И къуэшым и къуэ Андрей цIыкIу щIыгъуу Черкесск и ТекIуэныгъэ паркымкIэ блэкIыху къэси, Котляров Анатолий, зы дакъикъэкIэ нэхъ нэмыIэми, мыбдежым къыщоувыIэ, сыту жыпIэмэ, абыкIэ мы щIыпIэр гъащIэ нагъыщэ зиIэ щихъ щIыпIэщ. Абы и адэшхуэхэри, абыхэм я адэжхэри – псори щызэуащ Хэку зауэшхуэм и фронтхэм, уIэгъэ хъуащ.
Хэти и унэм къигъэзэжащ, хэти и хьэдэр хамэщIым къыщинащ. Ахэр зэуащ къэзакъхэм яхуэдэу. Абы и хъыбар Анатолий хуеIуэтэж и къуэшым и къуэм.
—Дадэ Борис жиIэжт: нэхъапэхуным фашистхэр зэрыдудыныр мащIэт, ауэ иужькIэ Iэмал дыхуекIуэри, къызэмыплъэкIыу Берлин нэгъунэ тхужащ, — мэгушыIэ Анатолий.
Езыми къигъэщIэщхъуакъым къызытекIыжахэм я цIэр. Котляров Анатолий яхэтщ КъэрэшейЧеркесым щыщу езыр лъаIуэу япэу Украинэм щекIуэкI зауэ операцэ хэхам контракткIэ кIуахэм. Къигъэнащ и унагъуэри, и лэжьыгъэри, лъэныкъуэ иригъэзащ и гъащIэ зэтегъэпсыхьари. Уэ ТекIуэныгъэшхуэр къэзыхьахэм уакъыщытекIыжакIэ, Хэкум къулыкъу хуэпщIэнымрэ хуомыщIэнымрэ ауэми уахэдэкъым. Аращ Котляровхэ я деж зэрыщытри.
(Тхыгъэм фыщеджэфынущзи №30 газет напэкIуэцIым)