«Черкес хэку» газетым и хьэщIэщым ди гуапэ дыдэу дыщыIущIащ Адыгэ-Хьэблэ къуажэм щыпсэу унэгуащэм, бзылъхугъэ гуапэм, гушхуэ зыкIуэцIылъым, псэ къабзэ зиIэм. Ар Аслъэныкъуэ Заремэ Мамэтбий ипхъуращ. Гудзакъэ ин зыхэлъ мы бзылъхугъэ гумызагъэм зэригъэпэщ, зэригъэуIу лэжьыгъэм и куэдагъри, и мыхьэнэри, и хьэлъагъри къэлъытэгъуейщ.
Зауэ операцэ хэхар ди къэралым зэрыригъажьэрэ Заремэрэ абы акъылэгъу хуэхъуа ди хэкуэгъухэмрэ контракткIэ, мобилизацэкIэ зауэм кIуа ди щIалэхэм щIэгъэкъуэнышхуэ яхуохъу. Апхуэдэу, езыхэм я гукъэкIкIэ социальнэ зэпыщIэныгъэм «Помощь бойцам из КЧР» гуп къызэрагъэпэщащ, ди зауэлIхэр зыхуэныкъуэхэмкIэ зэрадэIэпыкъунум жэщимахуи хуолажьэхэ.
Заремэ Хьэбэз къуажэм къыщалъхуащ, Гъуэщокъуэхэ япхъущ. Карачаевск къалэм дэт педагогическэ университетыр къиухащ. Урысыбзэмрэ литературэмрэкIэ егъэджакIуэти, АдыгэХьэблэ районым практикэ ягъакIуэри, абдеж унагъуэ щихьащ. Илъэс 13кIэ Садовэ жылагъуэм дэт еджапIэм щригъэджащ.
СВОр къызэрежьэрэ Заремэ абы зэуэ псэкIэ пыщIа хъуащ. Сыту жыпIэмэ, и щIалэр япэ махуэхэм щыщIэдзауэ абы щыIэщ: ар контрактникыу къулыкъу ищIэти, зэуэ дашахэм яхэхуащ. ЗэрыжиIэмкIэ, япэхуным дэкIахэм я хъыбар мазэ бжыгъэкIэ щыIакъым. Нэгум къыщIэгъэхьэгъуейт апщыгъуэм анэгум ишэчар.
Ауэ иужькIэ, мобилизацэкIэ дашахэр щынэсым, зэпыщIэныгъэ яIэ хъуащ: щIалэхэр къэпсалъэт, къатхэт. Апхуэдэу, Iыхьлыхэм хъыбар къаIэрыхьащ щIалэхэр куэдым зэрыхуэныкъуэр.
— Псалъэм папщIэ, си щхьэгъусэмрэ сэрэ мурад тщIащ «буржуйкэ» ди щIалэхэм яхуэдгъэвэну. Си щхьэгъусэм гъущI игъэвэфти, гупсысэ кIыхь дыхэтакъым. ГъущI къэтщыпмэ, ди гъунэгъухэм, Iыхьлыхэм къыт хуахьурэ «буржуйкэ» 15 дгъэващ. Ахэр я закъуэ едмыгъашэу, Iугъуэ зэрыкIын уэнжакъи щIыдгъужыну мурад тщIащ. Ахэр тыкуэным къыщытщэхуну тедубыдащ. Сыщымыуэмэ, си щхьэгъусэр ЭркенЩыхьэрт здэщахуэри, апхуэдизым ирищIэным, ахэр здригъэшэнум тыкуэныр зейхэр щыгъуазэ щищIым, пщIэншэу 15ри къратащ. КъинэмыщIауэ, Iэдэуадэ, джыдэ жыпIэми, абыхэми хуейти ахэри къэтщэхуащ.
Ди къуажэм щыщ Лахъухэ я тыкуэным шхынхэкIхэр къэтщэхунути, ахэри здедгъэхьынум щыгъуазэти, ахъшэ тIахакъым. Апхуэдэу ди япэ хьэлъэр щIалэхэм яхузэдгъэпэщри, едгъэшауэ щытащ, — игу къегъэкIыж Заремэ.
