Хэкур хъумэныр — щІыхьщ
Сыт щыгъуэ зэмани пщІэ лейрэ щІыхьрэ зыхуащІщ зауэлІыр, зауэлІ къулыкъур зи гъащІэ гъуэгу, зи Іуэху щІафэ хъуахэр. Абыхэм я цІэм ирапх Хэкум и шынагъуэншагъэр, къарууншэм къыщхьэщыжакІуэ хуэхъуныр, псэ зэпылъхьэпІэ къэралыр, жылагъуэр, цІыху бэр щихуэм дэІэпыкъуэгъу яхуэхъунымкІэ цІыхугъэ лъагэр.Мы зэманым йокІуэкІ гъатхэ къулыкъу дэшы гъуэ кампанэр. Контракт къулыкъу щІэным езыхэм я арэзыныгъэкІэ, я псэ къы хуеджэныгъэкІэ еувалІэр мащІэкъым. Абыхэм я щапхъэм тету, контракт къулыкъум хыхьэнымкІэ гукъыдэж зиІэу, ауэ щытыкІэхэм, социальнэ хуэгъэ кІуэтэныгъэхэм псори щымыгъуэзэнкІэ мэхъу. Ар къыхэтлъытэу, республикэм и военкоматым и дэ ІэпыкъуныгъэкІэ, дыхуейщ ди щІэджыкІакІуэхэр щыд гъэгъуэзэну апхуэдэхэм.Урысейм и цІыхуу щыт дэтхэнэми, илъэс 18-м щегъэжьауэ 60-м нэс зи ныбжь хэм, хуитыныгъи лъэкІыныгъи яІэщ контракткІэ къулыкъу ящІэнымкІэ. Ап хуэдэм тезыубыдам УФм зыхъумэжыныгъэмкІэ и Ми нистерствэм зэгурыІуэны гъэ дищІын хуейщ. Конт ракт къулыкъум и нэхъ мащІэрейуэ зы илъэс пІа лъэ иІэщ. АдэкІэ зэрыпищэ нур — езыр зэрегуакІуэщ.
ИлъэскІэ, нэхъыбэкІэ контракткІэ къулыкъу зыщІэнум улахуэфІи, социаль нэ хуэгъэкІуэтэныгъэ зэхуэмыдэхэри къылъысынущ. Апхуэдэу:
* УФм и Президентым игъэува зэ тыгъуэр — сом мини 195рэ;
* КъЧРм и Іэтащхьэм игъэува зэ тыгъуэр — сом мин 400;
* къулыкъу щищІэну час тым нэса нэужь — «подъем ное пособие»у сом мин 20, нэхъыбэ;
* социальнэ хуэгъэкІуэтэ ныгъэхэмрэ гарантиехэмрэ;
* КъЧРм и Іэтащхьэм игъэува, контракткІэ къулыкъу зыщІэм и унагъуэм папщІэ хэгъуэгу дэІэпыкъу ныгъэ зэхуэмыдэхэр;
* контракт къулыкъущІэм ихь къалэнхэм, и Іэна тІэм елъытауэ мазэ къэс улахуэ — сом мин 210м ще гъэжьауэ 1 мелуаным нэс.
Мыпхуэдэ щытыкІэхэр, контракт къулыкъум тегушхуэхэм ятеухуахэр мащІэкъым. Абыхэм псоми фащыгъуэзэну фыхуеймэ, упщІэ фиІэмэ, захуэвгъазэ 8 (8782) 260461 телефо нымкІэ.
УФм зыхъумэжыныгъэм кІэ и Министерствэм конт ракт къулыкъум теухуа зэгурыІуэныгъэ дэфщІыфы нущ «Госуслуги» порталым кІэ; фызыщыпсэу щІыпІэм щыІэ военнэ комиссариатхэмкІэ; Черкесск къалэм щылажьэ, контракт къулыкъумкІэ пунктымкІэ. Ар щолажьэ мыпхуэдэ хэщІапІэм: Черкесск къалэ, Ком сомольскэ уэрам, 31рэ унэм (республикэ военкомат).