КЪЭРЭШЕЙЧЕРКЕСЫМ и военком Белобородов Сергей ди хэгъуэгум гъатхэ дэшыгъуэ кампанэр зэрыщрагъэкIуэкIым къахутепсэлъыхьын папщIэ журналистхэр зэхуишэсащ. Фи пащхьэ идолъхьэ упщIэжэуап гъэпсыкIэм иту екIуэкIа зэпсэлъэныгъэ убгъуам кърикIуар.
— Урысейм и цIыхухэм лей ирахын я гугъэу, хамэ къэралхэм я хъыбарегъащIэ Iэмалхэм къулыкъу кампанэм лъэпощхьэпо хуэхъуну зэрыпылъар зэкъым. Мы къытпэплъэ гъатхэ дэшыгъуэми ахэр бэлэрыгъыну къыщIэкIынкъыми, дыхуэхьэзыр дэ абы? Сыт бжьыхьэ дэшыгъуэм къигъэлъэгъуар, зэран къыдэзыхыну пылъахэм ди Iуэху къагъэна? Хъунумэ, дыщыгъэгъуазэ Урысей Федерацэм и хэгъуэгухэм я военнэ комиссариатхэмрэ я зыгъэзащIэ къулыкъу хэмрэ ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм.
— Пэжщ, хъыбар нэпцI къаткIэрэ, урысей жылагъуэр гужьеигъуэ хадзэн зи мурада хамэ къэралхэм дапэщIэту екIуэкIащ бжьыхьэ дэшыгъуэ кампанэр. Интернетым куэду щатхт дзэм хыхьэнухэр зауэ операцэ хэхар здекIуэкI щIыпIэхэм дгъэкIуэну жаIэурэ. Ауэ, бжьыхьэ дэшыгъуэм бжыгъэрэ пэрыуэну хуеяхэм, зыри яхузэфIэкIакъым. Ди щIалэгъуалэр хущIэкъуащ икIи хущIокъу Хэкур хъумэнымкIэ телъ конституцэ къалэныр гъэзэщIэным.
Военкоматым и лэжьакIуэхэр Урысейм и зыгъэзащIэ къулыкъухэмрэ щIыпIэ самоуправленэм и къулыкъухэмрэ ящIыгъуу къызэригъэпэщащ сэлэт сатыр хэувэнухэм я шынагъуэншагъэр, игъуэу зэлъэщIигъыхьащ дэшыным ехьэлIа Iуэхухэр. Дыубзыхуам тету, IэщэкIэ Узэда Къарухэм къулыкъу щащIэну бжьыхьэм едгъэжьащ цIыху 400м нэблагъэ. Дэтхэнэ къулыкъущIэми еттащ махуэ еным щыгъыну фащи, и хьэпшыпхэр зыдилъхьэну къэлътмакъ хэхаи, иIыгъщ банк электроннэ карти. ЩIалэхэр зыхэхуа дзэ пакIэхэм тыншу зэрынэсынум хуэдэу, Iуэхум къыхэтлъытащ урысей авиацэм и кхъухьлъати 8. МафIэгухэмрэ автобусхэмрэкIэ зэбгредгъэшащ къулыкъущIэ 300м щIигъур. КхъухьлъатэкIэ дутIыпщахэр Камчаткэ краймрэ Сахалин областымрэщ здашар.