ЩIыIэр зэгуэуа щIалэхэм зэрызагъэхуабэ Iэмэпсымэхэм зэрыщыгуфIыкIар къэIуэтэгъуейщ. Хьэку 15ри нашэсри, нэхъ хуэныкъуэхэм трагуэшат. Аслъэныкъуэхэ я къуэми зэрылъысар хъыбару къаIэрыхьэжащ…
«Помощь бойцам из КЧР» гупыр зэрыхъуам и гугъу пщIымэ, адэанэхэм я гудзакъагъым къыхэкIащ. КонтракткIэ къулыкъу зыщIэ щIалэхэм я адэанэхэри куэд щIауэ зэрыцIыхут, зэпыщIахэт. Арати, СВОр къыщежьэм нэхъ тыншу зэгурыIуэн щхьэкIэ цIыху зытхух нэхъ зэрымыгъэхъуу къызэрехьэжьащ. Ауэ иужькIэ я Iыхьлыхэм, я гъунэгъухэм, нэгъуэщI районхэм, къалэхэм щыпсэухэр я хэкупсагъэкIэ, я гудзакъагъэкIэ гупым и лэжьыгъэм къыхыхьэу щIадзащ. НобэкIэ ахэр цIыху 230м щIегъу, дэтхэнэри, Заремэ зэрыжиIэщи, еш ямыIэу ди зауэлIхэм сэбэп зэрахуэхъунум хущIокъу.
— А гупым лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къахэкIахэр хэтщ. Мыбдеж иджыри зэ уи фIэщ мэхъу лъэпкъ Iей зэрыщымыIэр, атIэ цIыху Iейщ щыIэр, — къыхегъэщ ди псэлъэгъум.
Дыгъэгъазэм и 20м гупыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс ирикъуати, а пIалъэм ехъулIэу, гупым сом мелуани 2,5рэ зэхуахьэсауэ щытащ. АбыкIэ ди зауэлIхэр зыхуэныкъуэхэр хурагъэшащ. Ар ахъшэ къудейуэ. ШхынхэкIхэмрэ, щыгъынхэмрэщэ? Псори зэхэту нобэкIэ мы гупым къыбгъэдэкIыу СВОр здыщекIуэкI щIыпIэм гуманитар хьэлъэу тонн 60м щIигъу ирагъэхьагъэххэщ. Мазэм 34 хьэлъэр зауапIэм Iутхэм хурагъашэ.
— Си телефон номерыр яхэIуащи, сцIыхухэми сымыцIыху щIалэхэми къысхуащI. ЗэрытлъэкIымкIэ псоми дадоIэпыкъу. Ахэри зыгуэрым и сабийщ, ди зэхуэдэщ, зы къалэнщ абдеж щагъэзащIэр, – къыпещэ Заремэ.
Къащэхухэр, цIыхухэм кърахьэлIэхэр зэрырагъашэм и гугъу ищIкIэрэ, мыр жеIэ Заремэ:
— ЩытыкIэ куэд дихуащ. АхъшэкIэ ди гуманитар хьэлъэр щедгъэшаи къытхуихуащ. Ауэ иужькIэ телеграм канал зэпыщIэныгъэм «Dontstopwar» гупым сапэщIэхуащ. Ахэр ныбжьыщIэ дыдэщ. ЦIыху 15 хъуми арат. Ауэ а ныбжьыщIэхэм ящIэмрэ зэрагъэзахуэмрэ балигъ ныбжьыфI зиIэ куэдым яхуэщIэнукъым. Я гумызагъагъкIэ, я хэкупсагъэкIэ СВОм Iут ди щIалэхэм зыщIагъакъуэ: зыхуэныкъуэхэр зэрагъэцIыхури, зэрагъэпэщри хуашэ.
Мис, апхуэдэу, дагурыIуа хъури, а щIалэхэм ди гуманитар хьэлъэр тхуашэ хъуащ. Зэхэуэхэр здыщекIуэкI дыдэм нэс яшэ жытIэми дыщыуэнукъым. Я лэжьэкIэм и щапхъэу жысIэну сыхуейщ машинэфIу, лъапIэу, сыт хуэдэ гъуэгуми тегъэпсыхьа внедорожники 7 зауэм Iут ди щIалэхэм зэрыхурагъэшар. Ар къыщIыхэзгъэщыр аращи, нэхъ пуду нэхъыбэ ирагъэшэфынут. Ауэ «мыпхуэдэ машинэфIхэм ди зауэлIхэм лъэкIыныгъэ кърат псэууэ зэхэуэхэм къыхэкIыжыну» жаIэ.
