ЦIыхупсэм и беягъыми щапхъэу
«Черкес хэку» газетым и хьэщIэщым ди гуапэ дыдэу дыщыIущIащ Адыгэ-Хьэблэ къуажэм щыпсэу унэгуащэм, бзылъхугъэ гуапэм, гушхуэ зыкIуэцIылъым, псэ къабзэ зиIэм. Ар Аслъэныкъуэ Заремэ Мамэтбий ипхъуращ. Гудзакъэ ин зыхэлъ мы бзылъхугъэ гумызагъэм зэригъэпэщ, зэригъэуIу лэжьыгъэм и куэдагъри, и мыхьэнэри, и хьэлъагъри къэлъытэгъуейщ. Зауэ операцэ хэхар ди къэралым зэрыригъажьэрэ Заремэрэ абы акъылэгъу хуэхъуа ди хэкуэгъухэмрэ контракткIэ, мобилизацэкIэ…