ЩIыхь зыпылъ лэжьыгъэ

КЪЭРЭШЕЙ-ЧЕРКЕС РЕСПУБЛИКЭМ и щ Iалэ куэд зауэ операцэ хэхам хэтщ. Дэтхэнэми лIыхъужьыгъэрэ гуеигъэрэ яхэлъу я къулыкъу пщэрылъхэр ягъэзащIэ, къэрал нагъыщэхэм­кIэ я цIэр къыхагъэщ. Абыхэм яхэтщ кон­тракткIэ СВО-м хыхьахэр, икIи, кIуэ пэтми ап­хуэдэхэм я бжыгъэр нэхъыбэ мэхъу.

— Ди хэгъуэгум щыпсэу щIалэхэр езыхэм я арэзыныгъэкIэ Урысейм и Къару Узэдахэм хо­хьэ. Хэкур хъумэныр, пэжым и телъхьэу щыты­ныр я къалэну къызэралъытэм ар и щыхьэ­тщ. Дзэм къулыкъу щимыщIами, контракткIэ СВО-м хыхьэфынущ. И лъэр быдэу игъэувы­нымкIэ, контракткIэ къулыкъур абыхэм къащ­хьэпэнущ, — жеIэ Черкесск къалэм дэт, кон­тракткIэ къулыкъу зыщIэнухэр къыздыхах пун­ктым и инструктор нэхъыжь Вьюгин Сергей.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, зы илъэскIэ е нэхъыбэкIэ контрактым Iэпэ щIэзыдзым, Урысейм и Президентым игъэува сом мини 195-рэ, Къэрэшей-Черкес Республикэм и Правительствэм къыбгъэдэкIыу сом мин 200 зэ етыгъуэу къратынущ. Абы къыхохьэж частым зэрекIуалIэу сом мин 20 е нэхъыбэ пособэу зэрыхуа­гъэувынур.

КъинэмыщIауэ, контрактникым социальнэ дэIэпыкъуныгъэмрэ льготхэмрэ иIэнущ, пщIэншэу медицинэ кIэлъыплъыныгъэр иригъэкIуэкIыфынущ, коммунальнэ уасэхэр хуагъэмэщIэ­нущ, пщIэншэу я бынхэр ищхьэ еджапIэхэм щIыхьэну лъэкIыныгъэ иIэнущ, н.къ.

Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид и унафэкIэ, контракткIэ къулыкъу зы­щIэхэм я унагъуэхэм хэгъуэгум къыбгъэдэкIыу дэIэпыкъуныгъэхэр ирагъэгъуэтынущ. Абыхэм ящыщ зыщ япэ сабийм папщIэ анэ гъэтIылъыгъэу сом мини 150-р зэрыратыр.

КонтракткIэ къулыкъу зыщIэну хуейхэм, «Госуслуги» порталымкIэ Урысейм зыхъу­мэжыныгъэмкIэ и Министерствэм лъэIу тхылъ хуагъэкIуэфынущ, е здыщыпсэум щыIэ воен­нэ комиссариатым, е контракткIэ къулыкъу зыщIэнухэр къыздыхах пунктым: Черкесск къалэ, Комсомольскэ уэрам, 31.

Ди корр.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *