ПщIэ зыхуэсщI си хэкуэгъухэ! Украинэм и мамыр цIыхухэр хъумэным хуэунэтIауэ илъэситI хъуауэ йокIуэкI зауэ операцэ хэхар. Ди урысей зауэлIхэр, КъэрэшейЧеркесым икIахэри яхэту, лIыгъэ яхэлъу йозауэ украинэ неофашистхэм, яхъумэ мамыр цIыхухэм я гъащIэ тыншыр. Дэ, Урысейм и цIыхухэм, пщIэшхуэ яхудощI, япэрауэ, анэхэмрэ адэхэмрэ, Хэкум и хъумакIуэ псэемыблэжхэр, Урысей Федерацэм и зауэлI цIэ лъапIэр лъагэу Iэтауэ зыхь къуэ щыпкъэхэр къызэралъхуам, зэрапIам, зэрагъэсам папщIэ.
Дрогушхуэ, Хэкум и хъумакIуэ хахуэхэр, зауэ операцэ хэхам деж я къалэнхэр зэрахуэфащэу, я напэмрэ я тхьэлъанэмрэ емыпцIыжу, къэрал хьэлэмэтхэм япкъ иту, хьэрычэтрэ псэемыблэжыныгъэрэ къагъэлъагъуэу зыгъэзащIэ апхуэдэ цIыхухэр ди къэралым зэриIэм.
Дэри, зэрыкъэралуи дапоплъэ ди зауэлIхэм, абыхэм ТекIуэныгъэ лъапIэмрэ мамырыгъэмрэ я Iэрылъхьэу къагъэзэжыным.Урысей тхыдэм и дэтхэнэ лъэхъэнэми хуэдэу бийм пэщIэувэну къызэщIэтэджащ Хэкум и хъумакIуэ щыпкъэхэр — сэлэтхэр, офицерхэр, я къэралым и хэкупсэ цIыхухэр!Ди зауэлI лъапIэхэ! Дрогушхуэ фи адэхэмрэ абыхэм я адэжхэмрэ Хэкур, дуней псор яхъумэу къагъэлъэгъуа хахуагъэм фэри зэрыпыфщэм! Ди гум, ди псэм къабгъэдэкIыу дыхуейщ узыншагъэ быдэ фиIэну, илъэс насыпыфIэ куэд къэвгъэщIэну!
КАЗАКОВ Валерий,Урысейм щыпсэу нэгъуейхэм я Федеральнэ лъэпкъщэнхабзэ автономием и совет Нэхъыщхьэм и тхьэмадэ