«Буханкэ»м къеуэмэ, исхэр псори еукI. «Нивэ»р тыншкъым, зауэлI экипировкэр щыпщыгъкIэ, абы къыхэкIыу нэхъ мащIэми нэхъыфIу зэрыхурагъэшэным хущIокъухэ. Мы гупым хэтхэр псори си къуэ хъуащ. Апхуэдэ щIалэгъуалэ нобэ зэрыщыIэр уи псэр зыгъэгуфIэ щытыкIэщ, — дыщегъэгъуазэ гупым я лэжьыгъэм бзылъхугъэ гумызагъэм.
Мы щIалэхэм ящIэм и мыхьэнэр къазэрыгурыIуэр белджылы ящIын папщIэ, Заремэ Урысейм и бзылъхугъэхэм я Союзым КъЧРм щиIэ къудамэм и унафэщI Борлаковэ Маринэ елъэIури, щIалэхэр ди хэгъуэгум кърагъэблагъэри (езыхэр нэгъуэщI хэгъуэгущ зыщыщхэр) фIыщIэ тхылъхэр хуагъэфэщащ.
ИужькIэ, гъатхэпэм и 2м а щIалэхэм «80 лет освобождения Донбасса» медалхэри КПРФм и хэгъуэгу къудамэм и унафэщI Бытдаев Кемал яIэригъэхьащ, я анэхэми апхуэдэ къуэ зэрагъэсам папщIэ фIыщIэ тхылъхэр яхуигъэфэщащ.
— Ар щызэфIэкIым, гукIэ псэкIэ спэгъунэгъу хъуа щIалэхэмрэ я анэхэмрэ АдыгэХьэблэ езгъэблагъэри си акъылэгъухэр сщIыгъуу фIы дыдэу дгъэхьэщIащ, — жеIэ Заремэ.
Зэпсэлъэныгъэм къыдэкIуэу, дыщIэупщIащ фронтым нэхъыбэу хурагъашэмкIэ.
— Пэжыр жысIэнщи, нэхъыбэу дрон, антидрон, монокуляр, тепловизор хуэдэхэращ нэхъ зыхуэныкъуэр. Ауэ унагъуэ ерыскъыми хуабжьу щогуфIыкI. «Передовойм» щыIэхэр пщэфIэфкъым, абы къыхэкIыу лыгъуру е копчёнэу, пхъэщхьэмыщхьэ гъэгъуахэр, шэжыпс кхъуейхэр зэраIэщIэдгъэхьэным дыпылъщ. Нэхъыбэрэ мыкIуэдыну ерыскъыхэращ нэхъ зэтхьэлIэр. НэгъуэщIхэм, пщэфIэну Iэмал зиIэхэм, лы цIынэри, дагъэри, нэгъуэщI ерыскъы гъущэхэри яхудогъашэ.
Зэи лей мыхъур салфеткэ псыIэхэр, «сухой душ» жыхуиIэр, окопэ уэздыгъэхэр, хущхъуэхэращ, — гурыIуэгъуэ тщещI бзылъхугъэм.
Заремэ и гугъу къытхуещI СВОм щыIэ ди щIалэхэм сабийхэм къабгъэдэкIа письмохэр зэрыхурагъэхьми.
— ЛIыгъэ зезыхьэу фронтым Iутхэр гъыуэ плъэгъуа?.. АтIэ, сабийхэм ятха письмохэм къыщеджэкIэ, а щIалэ хахуэхэм я нэпс къафIокIуэ… Сабийхэм ди зауэлIхэм фIыщIэ псалъэхэр хужаIэ, ахэр мамырыгъэм зэрыщIэзэур къазэрыгурыIуэр къыхагъэщ, — жеIэ Заремэ и нэпсыр къыфIекIуэу.