIэ бжыгъэщ — ар илъэс 200 ирикъунущ. Абы хуэкIуэу мыхьэнэ зиIэ IуэхугъуэфI куэдым иужь ихьэнущ. Апхуэдэу, КъЧР-м и Iэтащхьэм и унафэкIэ, илъэс 40 хъуауэ зэгъэзэхуэжыныгъэ зыхуэныкъуэ сабий поликлиникэр зыхуей хуагъэзэнущ, щэнхабзэмкIэ Унэр, Гагарин и цIэр зезыхьэ щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ Купсэр, сабий гъуазджэхэмкIэ еджапIэр зэрагъэзэхуэжынущ. КъинэмыщIауэ, 2025 гъэм «Спартак» спортымкIэ Унэри къагъэщIэрэщIэжынущ.
Къалэм нэрылъагъуу игъуэт ефIэкIуэныгъэмкIэ сыт щыгъуи дэIэпыкъуэгъу къахуэхъу КъЧР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рэишиди, хэгъуэгум и Правительствэми фIыщIэ яхуищIащ, республикэм и унафэщIхэм я дэIэпыкъуэгъу хэлъу, Iуэхур адэкIи ирагъэфIэкIуэну зэращыгугъыр къыхигъэщащ.
КъЧР-м и Правительствэм и тхьэмадэ Аргун Мурат Черкесск къалэм и мэрым фIыщIэ хуищIащ, республикэм и зыужьыныгъэм гуащIэу хилъхьэм, федеральнэ, хэгъуэгу программэхэр гъэзэщIэным фIагъ хэлъу зэрыбгъэдыхьэм папщIэ, Черкесск къалэм щалэжьыну Iуэхухэм ехьэлIа къалэнхэри игъэбелджылащ.
—Нобэ Баскаев Алексей къыхигъэща къалэнхэмрэ мурадхэмрэ республикэм зыхуигъэувыжа Iуэхухэми епхащ. А лэжьыгъэхэр муниципальнэ къэхъугъэ къэс щрагъэкIуэкI. Ди къэралым и Президент Путин Владимир къытхуигъэуващ гъэнэIуауэ дызытелэжьыхьын хуей Iуэхугъуэхэр. Псом япэрауэ, ар СВО-м щыIэ зауэлIхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ ядэIэпыкъунращ. Правительствэм щIыгъуу къалэм и мэрми, депутатхэми а къалэн къытхуэувхэр фIагъ хэлъу зэрагъэзащIэм шэч къытесхьэкъым,— жиIащ Аргуным.
КъинэмыщIауэ, Аргун Мурат къыхигъэщащ къалэм илъэс къакIуэм къыпэщылъ махуэщIым фIагъ хэлъу зыхуэгъэхьэзырыным гулъытэ нэс зэрыхуэщIыпхъэр. IуэхущIапIэ нэхъыщхьэхэм и мызакъуэу, къалэм и къызыгъэпэщыкIэр шынагъуэншэу, зэманым декIуу, цIыхухэмкIэ тыншу гъэпсауэ щытыным мыхьэнэ зэриIэр игъэбелджылащ.
БОРЭНЫКЪУЭ Мадинэ
республиканская общественно-политическая газета на черкесском языке